СЫТ ПСЕЙХЭМ ЯХЭТЩIЫКIЫР?

ИлъэсыщIэр ауэ къэгъэнауэ, ди хъуреягъыр зыгъэдахэ псейхэр, уэздыгъуейхэр, къызэрыщIэкIымкIэ, жыг нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, ахэр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс мин 300-м нос.

Сыт хуэдэ дуней щытыкIэми зезыгъэзэгъ псей лIэужьыгъуэхэр Китаим къыщыщIэдзауэ ищхъэрэ мылылъэ щIыпIэхэм унэсыху ущрихьэлIэнущ. Псом хуэмыдэу абыхэм яфIэфIщ тхьэмпэ къызыпыкIэ жыг, щхъуантIагъэ куэд щызэхэт икIи цIыхур здынэмыса мэз пхыдзахэр.. Къапщтэмэ, псейхэр илъэс 200 - 300-кIэ мэпсэу.

Уэздыгъейр, зэрыфщIэщи, ди къурш лъапэ мэзхэм щыкуэдщ. Абыи ифIэфIщ тхьэмпэ зыпыт жыг гуэрэнхэм яхэтын, къыщыкI щIыпIэмрэ гъусэ къыхуэхъу жыгхэмрэ «игу къыдыхьэмэ», ар илъэс 600 ныбжьым ебэкъуэфынущ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, псей щхъуантIэхэри, щIыхухэри, уэздыгъейхэри ди мащIэкъым. Иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм къашащ иджыри къэс дызримыхьэлIа секвойя, каури, араукария псей лIэужьыгъуэхэр. Абыхэм уащрохьэлIэ псейхэр щащэ илъэсыщIэ жармыкIэхэм; ахэр занщIэу къэфцIыхунущ къудамэ нэхъыбэ зэратетымрэ я банэ цIыкIухэр нэхъ Iуву зэрызэхэтымкIэ.

 Уэздыгъей лIэужьыгъуэхэм хеубыдэ кедрхэри. Ахэр щыкуэдщ Алыджым, Кипр хытIыгум, Тыркум, Кърымымрэ Кавказымрэ я бгылъэ мэз Iувхэм зэкъуэтIакъуэххэ къыщыщагъуэти къохъу.

Зэман жыжьэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, Налшык паркым и лъэс зекIуапIэхэр ягъэдахэу щытащ пихтэ щхьэпэхъурей лъагэшхуэхэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэралым и зыгъэпсэхупIэхэр зыгъэдахэу щыта а жыг телъыджэхэр ди щIыналъэм щытлъагъужыркъым, Псыхуабэ, Нартсанэ мыхъумэ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.03.2023 - 11:03

Щыпсэуа унэм и блыным

Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым и пэщIэдзэм деж гъубж махуэм цIыху гупыш­хуэ щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт къулыкъущIэхэр, жу­р­налистхэр, Къардэн лъэп­­къым щыщхэр, нэ­гъуэщI­хэри.

24.03.2023 - 09:03

Къашыргъэ Мадинэ и пшыхь

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуа­пIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и япэ профессиональнэ пшынауэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Лъэпкъ творчествэм зэрызригъэужьым папщIэ Урысей Федерацэ

24.03.2023 - 09:03

Сабий тхылъым и тхьэмахуэр ирагъажьэ

Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм гъатхэпэм и 20-м къыщызэIуахащ Сабий тхы­лъым и тхьэмахуэ.

24.03.2023 - 09:03

Джатэм и щIагъи пэжыр щыжыIэ

Адыгэ сэшхуэм япэ ды­дэу щытетхыхьа зэманыр 1625 гъэм хуахь, шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэм теухуауэ Джованни де Лукэ и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуам.

23.03.2023 - 08:52

Узыншагъэр, егъэджэныгъэр...

КIуэкIуэ Казбек яхуэ­защ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэрытхэм.