ДЫЖЬЫН МЕДАЛЬ КУЭД

Тулэ къалэм дэт «Арсенал» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм атлетикэ хьэлъэмкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым икIа, зи ныбжьыр илъэс 15 - 18, 19 - 20-хэм ит спортсмен 500-м щIигъу.

ПщIэшхуэ зиIэ зэхьэзэхуэм и саугъэтым зи хьэлъагъыр килограмм 71-м нэблагъэхэм яхэту щIэбэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Скрипко Аланэ. ДвоеборьемкIэ зэхэту абы къиIэтащ килограмми 192-рэ (84/108). Ар зымащIэкIэ къыкIэрыхуащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием икIа Гусаловэ Заринэ икIэ дыжьын медалыр къылъысащ.

Ди республикэм и медалхэм иджыри зы дыжьын хэлъхьэныгъэ хуищIащ Гулиев Тамерлан. Зи хьэлъагъыр килограмм 73-м нэблагъэхэм я зэпеуэм двоеборьемкIэ абы къыщиIэтащ килограмм 285-рэ (125/160).

Зэпеуэм и иужьрей махуэм утыкур хуит хуащIащ спортсмен нэхъ хьэлъэ дыдэхэм. ДвоеборьемкIэ Ширдий Ислъам килограмм 310-рэ къиIэтащ икIи етIуанэ увыпIэр иубыдащ. Ар хэтащ зи хьэлъагъыр килограмми 102-м нэблагъэхэм я гупым.

Иджыри зы дыжьын медаль зэхьэзэхуэм щызыIэригъэхьащ зи хьэлъагъыр килограмми 109-м щIигъу Мариев Тимур. И плIэм фэбжь зэригъуэтам емылъытауэ абы псори зэхэту двоеборьемкIэ къиIэтащ килограмм 360-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Шэкэм Михаилрэ Щауэ МуIэедрэ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите