БЗЫЛЪХУГЪЭ ЖАН

Бзылъхугъэр лъэпкъым и набдзэщ, и нэмысщ, и узыншагъэщ. Ар анэшхуэщ, анэщ, шыпхъущ, щхьэгъусэщ, бынщ, ныбжьэгъущ… Нобэрей гъащIэм абы адэкIи куэд къыпыпщэ хъунущ: лэжьэгъущ, къулыкъущIэщ, егъэджакIуэщ, дохутырщ, хьэрычэтыщIэщ... Республикэм сыт хуэдэ увыпIэ щаубыдырэ бзылъхугъэхэм? Сыт хуэдэ ахэр я цIыху щIыкIэкIэ, IэщIагъэкIэ, зэфIэкIкIэ? Абыхэм теухуауэ депсэлъащ ЦIыхубзхэм я совет Налшык къалэм щыIэм и унафэщI Дыджэш Лидэ.

- Лидэ, дауэ уеплъырэ, сыт хуэдэ увыпIэ республикэм щаIыгъ мы зэманым бзылъхугъэхэм?

-Бзылъхугъэхэр пэрытщ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэ гугъухэм. ИкIи хъарзынэуи йохъулIэ. Ахэр жыджэру хэтщ экономикэми, политикэми, жылагъуэ Iуэхуми. Щапхъэу къэзгъэлъэгъуэнут КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Сэ абы и IуэхущIафэхэм сыщыгъуазэщ, комсомолым зэгъусэу дызэрыхэтам къыхэкIыу. Егоровэ Татьянэ «Илъэсым и бзылъхугъэ» зэпеуэм «Политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр» цIэр къызэрыщыфIащари куэдым и щыхьэтщ.

- Сыт и IуэхущIафэ узиунафэщI советым?

- Ди советым Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къызэрегъэпэщ. «Илъэсым и бзылъхугъэ», «ГъащIэм хуэжыджэр», «Зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэ», «Музэм хуэлажьэ», «Муниципальнэ, къэрал къулыкъулыкъущIэ жыджэр», «ЦIыхугъэ, гущIэгъу» жыпIэми. Мы зэпеуэхэр сэбэп мэхъу цIыхубзхэм зэфIэкI зэраIэр, куэдым зэрыхащIыкIыр наIуэ къэщIынымкIэ. «Унагъуэ зэгурыIуэм ехъулIэныгъэ иIэщ» зэпеуэм цIыхухэр къыхуреджэ псэкIэ ягъунэгъухэм я гуапэ ящIыным, дэчых яхэлъыным. «Бзылъхугъэ узыншэр - лъэпкъым и узыншагъэм и лъабжьэщ», «Бзылъхугъэр сабиигъуэ насыпыфIэм и къежьапIэщ» Iуэхухэм хуэди идогъэкIуэкI. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, дэ едгъэкIуэкI пшыхьхэм, зэIущIэхэм сабий садым кIуэхэр, школакIуэхэр, студентхэр къызэретшалIэр. Сыту жыпIэмэ, щIэблэр гъэсэныр, дахагъэм дегъэхьэхыныр, щапхъэфI егъэлъэгъуныр ди IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ.

Дыхэтауэ щытащ «Бзылъхугъэр къызыхуигъэщIар» и фIэщыгъэу Грознэ къалэм щекIуэкIа конференцым. Ди советым къегъэщIылIащ зы бзылъхугъэ клуб. Абы хэтщ егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, уэрэджыIакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, нэгъуэщIхэри. Клубым къыдогъэблагъэ республикэм ис цIыху цIэрыIуэхэр, щыдогъэкIуэкI пшыхь щIэщыгъуэхэр. Псоми ягу къинэжахэм ящыщщ «Бзылъхугъэ IэдакъэщIэкIхэр» пшыхьыр. Клубым хэтхэр къеджащ икIи тепсэлъыхьащ республикэм и усакIуэхэу Балъкъэр Фоусэт, Зумакуловэ Танзиля, Къэшэж Иннэ, Къаныкъуэ Заринэ, Моттаевэ Светланэ сымэ я усэхэм. «Лъагъуныгъэм и телъыджагъым дытевгъэпсэлъыхь» пшыхьыр къызэдгъэпэщауэ щытащ Омар Хаям, Тютчев Федор, Асадов Эдуард сымэ я тхыгъэхэр и лъабжьэу. Ар тедухуат бзылъхугъэхэм я махуэм. «Макъамэ куэщIым» зыфIэтща пшыхьым къедгъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэр Макъамэ театрым и лэжьакIуэхэу Дау Марьянэрэ Таукеновэ Галинэрэ.

- Фи деж къекIуалIэхэр сыт нэхъ зыгъэпIейтейр?

- УпщIэ зэхуэмыдэхэр яIэу къокIуэ цIыхухэр. «Анэм и щIыхь» саугъэтым куэд щIэупщIэу дэ зыкъытхуагъазэ. Ауэ а тыгъэр зыхуагъэфэщэнур къыщыхахкIэ, абы бын куэд зэриIэм нэмыщI, абыхэм яхилъхьа гъэсэныгъэмрэ езым и IуэхущIафэхэмрэ къалъытэ. Ди унафэ зыхэмылъ IуэхукIи зыкъыщытхуагъазэ къохъу. Апхуэдэхэм дежи цIыхухэр жэуапыншэу тхуэутIыпщыжыркъым. Сэбэп къахуэхъуфыну IуэхущIапIэм допсалъэ, яхуэщIэнур зэхыдогъэкI. Пэжщ, псори арэзы тхуэщIыркъым, ауэ цIыху гуапэ куэди къахокI. Апхуэдэхэм уепсэлъэ, чэнджэщ епт къуэдейми фIыщIэ къыпхуащI. Дэри абы гукъыдэж къытхелъхьэ.

- Налшык къалэм дэс бзылъхугъэхэм я советым дяпэкIэ сытхэр и мурад?

- АдэкIи ди лэжьыгъэхэм пытщэнущ, сэбэп дызэрыхъуным и ужь дитынущ. ЕдгъэкIуэкIынущ зэIущIэхэр, пшыхьхэр, псапэ Iуэхухэр, зэпеуэхэр.

- Лэжьыгъэм къыдэхуэ зэманыр дауэ бгъакIуэрэ?

- СыпщэфIэну сфIэфIщ, псом хуэмыдэу хьэжыгъэм къыхэщIыкIауэ IэфI гуэрхэр къэзгупсысу згъэжьэну. «Адыгэ псалъэ» газетым и «Малъхъэдис» напэкIуэцIым къытохуэ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэр. Ахэри къызогъэсэбэп.

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.