УЗЭПЛЪЫР КЪЭКIУАТЭУ

1972 гъэм нэмыцэ бзылъхугъэ Сейдер Вероникэ метр 1600-кIэ пэжыжьэ цIыхухэм я теплъэр IупщIу къилъагъуфащ.  Ар тIощIкIэ нэхъыбэщ цIыху къызэрыгуэкIым къилъагъуфынум нэхърэ. Сейдер Гиннессым РекордхэмкIэ и тхылъым итщ дунейм нэхъ  нэ жан дыдэ зиIэ  цIыхуу. Апхуэдэу егъэлеяуэ нэ жан цIыху псоми яIэу щытами, нэхъри нэхъ гъунэгъужу, нэхъ IупщIыжу зэралъэгъунум и ужь итынут цIыхухэр, Iэмалхэр къагупсысу.

Пасэрей алыджхэр, мысырхэр, шумерхэр теплъэр IупщIу уэзыгъэлъагъу Iэмалхэр къагупсысыну хэту абджымрэ псымрэ я пIалъэхэр къахутэрт. Урымхэми гу лъатат дыгъэ бзийр зыкIуэцIрыкI псым упхыплъмэ, узэплъыр нэхъ гъунэгъу къызэрыхъум. Абы тету абджым елэжьурэ, линзэр къэунэхуащ.

XIII-нэ лIэщIыгъуэм гъунэгъуу уэзыгъэлъагъу Iэмэпсымэ зэгъэпэщыным япэу зрапщытащ. Инджылыз монах Бэкон Роджер абдж къигъэпщамрэ иушкIумбамрэ зэхуэгъэкIуэным елэжьри, 1268 гъэм  къехъулIащ узэплъыр гъунэгъу къэзыщI Iэмэпсымэ зэригъэпэщыну. 1508 гъэм Леонардо да Винчи линзитI зэрылъ нэрыплъэм и схемэ зэхигъэуващ, линзэхэр зэрахъуэ Iэмэпсыми къигупсыащ. А зэманым техникэм и лъэкIыныгъэхэм къызэримызэгъам къыхэкIыу абы и схемэр щIэх къэсэбэпакъым.

1558 гъэм итальян Джаванни Батистэ Портэ и «Естественная магия» лэжьыгъэм щытетхыхьащ абдж къигъэпщам нэхъ гъунэгъу,  игъэпщхьам – нэхъ  жыжьэу  зэрыуагъэлъагъум.

Галилей Галилео къигупсысащ нэрыплъэ, зы абджыр къигъэпщауэ, етIуанэр иушкIумбауэ илъу. Япэу ищIащ хуэди 3-кIэ, етIуанэу хуэди 8-кIэ, ещануи хуэдэ 32-кIэ нэхъ гъунэгъуу уэзыгъэлъагъу Iэмэпсымэр. Иужьрейр телескопу убж хъунут. Абы и сэбэпкIэ Галилей Галилео астрономием къэхутэныгъэшхуэхэр  щригъэкIуэкIащ. I624 гъэм щIэныгъэлIым и нэрыплъэхэр куэду къыщIигъэкI хъуащ. Абыхэм ящыщ зы зыIэригъэхьауэ щытащ урыс пащтыхь Романов Михаил.  Галилей и Iэмэпсымэр куэдрэ зекIуэртэкъым, махэIуэти. Линзэр зыхегъэубыда пкъыгъуэр тхылъымпIэпсым къыхэщIыкIати, уэшхми уэсми щыпIыгъ хъуртэкъым, щIэхыу зэпкъырыхурти, абджыр изагъэрткъым. Ауэ щыхъукIэ, нэгъуэщI зэрыщымыIэм къыхэкIыу, Европэ псом ар къыщагъэсэбэпырт.

Нэрыплъэм елэжьащ нэмыцэ щIэныгъэлI, астроном Киплер Иоган. А Iэмэпсымэм триухуащ 1611 гъэм итха «Диоптрик» лэжьыгъэр. ЩIэныгъэм ар къыщокIуэ «Киплер и схемэкIэ» еджэу. Нэмыцэ щIэныгъэлIым и Iэмэпсымэм нэхъыфIу уигъэлъагъурт, абы пкърилъхьа абдж къигъэпщар зэрытIууащIэм къыхэкIыу. Зым узэплъыр нэхъ IупщI ищIт, адрейм - нэхъ гъунэгъу. Ауэ нэрыплъэм зы дагъуэшхуэ иIэт: теплъэр зэгъэзэкIауэт зэрыуигъэлъагъур. Абы къыхэкIыу дзэм хэтхэми псым тетхэми ар къагъэсэбэпыртэкъым. Ауэ уафэм уриплъэну, вагъуэхэм уакIэлъыплъыну абы къыпэхъун щыIэтэкъым. Абдж къигъэпща тIууащIэр тIууэ бжьамийм зэрилъым фIыуэ гъунэгъу къищIырт уэгур.

Нэрыплъэм и тхыдэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ Ломоносов Михаил. Урыс щIэныгъэлIым абы теухуауэ итхащ «Жэщ нэрыплъэм уигъэлъагъур» лэжьыгъэр. Абы и Iэмэпсымэр къыщыбгъэсэбэп хъурт нэху щIагъуэ здэщымыIэм. 1758 гъэм Ломоносов и Iэмэпсымэр ЩIэныгъэмкIэ академием ихьат, ауэ ар къащтатэкъым.

1758 гъэм инджылыз щIэныгъэлIхэу Долонд зэадэзэкъуэм я фIыгъэкIэ нэрыплъэм и бжьамийр нэхъ кIэщI, нэхъ пхуэгъэIэрыхуэ хъуащ. 1850 гъэм итальян инженер Порро, нэрыплъэм нэхур къызэриубыдым и Iэмалыр къигъэсэбэпри, бжьамийр нэхъри нэхъ кIэщI ищIащ линзэм уиплъэмэ, нэхум елъытауэ теплъэм зигъазэу къыпщыхъурт. 1859 гъэм француз инженер Буланже Порро и Iэмалымрэ Галилео и схемэмрэ къигъэсэбэпри, нитIымкIи уиплъэ хъууэ нэрыплъэ ищIащ.

XVII-нэ лIэщIыгъуэм метр 70 хъу телескоп ящIащ. АбыкIэ вагъуэхэм уеплъыфырт.

Ди зэманым нэрыплъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыIэщ. ЩакIуэхэм, псым техьэхэм, дунеяплъэхэм папщIэ щхьэхуэу нэрыплъэхэр ящI.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.