ЗЕКIУЭМ ПЫЗЫЩЭТ

Мы тхыгъэм ипэ къихуэу сытетхыхьат Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм пщэдджыжьым жьыуэ лъакъуэрыгъажэм сытесу сыкъыдэшэсыкIыу а жылэр зыбгъэдэс Лабэ псы абрагъуэм сыбгъурыту ипщэкIэ, къуршхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ, зэрыдэзгъэзеяуэ щытам.

АтIэми, цIыхум, зыхуейр имыщIэжу щхьэукъуэрилэ хъуарэ дунейм тезашэу къиубламэ, и псэм и хущхъуэгъуэри зыхуэчэму къилъыхъуэри щIэщыгъуагъэкIэ гъэнщIа, зыхимыщIыкIыу щытам лъэзыгъэIэс гъуэгуанэ телъыджэхэрщ, къыщыхутэ щIыпIэхэм къыщыхукъуэкI теплъэгъуэхэмрэ и нэгу зыщезыгъэужь къэунэхуныгъэхэмрэ гу зэIухакIэ зэрыпэджэжырщ. 

ИпэкIэ дымылъэгъуа щIыпIэхэм, щыIэкIэ-псэукIэу къыщекIуэкIхэм зекIуэ гъуэгуанэм дыщыхуишэкIэ, дыкъыщыщIидзам, «уарэ, аргуэру дыкъыщыбэдзэуэжаи!» жыдигъэIэу, зэщIэнауэ щыта ди Iэпкълъэпкъри къыщызэщоуж, тыншыгъуэ гуэрхэр ди псэми къыщыхохьэж.   

Зыми йомыгъэщхьын гукъыдэжым дыхэзышэ зэхъуэкIыныгъэ телъыджэхэм лъабжьэ яхуэхъур, шэч хэмылъу, зекIуэ гъуэгуанэм къыщыддэунэху теплъэгъуэхэм нэ щIэщыгъуэкIэ дазэрыIуплъэрщ, дымыцIыхуу щытам «дыкъызэфIигъэщIэнущ» хужыдмыIэу, «къыдэджам» дызэрыпэджэжырщ. А псом къадэкIуэуи зи гугъу тщIы хьэл-щэныр, языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, лIыгъэм и зы нэщэнэщ. 

Дызытехьэ гъуэгуанэм ди гущIэм аддэ жыжьэу къыщызэщIигъэст хъуэпсэгъуэ бзийхэм дэтхэнэ ди зы лъэбакъуэри чыгъуафIэ зэращIым, ди псэмрэ ди пкъынэлъынэмрэ зыхагъэбыдыхьауэ хэлъа щтэIэщтэблагъэхэр зэрыхагъэкъэбзыкIыжым ямызакъуэу, гушхуэныгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ телъыджэм дызэрыхуашэжми шэч хэлъкъым. Абы иужькIэ дэ зэи тщыгъупщэжынукъым ипэкIэ дыздэщымыIа щIыпIэхэм щызыхэтщIауэ щыта нэжэгужагъэмрэ гупсэхугъэмрэ.

                   Псыр къыздикIыр си гъуазэт    

АтIэми, зэрагъэунэхуамкIэ, лъакъуэрыгъажэкIэ зекIуэ гъуэгуанэ техьэныр, «велотуризм» жыхуаIэр, нэ щIэщыгъуэкIэ дунейр уэзыгъэлъагъу, зозыгъэгъэпсэху, махуэ къэс къыбдэгъуэгурыкIуэ «къызэрыгуэкI» дунейм ухэзыш Iэмал нэхъ узыншэхэм ящыщ зыщ.

Апхуэдэ нэгу зегъэужьыкIэм сызэрыщIэхъуэпсым къыхэкIагъэнущ, зэпкърысхыу здесшэжьа лъакъуэрыгъажэр си гъусэу, Адыгэ Республикэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Куэшхьэблэ къуажэм Налшык икIа автобусымкIэ сыщIынезгъэдзысар. 

СыкъикIащ. Къыздисха «гъущIышым» къыщIэсхауэ щыта и шэрхъхэр щIэсIуэнтIэжри, сышэсащ. Сигу ислъхьат а щIыпIэм ищхъэрэкIэ километр 15 хуэдизкIэ пэIэщIэ Еджэрыкъуей къуажэм пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ сынэсынуи, а пщыхьэщхьэм ар къызэхъулIащ. А жылэм бысым щысхуэхъуащ благъагъэкIэ къызгухьэ Тхьэрыкъуахъуэ Къаплъэн и унагъуэр.  

Нэху щыщым, сыкъэтэджри унэм сыкъыщIэкIащ. А махуэм си мурадт, сыкъыщыщIидзам сыкъыдэшэсыкIыу, Лабэ и псы Iуфэр си гъуазэу, ипщэкIэ къэлъагъуэ къуршхэмкIэ сыунэтIыну. 

Абы щыгъуэ нэхъ сыдэзыхьэхыу щытар адыгэхэр щыпсэуа жыжьэрылъэIэс щIыналъэхэм, псом хуэмыдэжу, бгылъэ щIыпIэхэм, зыщысплъыхьыныр арати, мы зекIуэм щыщу гукъинэж нэхъ сщыхъуахэм щыщIадзар Лабэ декIуэкI сэнтхым зиIэта иужькIэщ.

ЗекIуэ гъуэгуанэм сызыщрихьэлIа жылэхэр зэрызэпэщIэхам и гугъу тщIымэ, Еджэрыкъуейрэ Куэшхьэблэрэ я зэхуаку километр I5-м щIигъу дэлъщ, Куэшхьэблэрэ Лашэпсынэрэ километр 11,6-кIэ зэпэщIэхащ. Гъуэгуанэм а и Iыхьэхэр, гугъу сазэрыдехьа щымыIэу, къызэзнэкIащ.  

КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу счын хуейр Лабэ и псыхъуащхьэхэмкIэ къыщызэтена Хуэдз адыгэ жылэм сынэсыныр арати, сэрэ си гъущIыш цIыкIумрэ («сызэребзэрабзэр» зыхищIэ хуэдэ) ди лъэдийхэм гъуэгум нэхъри зыщедгъэукъуэдиящ, дыкъызэрыщыувыIэ щIагъуэ щымыIэу.

Дыздэжэм, зыри къыджезымыIэ урыс къутыр зыбжанэ къызэднэкIащ. Абыхэм я нэхъ ину къалъытэ Натырбейрэ (Натырбово) Лашэпсынэрэ километр I4,6-кIэ зэпэщIэхащ. Натырбейрэ абы ипщэжкIэ щыIэ Хуэдзрэ я зэхуаку километр 27-рэ дэлъщ. АтIэ, мис а гъуэгуанэри, зэхэту къэдбжмэ километр 41-м щIигъур, сызытес гъущIыш цIыкIумрэ сэрэ зы напIэдэхьеигъуэу къызэднэкIащ.  

                      Дуней гуфIэгъуэр зэрахьэрт

Арати, гъуэгур си гъуазэу сыздэжэм, Хуэдз зи фIэщыгъэ къуажэм гъунэгъу сызэрыхуэхъуар кърисщIащ си пащхьэ къихута лъэмыжым ипэ къит пкъом кIэраIулIа нагъыщэу «Хуэдзыпс» псалъэр зэрытымкIэ. 

ЖыпIэнур арамэ, абдежым сыкъыщыувыIэмэ зэрынэхъыфIыр гукIэ зыхэсщIащ. Апхуэдэуи сщIащ икIи сыхущIегъуэжакъым. Гъуэгубгъум сыщепсыхри, ихъуреягъыр гупсэхуу къэсплъыхьащ. Къуажэр фIыуэ зэрыпыIудзами, ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ хуэлъэныкъуабэ щIыкIэу къызэрехми гу лъыстащ. Къыхэгъэщыпхъэр аращи, ар зи кIыхьагъым къыблэжа псым и Iуфэм сыщынэсар шэджагъуэ нэужьыфI хъуауэщ.

ГъэмахуэкIэ хуабэвэхым асфальт гъуэгу защIэкIэ кърижа сэ дыгъэ бзийр хъуапсэгъуэу зыхэджэгухь ткIуэпсыбэм сыдамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъыми, псыр къипсэлъыкIыу здежэх ныджэм семыкIуэтэх ипэ, Iэхэлъахэр нэкIэ щIэсщыкIащ. Зысплъыхьмэ, си нэгу къыщIэувэр гъэщIэгъуэнщ: ихъуреягъыр губгъуэщ, километр ныкъуэм нэблагъэм зы уни иткъым, итIани щIалэ цIыкIу гуэрхэр, къакъэ-пщIыпщIрэ щызэрызехьэу, лъэмыжым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щокIуэд-къыщоунэхуж.

Абыхэм гу щалъыстэм, къысхуэнэжыр арати (сазэрыхуэсакъри хэту), псы зэпрыупIэм и сэмэгу лъэныкъуэмкIэ ныджэм сыдыхьащ. Иджы, зэрыхъуар арати, Хуэдз здэжэмкIэ-сэ, къыздикIымкIэ-гуфIэжу къыщызыжыхь, архъуанэм хэлъэн-хэпкIэнкIэ иримыкъуж щIалэ цIыкIухэр дыщыIэт.

Пэжым фыхуеймэ, мыбдежым щынэжэгужэ ныбжьыщIэхэр щыслъагъум япэу сигу къэкIар ахэр Хуэдз къуажэм унэмыс щIыкIэ мы щIыпIэм узыщрихьэлIэнкIэ хъуну урыс къутыр гуэрым къикIауэт. АрщхьэкIэ, сызыщIэдэIукIмэ, псом нэхъ телъыджэжыр аращи, ныбжьыщIэхэр зэпадзыжурэ зэрызэпсалъэр дэ Къэбэрдейм къыщыдгъэсэбэп ди адыгэбзэрщ! Хуабжьу сыщыгуфIыкIами, а Iуэхугъуэр сэ тIэкIуи  гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Дауи апхуэмыдэнрэт, Налшык нэс укъикIыу, урыс хъужа къалэ, къуажэ куэдым уакъыфIэкIыу, щIыпIэ пхыдза дыдэу къэплъытэ хъуну Iэхэлъахэм къыбдалъхуа уи анэдэлъхубзэм ирипсалъэ ныбжьыщIэхэм уащыщыхуэзэкIэ?! 

КъимыдэкIэри, сэ сыщыгъуазэт ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гуэрхэм мы щIыпIэхэми сазэрыщрихьэлIэнкIэ хъунум. Ауэ, итIани къытозыгъэзэжри, Лашэпсынэ деж къыщыщIэдзауэ урыс фIэкIа зэрымысыж хъуа Iэхэлъахэм уи анэдэлъхубзэм утIыпщауэ икIи хуиту ирищызэдэуэршэрхэм уащыIущIэныр, шэч хэмылъу, гуфIэгъуэшхуэт. Абы къыхэкIыуи, гъуэгуанэ мыцIыхум икIи жыжьэм кърикIуа сэ зыми хуэзмыгъэдэн жьы къабзэ Iубыгъуэ мыбдежым къыщысIурыуат.     

СызрихьэлIахэм апхуэдизу сыкъагъэгумэщIати, «зыгуэркIэ Iузгъэщт хъужыкъуэмэ» жысIэри, я жылэм фIыуэ пэIэщIэу, губгъуэжьым ит лъэмыжым деж щынэжэгужэ, дуней гуфIэгъуэр щызезыхьэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я лъабжьэкIэ сыщетIысэхащ, зэран сазэрыхуэмыхъунури сазэрыжьэхэмыуэнури си щытыкIэ псомкIи къризгъэлъагъуэу. 

ИтIани сыхуейт ныбжьыщIэхэм сызэрыадыгэр къезгъэщIэнуи, адэкIэ-мыдэкIэ къыщызыжыхьхэм ящыщу, напIэзыпIэм гъунэгъу нэхъ зыкъысхуэзыщIа зым зыхуэзгъэзащ:

- Мо зыщывгъэпскIым деж апхуэдизу куууэ ара, щхьэкIэ зыхэвдзэну фIыщIытегушхуэр? – жысIэри.

- АтIэ! – жэуап къызитыжащ езыми, зыкъызэкъуипхъуэтри, сызэрызыпигъэплъа щымыIэу. 

«Ярэби, сызэрыадыгэр модрей и гъусэхэми яжриIэжыну пIэрэ?» жысIэрэ абыкIи си гур згъэфIэу, псым зыкъыщызгъэщIыIэтыIэри, и Iуфэм сыкъыIутIысхьэжащ. ИкIи, мо сыздешам, щIалэ цIыкIухэр зэрызэдэгуфIэм сагъэгушхуэрэ си щхьэми пщIэ хузагъэщIыжу, абдежым тэлайкIэ сыщысащ, гупсэхугъуэ иным сызэрыщызэщIиубыдари зэзгъэщIэгъуэкIыжу. 

Ауэрэ здекIуэкIым, щIалэ цIыкIухэм зыкъызэщIакъуэжри, къуажэмкIэ драгъэзеижащ, сэри адэкIэ къысщIэлъыр сщIэжырти, мы щIыпIэм афIэкIа зыщислъэфыхь зэрыщымыхъунум си гупсысэр хуэзгъэкIуэжащ.       

Арати, адыгэ къуажэу зи цIэр куэдрэ зэхэсхам къыблэж псы уэр къитхъутхъукIым дапхуэдизу симытхьэкъуами, мы иджырей си зекIуэм зыщыхуэзгъэхьэзырым мураду сщIам сытемыкIыныр мызыгъуэгум сэркIэ зэрынэхъапэм сегупсысурэ, зыкъэсIэтыжащ...

   

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)