Нэхъыбэр арэзы тохъуэ

КъБР-м и Парламентым бадзэуэгъуэм и 13-м зи мычэзу зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэхухэм ящыщт пенсэм щыкIуэ ныбжьым хэгъэхъуэным ­теухуа законопроектым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэ- хэр.

КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен къыхигъэщащ а хабзэм и проектыр УФ-м и Прави­тель­ствэм къызэрыхилъ­хьар икIи, абы къызэры­щыгъэ­лъэгъуамкIэ, 2019 гъэм щегъэжьауэ цIыхур пенсэм щагъакIуэ илъэс бжыгъэм мащIэ-мащIэурэ хагъэ­хъуэ­нущ. ЦIыхухъухэр илъэс 65-м, цIыхубзхэр - 63-м пенсэм кIуэуэ ящIынущ. А Iуэхур 2034 гъэ пщIондэ зэтраублэну я мурадщ.

Къэжэрым зэрыжиIамкIэ, а законопроектыр къыхалъхьэныр ирапх цIыхур зэрыпсэу илъэс бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуамрэ (иужь­рей илъэсищэм теп­щIыхьмэ, илъэс 43-м къы­щыщIэдзауэ 73-м нэсащ) пенсэм кIуа пэтми, иджыри лэжьэну гупыж зыщIыр процент 30-м зэрынэсамрэ.

- Пенсэ гъэувыкIэм халъ­хьэ зэхъуэкIыныгъэхэм къа­дэкIуэу, къэрал уна­фэщI­хэм я мурадщ социальнэ дэIэпыкъуныгъэр зэ­ры­рагъэфIэкIуэну щIыкIэ­ри ягъэ­белджылыну. Ап­хуэ­дэуи мы зэманым йо­лэжь пенсэ кIуэгъуэм нэсхэмрэ щIалэгъуалэмрэ лэжьыгъэ ягъуэту зэращIыну щIы­кIэм, - къыхигъэщащ къэ­псэлъам.

Къэжэрым жиIащ законопроектым министерствэхэмрэ политикэ партхэмрэ мызэ-мытIэу зэры­щы­тепсэлъыхьар, я Iуэху еплъыкIэр къагъэлъэгъуэну Iэмал зэраIар.

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ зи гугъу ящI Iуэхур тыншхэм зэращы­мыщыр икIи илъэс зыбжанэ хъуауэ абы теухуа псалъэмакъ зэрекIуэ­кIыр. Абы щапхъэу къихьащ, цIыху гъащIэр нэхъ кIыхь зэрыхъуам къыхэ­кIыу, Италиеми Германиеми я пенсэ ухуэкIэхэм зэ­хъуэкIы­ны­гъэхэр хэлъхьэн хуейуэ къызэрыщаIэтыр.

- Шэч хэмылъу, пенсэ ныбжьым зэрыхагъахъуэр къызытехьэлъи щыIэнущ, псом хуэмыдэу иджыпсту а пIалъэм нэсхэм. АрщхьэкIэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэдмылъхьэу хъуну къыщIэ­кIынукъым, арыншамэ къэралыр пэлъэщынукъым, - жиIащ Егоровэм.

КПРФ-м и унафэщI Пащты Борис жиIащ коммунистхэр федеральнэ хабзэм и проектым арэзы зэрытемыхъуэр икIи ар зэрыдамыIыгъыр. КъБР-м и Парламентым и депутат 42-м Iэ яIэтащ законопроектымкIэ арэзыуэ, 9-м ар дащтакъым.

ЗэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ Байкал гуэлыр хъу­мэным, 2020 гъэм ирагъэкIуэкIыну урысейпсо къыхэтхыкIым теухуа хабзэхэм я проектхэм, «УФ-м и Налог Хабзэм хэлъхьэн ­хуей зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ» федеральнэ законым, нэгъуэщIхэми.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.