АЖЭЖЬБЭКЪУ БГЫЖЬ ДЫКЪУАКЪУЭ

Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым. Шытхыщхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. 

Мыбдеж къущхьэхъум щыщIедзэ

Бабыгу шытхым ижькIэрэ щыпхаша лъагъуэм ухуешэ Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэу зи зэхуакур щхьэдэхыпIэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, иужьрейм и аранэ папцIэхэр щIыпIаплъэхэм куэд щIауэ къызэрагъэунэхуари, нэгузегъэужьыпIэ телъыджэу ар абыхэм къызэралъытэри. 
Бгыщхьэ тхыцэ екIуэкIым къуапитI иIэщ. А тIум ящыщу, «Бабыгу ЦIыкIу» («Малый Бабук») цIэр зезыхьэу къуэкIыпIэмкIэ щыIэм - метр 1551-рэ, къухьэпIэмкIэ зызыIэта и нэпкъхэм - метр 2000-м нэблагъэ я лъагагъщ. 
Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэм, зэрыщыту къатщтэмэ, километри 5 хуэдиз и бгъуагъщ. И лъэныкъуитIыр блын задитIщи, къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм метр 300 хуэдизкIэ щхьэщыIэтыкIащ. ДыхьэпIэ-дэкIыпIэу къалъытэ я зэхуакум метр 500-м нызэрыхьэс и бгъуагъщ. Къущхьэхъу хъупIэхэм мыбдежым зэрыщыщIадзэр къыуагъащIэ IуащхьэжьитIым я джабэщIри Iэхэлъахэри удз Iув куэдыкIейм зэрызэщIасеям. Ажэжьбэкъу къурш дыкъуакъуэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и бгыщхьэр Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и гъунапкъэщ.
Ковешников Вячеслав «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъ телъыджэм зэрыщитхымкIэ, фIэщыгъэр «Бабыкъуэ» цIыхухъуцIэм къытехъукIауэ къэзылъытэхэри щыIэщ. 

Тхыдэм щыщ

Дызэрыщыгъуазэщи, пащтыхь къэралыгъуэжьым Кавказыр зыIэщIигъэхьэн мурадкIэ, а лъахэм иса лъэпкъхэр зауэ мыухыжым хидзауэ щытыгъащ. Абы ипкъ иткIи, XIX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Къэбэрдейр хьэлэбэлыкъышхуэ хэхуат. ЗэрыпхъуакIуэхэм я унафэ щIэувэну хуэмея пщыхэмрэ уэркъхэмрэ, езыхэм я цIыхухэр я гъусэу, Псыжь адрыщIкIэ Iэпхъуащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету, Бабыгу (Бабыгуей) лIакъуэцIэр зезыхьэ пщым и къуажэ зыбжани Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм къыщыхутащ. ЩIыпIэцIэхэр зыджхэм я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, шытхым и иджырей фIэщыгъэр а унэцIэм къытехъукIащ (Виноградов Владимир, «Топонимия средней Кубани»). 
Ажэжьбэкъу бгыжь екIуэкIыр дыкъуакъуэ абрагъуэу къыпщызыгъэхъу IуащхьэжьитIми метр 200-м щIигъу я лъагагъщ. Ахэр ящхьэщытщ зи дахагъэкIэ хуэдэ щымыIэу къозыгъэлъытэ удзылъэ гъуэфылъэу джабэщI лъащIэхэм хуезыгъэзыххэм. ЛъагапIэхэр зэрызэхуэгъэза ябгъухэр ирагъэщхь шыуаныжьым и джабэу телъыджащэу гуэупсыкIахэм. Я щхьэщыгу уихьакъэ, нэм къыIуидзэр псэр зыгъэхьэшкIурашкIуэу щIыфэр зыгъэтхытхщ. Мыбдежым ущыхуэзэнукъым щIыпIаплъэ закъуэтIакъуэу къакIуэхэр езыгъэблагъэфын хьэщIэщ гуэри, лъагапIэм нэзышэсыфын кIапсэ гъуэгу къызэрыгуэкIи. АтIэми, Ажэжьбэкъу и къыр зэхуакухэр я тIысыпIэщ къашыргъэ бгъэжьхэу Тхылъ Плъыжьым иратхахэм.    

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.