ДЫЗЭРЫГУШХУЭ ЩIАЛЭГЪУАЛЭ

Ди къэралым и еджапIэ нэ­хъыщ­хьэ цIэрыIуэхэм хабжэ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ МГИМО-р - Къэрал зэхуаку зэхущыты­кIэ­хэмкIэ институту (университету) Москва дэтыр. Къы­зэрызэIуахрэ илъэс 80-м нэса еджапIэр институтищрэ фа­культетипщIу зэхэтщ. Абыхэм щоджэ студент мини 10-м ­щIигъу. Ди гуапэ зэрыхъу-        щи, МГИМО-м щIэныгъэ нэхъыщ­хьэ щызэрагъэгъуэт Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыщ цIыху 30-м щIигъум, ас­пирантхэри яхэту. Абыхэм иджыблагъэ яхуэзащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Хамэ къэралхэм ядэлажьэ IэнатIэхэм папщIэ IэщIагъэлI­хэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор Торкунов Анатолий нэхъапэIуэкIэ IущIащ ди щIыналъэм и унафэщIыр. Ахэр тепсэлъыхьащ МГИМО-мрэ КъБКъУ-мрэ дяпэкIэ зэ­ры­дэлэжьэну щIыкIэхэм. А унэ­тIыныгъэмкIэ зэгурыIуэныгъэ­хэри зэращIылIащ. ИужькIэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ еджапIэ нэхъыщхьэм щеджэ ди лъахэгъу щIалэгъуалэ гупым. Гуа­пагъэрэ гукъыдэжрэ щыкуэда а зэхуэсым Iэтащхьэмрэ зи щIалэгъуэхэмрэ щытеп­сэ­лъы­хьащ ди республикэм, къэралым и щыхьэрым, студент гъащIэм епха Iуэхугъуэ куэдым.
МГИМО-м илъэси 10 хъуауэ  щолажьэ Къэбэрдей-­Балъ­къэрым икIахэм я студент зэгухьэныгъэ. Абы хэт щIалэ­гъуалэ нэхъыжьхэр еджэн щIэ­зыдзагъащIэхэм ядоIэпыкъу студент гъащIэм нэхъ тыншу хэзэгъэнымкIэ. Апхуэдэуи зэгухьэныгъэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI адыгэ, балъкъэр хабзэхэр, щэнхабзэр, анэдэлъхубзэхэр хъумэным, ди респуб­ликэм щекIуэкI Iуэхугъуэш­хуэхэм зэрыхъукIэ хэтыным ехьэ­лIауэ. Ди лъахэгъу щIалэгъуалэр жыджэру хэтщ ­МГИМО-м къыщызэрагъэпэщ Лъэпкъхэм я махуэшхуэхэм, Лъэпкъ шхыныгъуэхэм я зэ­пеуэхэм. Интернетым и IэмалыфIхэр къагъэсэбэпурэ, студент зэгухьэныгъэм щIэх-щIэ­хыурэ къызэрегъэпэщ ди ­щIыналъэм и IэщIагъэлIхэр, еджа­­гъэшхуэхэр зыхэт зэIущIэхэр, лъэпкъ тхыдэм, литературэм, спортым епха онлайн зэхуэсхэр. Къыхэдгъэщынщи, зэгухьэныгъэм иужьрейуэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм хохьэ КъБР-м къэралы­гъуэ зэри­гъуэтрэ илъэси 100 щри­къум хуэгъэпса «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» джэгу-зэпеуэр, нэ­гъуэщIхэри. А псоми щыгъуазэ хуащIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэр. Абы гуапэ щыхъуащ ди лъахэгъу щIалэ­гъуалэм щытхъу ­ху­жаIэу, еджэным ехъулIэны­гъэфI­хэр щызыIэрагъэхьэу, жы­лагъуэ Iуэхухэми хуэжы­джэру щIэныгъэ куурэ IэщIагъэфIрэ Москва зэрыщызрагъэгъуэтыр. Къи­щынэмыщIауэ, Iэтащхьэм студентхэм фIыщIэ яхуищIащ щалъ-хуа щIыналъэр ящымы­гъупщэу, абы щекIуэкI Iуэху­гъуэхэм, игъуэт зыужьыныгъэм ахэр кIэ­лъыплъ зэпыту зэры­щы­тым папщIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа­хэм я студент зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт ди лъахэгъу пщащэ Уэлджыр Даянэ зэрыжиIэмкIэ, ди республикэм щыщу МГИМО-м щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт щIалэгъуалэм хуабжьу я гуапэ ­хъуащ щалъхуа щIыналъэм и Iэтащхьэр зэрахуеблэгъар. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, апхуэдэ зэхуэ­зэ­хэм гушхуэныгъэ къыхалъхьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ студент щIалэгъуалэм.

КЪАРДЭН Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.