СУРЭТЫЩI ГЪУАЗДЖЭМ И IЭПЩIЭЛЪАПЩIЭ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и художник, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъШР-м и Iэтащхьэм и деж щылажьэ Жылагъуэ палатэм хэт адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд Рэмэзан и къуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 70 ирокъу. 

Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд Черкесск къалэм I952 гъэм къыщалъхуащ. Хьэгъундокъуэр сурэт щIыным дихьэхыпащ къалэм и Сабий художественнэ школым щыщIэсам. ИужькIэ и щIэныгъэмрэ Iэзагъэмрэ щыхигъэхъуащ Карачаевск къалэм и пединститутым и художественнэ-графикэ факультетым щыщIэсам. Къэралпсо зэпеуэ куэдым и зэфIэкI щеплъыжащ ар. Псалъэм папщIэ, Москва щекIуэкIа союзпсо выставкэм щигъэлъэгъуа и сурэтхэм щIыхь тхылъ къыпэкIуат. Институтым щыщеджа илъэсхэми ар жыджэру хэтащ еджапIэм щекIуэкI Iуэхухэм, блынгазетыр къыдэзыгъэкIхэм я дэIэпыкъуэгъуу щытащ. КъыжыIапхъэщ, ар зыхэлэжьыхьа блынгазетыр къэралым и художественнэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыщыдагъэкIхэм я нэхъыфIу къызэралъытар. Урысейм и мызакъуэу, дуней псом и музейхэмрэ художественнэ фондхэмрэ, СССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм Мухьэмэд и лэжьыгъэхэр щахъумэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу цIыху щхьэхуэхэм зэхуахьэс. 
Адыгэр зэрыгушхуэ, дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщIым тхылъ 70-м щIигъу и лэжьыгъэ хьэлэмэтхэкIэ игъэдэхащ. Апхуэдэу сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ игъэдэхащ сабийхэм яхуэгъэза къыдэкIыгъуэхэр, усэ тхылъхэр, романхэр. СурэтыщI гъуазджэм и лъагапIэм нэса, ехъулIэныгъэ инхэр зиIэ художникым зэпымыууэ и щIэныгъэм хегъахъуэ, IэмалыщIэхэм зыхегъэгъуазэ. Куэдым ягу дыхьэ и лэжьыгъэхэм ящыщщ «Пасэрей мывэхэр», «Анэм и сурэт», «Бгырыс», «Бгыхэр», «ИстамбылакIуэ», «Нанэ и IэлъэщIыр», «Флейта», «Нарцисс», «Жей», «Акробат», «Набат», «Шэджагъуэ», «Бжьыхьэ»,«Дыгъэ къухьэжыгъуэ», нэгъуэщIхэри. А сурэтхэм ущеплъкIэ гъащIэкIэ дэтхэнэри зэрыгъэнщIар нэрылъагъущ. Жьым щIиупскIэ жыг къудамэхэр, щIым и бэуэкIэр, лIэщIыгъуэхэм къыпхыкIа мывэ сэрейр, нэгъуэщIхэри... Мухьэмэд и лэжьыгъэхэм цIыхумрэ щIыуэпсымрэ къыгуэхыпIэ зэхуаIэкъым. Апхуэдэщ бгы щхъуантIэм трищIыхьа, гуапагъэ зи нэгум кърих и дадэ сурэтыр. 90 гъэхэм щыщIэдзауэ абы унэлъащIэхэр егъэдахэ. «Мебель 96» XII дунейпсо выставкэм хыхьэу абы игъэлъэгъуа «Весна», «Гермес», «Хет» и лэжьыгъэхэм я фIагъыр къалъытащ. 
Мухьэмэд 2003 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Нанэ и IэлъэщI» сурэтым къыщигъэлъэгъуащ адыгэ лъэпкъым цIыхубзым щиубыд увыпIэмрэ щиIэ мыхьэнэмрэ, ар гъэсакIуэу, чэнджэщэгъуу, унагъуэ жьэгум и хъумакIуэу зэрыщытыр. А лэжьыгъэр щахъумэ КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм. «Шэрджэсхэр щакIуэ щыIэщ», «Шэрджэс зауэлI» сурэтхэр Иорданием и пащтыхьымрэ абы и къуэмрэ зэхуахьэсауэ яхъумэ лэжьыгъэхэм ящыщщ. 
- Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд гупсысэ куукIэ гъэнщIа и сурэт телъыджэхэм малъхъэдисым хуэдэу узэщIашэ. Абыхэм ущеплъкIэ макъамэ ящIэту къыпщохъу. Пасэрей пшыналъэр щIэжьыуэ хуэдэщ зи хъэтI зиIэж сурэтыщIым и дэтхэнэ зы лэжьыгъэми, - жеIэ тхакIуэ, драматург Шыд Юрий. - Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд шыIэныгъэ зыхэлъ цIыху зэпIэзэрытщ, псалъэ лей жызымыIэ цIыху нэфIэгуфIэщ. 
Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд и лэжьыгъэхэр нэхукIэ, дыщэпскIэ, хуабагъкIэ гъэнщIащ. Художникым и сурэтхэм лъэпкъым и тхыдэри и нобэри къыщигъэлъэгъуэжащ, ахэр къыгуэхыпIэ имыIэу зэрызэпыщIам я щыхьэту. «Махуэ жьапщэ», «ИстамбылакIуэ» сурэтхэр Кавказ зауэм и напэкIуэцI гузэвэгъуэхэм, мухьэжырхэм триухуащ. Ди лъэпкъыр щыпсэу щIыпIэм ирагъэIэпхъукIа нэужь, щIыналъэм зэуэ зеиншафэ, щIыуэпсым нэщхъеифэ къызэрытеуар къигъэлъэгъуащ жьапщэм тхьэмпэхэр пызыха лъэпкъ жыгыр зэрыгъумкIэ. 
- Дэтхэнэ зы сурэтыщIри зыхэпсэукI зэманым декIуу щытын хуейуэ къызолъытэ. Сальвадор Дали, Пикассо, нэгъуэщI художник цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэм зэман-зэманкIэрэ сыдахьэхыу щытащ, - жеIэ Хьэгъундокъуэм. – Пуссен и лэжьыгъэхэм дихьэх художник гуэрым и сурэт псоми абы ижь къызэрыщIихуар нэрылъагъут. Апхуэдэу зы унэтIыныгъэм зыдебгъэхьэх хъунукъым. Лъэныкъуэ куэдкIэ уи зэфIэкIым ущеплъыжыныр, зыбужьыныр сфIэзахуэщ.
Къэбэрдейм щыпсэуа Хьэгъундокъуэ пасэрей пщы лъэпкъым къытепщIыкIащ Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд и къуэпсыр. XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм абы и адэшхуэм и адэм адэжь лъахэр къызэринэкIри, Инжыдж ЦIыкIу псы Iуфэм деж Хьэгъундыкъуей адыгэ къуажэр щиухуащ. Совет властыр щагъэува 20 гъэхэм ар Али-Бердыкъуэ къуажэу зэрахъуэкIыжащ. Хьэгъундокъуэ лъэпкъыр шы гъэхъунымкIэ цIэрыIуэу, «хьэгъундокъуэ пэху» шы лъэпкъыр къагъэхъуу щытащ. Мухьэмэд и адэ Рэмэзан шэрджэс усакIуэ, драматург, журналист цIэрыIуэу щытащ икIи псэуху «Черкес хэку» газетым и редакцэм щылажьащ. Ар икIи сурэтыщI Iэзэт, адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэри дахэу жиIэрт. Аращ Мухьэмэд сурэт щIыным дезыгъэхьэхар. И адэм зыщIипIыкIа IуэрыIуатэм, адыгэ хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ къыхэщ лIыхъужьхэм я теплъэхэр, адыгэлIымрэ адыгэшымрэ куэду къыщигъэлъэгъуащ и лэжьыгъэхэм.
Хьэгъундокъуэм сурэтыщI гъуазджэм щиIэ зэфIэкIыр лъагэу къалъытащ. Абы къыхуагъэфэщащ «Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и сурэтыщI» цIэ лъапIэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъымрэ и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ. 
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)