УСАКIУЭ ЛЪЭУЖЬЫФIЭ

Адыгэ литературэм и классик, усакIуэ икIи тхакIуэ, егъэджакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий дунейм зэрехыжрэ илъэс 81-рэ щрикъум ирихьэлIэу, щэкIуэгъуэм и 29-м Налшык къалэм пэкIу щызэхэтащ. Ар къыщызэрагъэпэщащ усакIуэшхуэм и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и пщIантIэм дэт и фэеплъым деж.

- Илъэс 81-рэ мэхъу ЩоджэнцIыкIу Алий дунейм зэрехыжрэ. Куэд къимыгъэщIами, лъэужьыфIэ хъуахэм ящыщщ ар, - жиIащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Тхьэгъэзит Юрэ. - Лъэпкъ тхыдэмрэ литературэмрэ апхуэдэ лъэужь усакIуэм къыщимыгъэнамэ, илъэс 8I-рэ дэкIыжауэ и фэеплъым дыщызэхуэсынтэкъым. УсакIуэшхуэм и лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм лIэщIыгъуэхэр дэкIми ини цIыкIуи зыхуагъэзэнущ, ахэр зэманым поджэж, фIымрэ Iеймрэ, захуагъэмрэ мыхъумыщIагъэмрэ къыщигъэлъэгъуащи.

- Адыгэ литературэм и классик, усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъыр нобэ дигу къыдогъэкIыж. Дэтхэнэ зы цIыхуми хуэдэу, ЩоджэнцIыкIум и дежкIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэр цIыхубэм зэращымыгъупщэрщ, абы и фэеплъыр сыт щыгъуи цIыхухэм ягу зэриилъынурщ. Куэд къимыгъэщIами, тхыгъэ купщIафIэхэр къытхуигъэнащ, цIыхубэм, Хэкум хуэпэжу псэуащ. Алий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ куэдым я щапхъэщ, - жиIащ Беппаев МутIэлип.

ЩоджэнцIыкIум и гъащIэмрэ гуащIэмрэ пэкIум щызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ. Урыс усакIуэхэм я усэ гъэпсыкIэм яжь къыщIихуами лъэпкъ усэ гъэпсыкIэр ихъумэн, абы зригъэужьын хузэфIэкIащ. Алий къыщIэнащ адыгэ литературэм и курых хъуа усэбзэкIэ итха «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, поэмэхэр, усэхэр, и публицистикэ тхыгъэхэр, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Горький Максим, нэгъуэщIхэми я тхыгъэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIахэр. ГъащIэ мащIэ зыхуиуха, зэман гугъум хэпсэукIа Алий уэсят пэлъытэу итха «Налшык» усэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ. Курыт еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж ЩоджэнцIыкIум хьэрыпыбзэр, тыркубзэр, франджыбзэр, эсперантэр ищIэрт. Зи ныбжьыр илъэс 17-м иту лъэпкъ литературэм лъэ быдэкIэ хыхьа ЩоджэнцIыкIу Алий и лэжьыгъэхэр щIэныгъэлIхэм нэсу къахутэну иджыри хунэсакъым. 1941 гъэм усакIуэшхуэр фронтым кIуа нэужь гъэру яубыдащ икIи зауэм и япэ бжьыхьэм Бобруйск щыIэ концлагерым щылIащ.

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэр кърихьэлIахэм усэ къахуеджащ. УсакIуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. ПэкIум щызэхуэсащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, жылагъуэр, ЩоджэнцIыкIухэ я лъэпкъым щыщхэр, и тхыгъэхэм дихьэххэр.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.