Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ «ТекIуэныгъэм и зекIуэ» псэкупсэ пэхуэщIэм (проектым) кърикIуахэм щыхэплъэжащ. ГъэфIэж пшыхь жыпхъэм иту ирагъэкIуэкIа зэIущIэм кърагъэблэгъащ зекIуэм хэта ныбжьыщIэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ гъуазэхэмрэ, лъахэхутэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Абыхэм къэрал къулыкъущIапIэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ, тыгъэхэр хуащIащ, псалъэ гуапэкIэ къыхагъэщащ. Апхуэдэу зэIущIэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингушымрэ тхыдэ лъэужьхэр къэзыхутэж, зэуапIэхэр къыщIэзыгъэщыж я лъахэхутэхэр.
Пшыхьым кърихьэлIахэм псалъэ гуапэкIэ япежьащ КъБР-м курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шаваев Ислъам. Абы къыхигъэщащ лъахэхутэхэм щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм щIэблэр гъэсэнымкIэ, хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Хэку зауэшхуэм лъэужьышхуэ къигъэнащ. Абы цIыхухэм ятридза фэбжьыр нобэр къыздэсым мыкIыжауэ куэдым ятелъщ. Фызабэу, зеиншэу, екIуэлIапIэншэу къигъэнахэм я бжыгъэр къэлъытэгъуейщ, хэгъэгур зэрызэтрикъутар нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Ауэ цIыхур псэуныгъэм етащи, сыт хуэдиз гугъуехь имыгъэвми, зауэм и лъэужь бзаджэхэр зэщIикъуэжын лъэкIащ, жылагъуэ-экономикэ псэукIэр зэригъэпэщыжын хузэфIэкIащ. Хэку зауэшхуэм и тхыдэр блэкIам къыхэна напэкIуэцI къудейуэкъым къызэрытлъытэн хуейр, атIэ абы нобэм къэув упщIэ куэдым я жэуап къуитын лъокI, зэIумыбзу къыпщыхъу Iуэхугъуэ куэд и пIэм ирегъэувэж. Аращ ар щIэдерсыр, аращ ар гъэсэпэтхыдэу къыщIэтлъытэр. Хуабжьу си гуапэ дыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейт апхуэдэ мыхьэнэ зиIэ пэхуэщIэр, «ТекIуэныгъэм и зекIуэ» зыфIаща Iуэхугъуэр, «Урысей географие зэгухьэныгъэм» хэт «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм зэрызэфIихар, зыхуей хуэзэу къызэрырихьэлIар, – жиIащ Шаваев Ислъам. - Хэку зауэшхуэм и тхыдэр тхылъкIэ зыдж ди щIалэгъуалэм екIуэкIа псори я нэгу къыщIагъэхьэфу, абы и пэжым лъапIэныгъэ ирахыу гъэсэныр ди пщэ къыдэхуэ къалэнщ. Ар «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэми фIы дыдэу къыгуроIуэри, зекIуэхэр къызэрегъэпэщ, тхыдэ гъуэгуанэхэр пхеш, жэрдэм щIагъуэхэр къыхелъхьэ. ЩIалэгъуалэ хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм жыджэру хэтщ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэр, студентхэр, егъэджакIуэхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэр. «Альтаир» хасэм къыхилъхьэ жэрдэмхэр тхыдэм и мызакъуэу, дыкъэзыухъуреихь дунейр щIэблэм фIыуэ яцIыхуным, щIыуэпсым пщIэ хуащIу къэгъэтэджынми хуэунэтIащ. Апхуэдиз лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэм фIы къызэрикIынум си щхьэкIэ шэч къытесхьэркъым. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщынщи, гъэщIэгъуэн дыдэт ди щIыналъэм и бгылъэ щIыпIэхэм 1942 гъэм щекIуэкIа зауэхэм я лъэужьыр зрагъэлъагъуну щIалэгъуалэ гупыфI зызэщIаузэду зэрыдэкIыгъар. Мыпхуэдэ жэрдэмхэр ди гуапэщ, ди министерствэм и бжэхэр фэ сыт щыгъуи фхузэIухащ».
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм захуигъазэкIэрэ, «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм и унафэщI, «ТекIуэныгъэм и гъуэгухэр» пэхуэщIэм и гъэзэщIакIуэ пашэ Мокаев Тенджыз къыхигъэщащ апхуэдэ жэрдэмыр япэ дыдэу 2015 гъэм къыхалъхьауэ зэрыщытар.
- Ди зекIуэм зегъэубгъуауэ, Iуэхугъуэбэ къызэщIиубыдэу иджыри зэ къытедгъэзэжри, 2019 гъэм къызэдгъэпэщыжауэ щытащ. Апхуэдэ Iэмал дэ къыдэзытар КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа грант зэхьэзэхуэрщ. Абы дыкъыщыхэжаныкIауэ щытащ, къыдата ахъшэ саугъэтри ди къалэнхэмрэ мурадхэмрэ тедгъэкIуэдэжащ. Дызэрыт илъэсым а пэхуэщIэр урысейпсо утыкушхуэм итхьэну дытегушхуэри, Президент грантхэм я Фондым иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ. Ипэрей ди жэрдэмхэм хуэдэу, а пэхуэщIэр зэщIэным я зэфIэкI ирахьэлIащ еджакIуэхэм, студентхэм, волонтёрхэм. Ди лэжьыгъэхэр дэнэ щIыпIэ щедмыгъэкIуэкIами, абдеж щыIэ жылагъуэ икIи ветеран зэгухьэныгъэхэм запытщIэурэ Iуэху тщIащ, зауэм хэтахэм я щIэблэр къэдгъуэтурэ я хъыбархэмрэ гукъэкIыжхэмрэ дедэIуащ, къуэшыкхъэхэм дыдыхьащ, фэеплъ щIыпIэхэр зэдгъэлъэгъуащ.
Ди зекIуэ гъуэгухэм епха программэхэр щыдубзыхум, ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэр къэзыIэтыну Iуэхугъуэхэр къытлъытурэ декIуэкIащ. Дыхуейт тхыдэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ зэуапIэхэр псоми едгъэлъагъуну, лIыхъужьхэм я цIэр зэхедгъэхыну, гушхуэныгъэ къезыт Iуэхугъуэ нэхъыбэIуэм хэдгъэтыну. Аращ ди гъуэгупэхэр еджапIэхэм, музейхэм, лъахэхутэ хасэхэм екIуалIэу щIыщытар, «зекIуэм псэ Iуту» щIедгъэкIуэкIар, – къыщыхигъэщащ Мокаев Тенджыз.
«ТекIуэныгъэм и зекIуэ» хэкупсэ пэхуэщIэр гъэзэщIа, щIалэгъуалэ нэхъыбэ абы къыхэша хъунымкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ КъБР-м Курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэр, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым КъБР-м щиIэ Гъунапкъэхъумэ къулыкъущIапIэр, «Урысейм и лъагъуэхутэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр, Урысей географие зэгухьэныгъэр.
ЗекIуэ Iуэхухэм нэхъ жыджэру хэтауэ, купщIафIэу икIи егъэджэныгъэ унэтIыныгъэ иIэу сабийхэм ядэлэжьауэ «Урысейм и лъагъуэхутэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дзейтов Беслъэнрэ «Лъэпкъ фэеплъ» лъахэхутэ гупым и унафэщIым и къуэдзэ Мосалев Владимиррэ фIыщIэгуапэ тхылъхэр хуагъэфэщащ, зекIуэр къызэгъэпэща хъуным зи гуащIэ хэзылъхьахэм тыгъэрэ фэеплъ тхылъхэмрэ иратащ.
Абы иужькIэ зэIущIэм хэтхэм ирагъэлъэгъуащ «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм пэхуэщIэр зэрагъэзэщIам щыхьэт техъуэ, Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Тэрч тхыцIэмрэ щекIуэкIа зауэхэм ятеухуа, абыхэм я лъэужь къыщIагъэщыжахэм ехьэлIа фильм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэ бжьыхьэм ныбжьыщIэхэр Зеикъуэшхуэ, Зеикъуэ цIыкIу, Нартей Iуащхьэбгым, Хьэсэней къуажэм и Iэгъуэблагъэхэм щыIат, Налшык – Орджоникидзе операцэр зэрекIуэкIа щIыкIэм и щэху куэд зыхъумэ щIыпIэхэр зрагъэлъэгъуат. Къэбэрдей-Балъкъэрыр бийм къаIэщIэхыжыным хуэгъэпсауэ щыта а зауэм ипкъ иткIэ 1942 гъэм и бжьыхьэм Нартеибг щыгум советыдзэм и плъырыпIэ трагъэувауэ щытат. Абы пIалъэкIэ икIуэтын хуей хъу 37-нэ дзэм и щIыбагъыр ихъумэну и къалэну щытащ. Апхуэдэу щIалэгъуалэр Курп лъагапIэхэм 1942 гъэм щекIуэкIа зэхэуэми, 317-нэ фочауэ дивизэр бжыгъэкIэ фIыуэ нэхъыбэ биидзэм псэемыблэжу зэрыпэщIэтами я тхыдэр зрагъащIэу Тэрч щIыналъэми щыIауэ щытащ.
Абы къищынэмыщIауэ, «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм хэт ныбжьыщIэхэр иджыблагъэ Ингуш щIыналъэм щыIащ. Абыхэм зрагъэлъэгъуащ Кавказым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ советыдзэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щапэщIэта щIыпIэхэр. 1942 – 1943 гъэхэм екIуэкIа зауэ гуащIэр Мэздэгу – Мэлгъэбэг стратегие операцэм щыщ зы Iыхьэт, Хэку зауэшхуэм и тхыдэмкIи мыхьэнэшхуэ зиIэт. Дзейтов Беслъэн зэрыжиIэжамкIэ, 1942 гъэм мы щIыпIэхэм щызэпэщIэува лъэныкъуитIым зауэшхуэ зэращIылIауэ щытащ. Германиемрэ абы и дарэгъухэмрэ Кавказым и щIыдагъэр къыщыщIаш щIыпIэхэр яубыдыну хущIэкъурт. «Блиц-криг»-р къаймыхъулIэу зауэр кIыхьлIыхь щыхъум, Кавказыр нэщанэуапIэ хъуат, мыбдеж зэщэр къащыIэрыхьэмэ, зауэр яхьыну къалъытэрт. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Ингуш щIыналъэм и ищхъэрэ щIыпIэхэр малъхъэдисым хуэдэт: мыбдеж щIыдагъэр щыкуэдт, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэри щымащIэтэкъым. Мэлгъэбэг кудэщхьэпIэр (Малгобекское нефтяное месторождение) бийм IэщIыхьэмэ, Къэлъахэжь къуэладжэкIэ (Алханчуртская долина) зэджэ щIыпIэм тыншу уихьэфынут, адэкIэ Грознэ къалэри уи IэмыщIэм илъ хуэдэт. 1942 гъэм и фокIадэ мазэм и етIуанэ Iыхьэм Мэлгъэбэг деж щекIуэкIа зауэм Вермахтым и япэ танкыдзэр къанэ щымыIэу хишат, стратегие мыхьэнэ зэрыритыр имыущэхуу, техникэкIэ зэгъэпэща лъэсыдзэри къыщIигъужат. ФокIадэм и 28-м Псыгъуабжэ (Сагопши) деж 1942 гъэм и кIуэцIкIэ къэхъуа танкыдзэ зэхэуэ нэхъ ин дыдэр щекIуэкIащ. ЛъэныкъуитIым танкхэр щэ бжыгъэкIэ щызэпэщIэтащ, топыр мин бжыгъэкIэ щагъэуащ. Иджы къалэ хъуа Мэлгъэбэг жылэр а лъэхъэнэм къуажэу щытащ. 1942 гъэм и фокIадэм и 12-м къыщегъэжьауэ 1943 гъэм и щIышылэм и 3-м нэс 14-рэ зым IэщIыхьэмэ, адрейм къыIэщIихыжу зауэ хьэлъэхэр екIуэкIащ. Мэлгъэбэг деж Дзэ Плъыжьым щыфIэкIуэдар къыпхуэмылъытэну куэд мэхъу – зауэлIрэ дзэзешэу мини 120-м щIегъу. Вермахтми цIыхушхуэ фIэкIуэдат, ауэ адэкIэ зэрыкIуэцIрымыкIыфынур къыгурыIуэри, икIуэтыжауэ щытащ.
Дзейтов Беслъэн и гуапэу жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Ингушми я лъахэхутэхэр мызэ-мытIэу зэрызэрихьэлIэр, лэжьыгъэ хъарзынэхэр зэрызэдащIэр, дяпэкIи абы къызэрыщымыувыIэнур. Апхуэдэу абы тригъэчыныхьу жиIащ къэрал къулыкъущIэхэм мы жэрдэмыр даIыгърэ щIалэгъуалэ нэхъыбэ къыхашэмэ, ди тхыдэм худиIэ зэхэщIыкIыр лъагэ зэрыхъунур, жьым пщIэ хуэзыщI, къэкIуэнум хуэлажьэ щIэблэ узынши къызэрытщIэхъуэнур.
ШУРДЫМ Динэ.