АРХЕОЛОГИЕМ ЗЫЩIЭЗЫГЪАКЪУЭЩ

Илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ Хеопс и пирамидэр. Ар Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ. 
Кхъэхалъэжьхэм я щIыIум щыдращIея адрей ухуэныгъэ абрагъуэхэм елъытауэ, Хеопс ейм пэш зэхуэщхьэхуэу зыбжанэ хэтщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди лъэхъэнэм и IX-нэ лIэщIыгъуэм а пирамидэм къыщагъуэтат Хеопс фирхьэунымрэ Пащтыхь Гуащэмрэ я «лэгъунэхэмрэ» Пэшышхуэ гъэлъэгъуапIэмрэ. Ахэр щIэныгъэлIхэм япэ дыдэу къыщаплъыхьар XIX-нэ лIэщIыгъуэм икухэрщ. АтIэми, апхуэдиз зэман зэрыдэкIауэ, ухуэныгъэ абрагъуэм нэгъуэщI пэш щхьэхуэхэр иIэми, абыхэм ящыщ зыр езы фирхьэуным кхъэлэгъунэу хухахауэ щытами щIэныгъэрылажьэхэмрэ лъахэджхэмрэ иджыри къыздэсым яхузэхэгъэкIакъым. 
Франджымрэ Япониемрэ я физикхэм мюоннэ сканированиекIэ Хеопс и пирамидэм «къыщалъэгъуащ» гъуэжлау абрагъуэу къалъыта ку нэщIышхуэ. АбыкIэ хъыбар ирагъэщIащ Nature журналым. 
ScanPyramids проектым, 2015 гъэм щегъэжьауэ лажьэм, и зы Iыхьэщ илъэсищ ипэкIэ ирагъэкIуэкIауэ щыта сканированиери. Абы лъандэрэ къызэрекIуэкIыр аращи, щIэныгъэлIхэм къалэн зыщащIыжащ фирхьэунхэу Хеопсрэ Хефренрэ я пирамидэхэу Гизэ щIыналъэм щыIэхэм, «Къутахуэ», «Тхьэмбылыфэ» ухуэныгъэ абрагъуэхэу Дахшур щIыпIэр зи хэщIапIэхэм я кIуэцIхэм пэш гъэпщкIуахэр къыщалъыхъуэну. 
Зи гугъу тщIы проектым зделэжьым, физикхэм къагъэсэбэп инфракраснэ термографие, мюоннэ радиографие, 3D-реконструкцэ, лидар-сканирование, мюоннэ томографие Iэмалхэр. 
Хьэрш мэскъалхэр, Дыгъэм къыпкърылындыкIхэри абы и къэухьым (и системэм) адкIэжкIэ къикIхэри, и нэхъыбапIэм зэрызэхэтыр протонщ. Зэрыщытыр аращи, ди планетэм и хьэуам къыхыхьэ мэскъалым гуащIагъэшхуэ зэрыпкърытым къыхэкIыу, абы езым хуэдэ нэгъуэщI «цIыкIужьейхэри» куэдыкIейуэ къегъэщI, я нэхъыбапIэр пионрэ мюону. Иужьрейхэм аргуэру нэгъуэщI мэскъалхэр дунейм къытрагъэхьэ. Минусу зэщIэузэда мюонхэр уэгум зэритыр секундэм и мелуан бжыгъэ къутахуэм къызэщIиубыдэ зэман кIэщI дыдэщ. Ахэр, ЩIым тет цIыхухэми, псэущхьэхэми, жыгхэми, къэкIыгъэхэми зэраныгъэ лъэпкъ къыхуамыхьу, зыхуэзэ псоми якIуэцIропсыкI. Абы щыгъуэми, нэхум зэрызидзым и хуабжьагъым хуэдиз дыди яIыгъщ. 
АтIэми, езы мэскъалхэр пкъыгъуэ Iувхэм щапхрылъэтыкIкIэ, я гуащIагъым и Iыхьэ гуэр абдежым къыщагъанэ, щафIокIуэд. Абыхэм я апхуэдэ «шыфэлIыфэмрэ» я зыкъэгъэлъэгъуэкIэмрэщ физикхэм щIэгъэкъуэныфI яхуэхъури къагъэсэбэпри. Я къэзыпщытэ IэмэпсымэхэмкIэ мюонхэм я зыгъэзэкIэм кIэлъыплъурэ, щIэныгъэрылажьэхэм къахутэ мафIэбгхэм, тхыдэм щыщ хъужа Мысырым, майе, ацтек къэралыгъуэжьхэм мывэм къыхэщIыкIа я ухуэныгъэ быдэхэм я кIуэцIым къыщагъэнауэ щыта ку нэщIышхуэхэр. 
- ИкъукIэ гугъэфIхэр дэзыгъэщIщ, зыпхрыкIми къыщымынэ мюонхэм я гуащIагъым щыщ Iыхьэ гуэрхэр абдежым къызэрыщагъанэр, - жеIэ хьэршым къикI мэскъалхэр джыным куэд щIауэ дихьэх, США-м и Техас штатым и университет нэхъыщхьэу Остин къалэм дэтым щылажьэ физик Швиттерс Рой. – Абыхэм апхуэдэ «хьэл-щэн» зэраIэр дэркIэ дыщэ къыщIэхыпIэм хуэдэщ, къэхутэныгъэщIэхэмкIэ дыкъэзыгъэгугъэщ. 
Мысырым и пасэрей щIэиныр джыным куэд щIауэ яужь ит щIэныгъэлI цIэрыIуэ, Инджылызым и Бристоль къалэм дэт университетым щылажьэ Додсон Айдан къызэрилъытэмкIэ, метр 30 зи кIыхьагъыну къахута ку нэщIышхуэм «къыдгуригъэIуэфынущ» езы пирамидэр щызэтралъхьэм къагъэсэбэпауэ щыта Iэмалхэр зыхуэдэри, фирхьэуным и кхъэлэгъунэр здэщыIэ лъэныкъуэри, адрей къамыхута пэшхэр здэщыIэ щIыпIэхэри. 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж