ЩIЫНАЛЪЭ БЮДЖЕТЫМ ХОПЛЪЭ

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ», ­«КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ» проектхэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед, депутатхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, республикэм и министерствэхэм, щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщI­хэр. Ар къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы жиIащ законопроектхэм нэхъ и пэкIэ комитетхэм я зэIущIэхэм зэры­щыхэплъар икIи къаIэтыну Iуэху­гъуэхэр КъБР-м и Правительствэм и ­гъусэу зэпкърахыу, щэкIуэгъуэм и 24-м япэ еджэгъуэу къащтэну зэрамурадыр.
- Законопроектхэр къэтщтэн и пэ, мыпхуэдэу дызэрыхэплъэм мыхьэ­нэшхуэ иIэщ. Гугъуехь къэзышэнкIэ хъунур дгъэбелджылырэ я хэкIыпIэхэр наIуэ къэтщIмэ, бюджетри нэхъ тыншу тхуэубзыхунущ. Абы къыхэкIыу сыхуейт нэхъ набдзэгубдзаплъэу мы Iуэхум фыбгъэдыхьэну, - жиIащ Егоровэм. - ЗэрыфщIэщи, республикэм и бюджетым и проектыр щызэхэдгъэувэкIэ, федеральнэ бюджетым къыщыгъэлъэ­гъуахэр абы лъабжьэ худощI. Мэкъу­мэш, медицинэ, егъэджэныгъэ Iэна­тIэ­-
хэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм текIуэдэнур дгъэбелджылымэ, къэралым иджыри ахъшэ республикэм къыхущIигъуну дыщогугъ. Аращи, щIыналъэм и бюджетыр 2023 гъэм зыхуэдэну къэдгъэлъа­гъуэм иджыри зэхъуэкIыныгъэхэр иIэнущ.
Егоровэ Татьянэ жиIащ республикэм езым и хэхъуэхэр иужьрей зэманым нэхъыбэ хъууэ зэрекIуэкIым хуэдэу 2023 гъэми щытыну къызэрилъытэр. Иджы­псту ар сом мелард 14,2-м нэсыну къагъэлъагъуэ.
Абы дыщIигъуащ республикэм и ­бюджетым и проектыр зэрызэхагъэувар щIыналъэм и къэрал программэ 24-м къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэзэщIэнур къэлъытауэ. Республикэм и бюджетым и процент 70-м щIигъур къэрал прог­раммэ нэхъыщхьищыр гъэзэщIэным тещIыхьащ. 
- Егъэджэныгъэм зегъэужьыным сом мелард 15,9-рэ тедгъэкIуэдэнущ, цIыху­хэм защIэгъэкъуэным - сом мелард ­13-м щIигъу, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным - сом меларди 8,7-рэ. КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым 2023 гъэм и хэхъуэмрэ къигъэ­сэбэпыну зыхуеинумрэ зэхуэдэу зэгъэзэхуащ икIи сом мелард 12-м ноблагъэ, - къыхигъэщащ Егоровэм. 
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм социально-экономикэ зыужьыныгъэу иIэну хуагъэфащэм. Абы и дэфтэрыр IыхьитIу зэхагъэуващ, къалэжьынумрэ абы щIрагъэгъункIэ хъунумрэ къыщыгъэлъэгъуауэ. 
Министрым зэрыжиIамкIэ, 2022 гъэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр яхуэгъэзащIэмэ, щIыналъэм къилэжьыр сом мелард 242-м нэсынущ. 2025 гъэм и кIэм а бжыгъэр сом мелард 306-м щIигъуну ­хуагъэфащэ (процент 26,5-кIэ хэхъуэнущ). Апхуэдэ хэхъуэхэр къызыпэкIуэну зыщыгугъыр республикэм и про­мыш­ленностырщ, мэкъумэш IэнатIэрщ, ухуэныгъэмрэ сатумрэщ.
- 2023 гъэм промышленностым и къалэныр проценти 110,5-кIэ хуэгъэзэщIэну дыщогугъ. Мэкъумэш IэнатIэм дызэрыт илъэсым сом мелард 77,7-рэ зи уасэ ­къилэжьынущ. 2023 гъэм инвестицэ Iуэхухэм республикэм къыхуихьынур сом мелард 60,4-м тыдощIыхь. 2024 гъэм ар сом мелард 64,6-рэ хъуну худогъэфащэ, 2025 гъэм - сом мелард 68,9-рэ. КъыдэхъулIэнум щIедгъэгъуфынкIэ хъуну къэтлъытэмкIэ а бжыгъэхэр сом мелард 68,6-рэ мэхъу. 2023 гъэм ухуэныгъэ лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ къэд­лэжьыну ди мурадщ сом мелард 40,8-рэ (щIедгъэгъуфынкIэ хъуну хуэдгъэфащэмкIэ - сом мелард 43,5-рэ), 2025 гъэм - сом мелард 49,2-рэ (е сом мелард 57,3-рэ), - жиIащ министрым.
2023 гъэм сатум зэблигъэкIынум сом мелард 284-рэ къызэщIиубыдэнущ (е сом мелард 291,4-рэ). 2025 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр сом мелард 356-м ­нагъэсынущ (е сом мелард 383,3-м). ЦIыхухэм я улахуэр етIанэгъэ ику иту сом мин 38,4-рэ хъуну хуагъэфащэ.
Апхуэдэуи Рахаевым къыхигъэщащ УФ-м и социально-экономикэ зыужьы­ны­гъэр зыхуэдэну хуагъэфащэмрэ къэпщытакIуэхэм къызэрабжамрэ теп­щIыхьмэ, инфляцэр хуэмурэ зэрехы­жыр. 
Министрым къигъэлъэгъуащ республикэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ инвестицэ проектышхуэу 5: Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэм лэжьэн зэрыщIидзэжынур, Шэджэм районым хуабэщ комбинат къыщызэIухыныр, ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ гъэм и сыт хуэдэ зэманми зэрызыщагъэпсэхуну Iэмалхэр къызэгъэпэщыныр, Налшык къалэм «Восточный», «Мэй» хьэблэщIэхэр щыу­хуэныр, IT-парк къызэIухыныр. Апхуэ­дэуи ар къытеувыIащ «Гидрометаллург» заводыр зэхуащIыжу IуэхущIапIэм и лэжьыгъэхэр Невинномысск зэрахьынум ехьэлIа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну къазэрыпэщылъыр. 
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ тепсэлъыхьащ республикэм и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм зыхуэдэнум. Абы зэрыжиIамкIэ, 2023 гъэм щIыналъэм и хэхъуэхэр сом мелард 52,2-рэ хъунущ, налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ - сом мелард 14,2-рэ. Налогым щымыщ хэхъуэхэр сом мелард 1,3-рэ хъуну къагъэлъагъуэ. Иужь­рейхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр къэрал мылъкум щыщ къызэрагъэсэбэпым щхьэщатыкIхэрщ, къуэды­хэрщ, хэщIы­ныгъэхэм пагъэувыж мылъкухэрщ. Зымыгъэзэж хэхъуэу 2023 гъэм республикэм и бюджетым къыхэхъуэнущ сом мелард 38-рэ.
- 2023 гъэм республикэм сом мелард 55,9-рэ къигъэсэбэпыну хуеинущ. ЦIыхухэм защIэгъэкъуэным сом мелард 11,7-рэ хуэдутIыпщынущ. Улахуэр тыным, школхэмрэ школкIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм я IуэхущIапIэхэмрэ хуаутIыпщ субвенцэхэр хэту, сом мелард 16,3-рэ текIуэдэнущ, - жиIащ Лисун Еленэ. - Къапщтэмэ, социальнэ мы­хьэнэ зиIэ Iуэхухэм псоми зэхэту сом мелард 38,2-рэ ихьынущ. Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным сом меларди 7,9-рэ тедгуэшэнущ. Субсидиехэр 2023 гъэм сом мелард 20,3-рэ мэхъу. ХуэмыщIауэ псэухэм щIыналъэм яхудыщIигъу ахъ­шэр къызэгъэпэщыным сом меларди 3,8-рэ хухэтхынущ, зи ныбжьыр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ 7-м нэс хъухэм мазэ къэс етт ахъшэр псоми зэхэту сом меларди 2,8-рэ къызэщIеубыдэ, ещанэ сабийрэ нэхъыбэрэ къызыхэхъуэхэм защIэгъэкъуэным - сом мелард 1,4-рэ, курыт еджапIэхэм IэнатIэщIэхэр къы­щы­зэIухыным - сом меларди 2,5-рэ. 
Апхуэдэуи министрыр тепсэлъыхьащ мэкъумэш, гъуэгу IэнатIэхэм, ухуэныгъэ Iуэхум трагъэкIуэдэнуми.
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил къыхигъэщащ щIыналъэ бюджетым и хэхъуэхэмрэ къигъэсэбэпхэм­-      рэ кIуэ пэтми нэхъыбэ хъууэ зэре­кIуэ­кIыр.
- Къыхэгъэщыпхъэщ 2022 гъэм къриу­быдэу республикэм и хэхъуэхэр сом ­меларди 5-м нэблагъэкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар икIи илъэсым и кIэм ар сом мелард 59-м зэрынэсынур. ЩIыналъэм къигъэсэбэпыну зыхуеину бжыгъэр ­сом мелард 60,9-рэ мэхъу, сом мелард ­1,8-м хущощIэ. Гу зэрылъыттэщи, иужьрей илъэсхэм щIыналъэм и хэхъуэхэмрэ ­къигъэсэбэпхэмрэ я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, - жиIащ АфэщIагъуэм. - Ап­хуэдэуи мыхьэнэшхуэ иIэщ республикэм езым и хэхъуэхэм. Коронавирусым зыщиубгъуа зэманым щIыналъэм хэ­хъуэу сом мелард 11,3-рэ иIащ, 2021 гъэм - сом мелард 13,7-рэ, дызэрыт илъэсым - сом мелард 14-м щIигъум дыхуэкIуэну ди гугъэщ. 
АфэщIагъуэм гугъуехьхэм ящыщу ­къигъэлъэгъуащ налогхэр тэмэму къызэрыхэмыкIыр. 2022 гъэм и пэм щIыхуэу ятелъыр сом мелард 1,6-рэ ­хъууэ щытащ. Абы щыщу сом мелуан 892-р транспорт налогымкIэ ятелъ щIыхуэрщ. 
- Апхуэдэуи республикэм мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыным хухэтх ахъшэм илъэс къэс хэдгъахъуэ пэтми, налогхэр къызэратыжыр процент 20-ми нэсыркъым. Апхуэдэ дыдэщ ухуэныгъэ и лъэныкъуэкIи (республикэм и бюджетым сом мелуани 163,3 къудейщ къэ­кIуар). Туризм IэнатIэм къитар сом ­мелуан 75,5-щ. Абыхэм къагъэлъагъуэ налог къызэрыхэкIым дызэрелэжьы­пхъэр.
АфэщIагъуэм дыщIигъуащ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу иужьрей илъэ­ситIым республикэм къэкIуа ахъ­шэм щыщ ирагъэгъэзэжын хуей зэрыхъуар, къызэрамыгъэсэбэпам къыхэ­кIыу. Апхуэдэ къэмыхъуным я нэIэ зэ­рытрагъэтыпхъэр жиIащ къэпсэлъам. 
Республикэ бюджетыр зэрызэха­гъэува щIыкIэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и унафэщI КIасэ Динэ, Федеральнэ налог IэнатIэм и управленэу ­КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Лытнёвэ Наталье сымэ. 
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэр ягъэбелджы­лащ. КъБР-м и Правительствэм ­хуа­гъэ-­­
лъэгъуащ республикэм и бюджетым кIуэ налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэ­хэмрэ нэхъыбэ зэрыщIыпхъэр, къэрал программэхэр егъэфIэкIуэным я Iэмалхэм егупсысыну. ФНС-м и къудамэу ­КъБР-м щыIэм пщэрылъ щащIащ ­на­логхэмкIэ щIыхуэхэр къызэрыхахыж щIы­кIэм хэкIыпIэщIэхэр къыхуигъуэтыну. 
Депутатхэм къыхагъэщащ «КъБР-м и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм тещIыхьауэ» законопроектыр зэрыдаIыгъыр икIи щэкIуэгъуэм и 24-м КъБР-м и Парламентым иригъэкIуэкIыну зэIущIэм япэ еджэгъуэу ар къащтэну къызэрыщыхалъхьэнур.
КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2023 гъэм зыхуэдэнум зэIущIэм щытепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурьят. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, IуэхущIапIэм и бюджетым и хэхъуэр 2023 гъэм сом мелард 11,990-рэ хъунущ. Нэхъыбэу ар зытрагъэкIуэдэнур медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр тынымрэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм зэрыхагъахъуэ программэщIэхэр къызэгъэпэщы­ным­рэщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.