|
|
НЭХЪ ХУЭНЫКЪУЭХЭМ ИРАТ
21 ноября, 2022 - 06:45
КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, щIыналъэ бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ къащэхуа транспортыщIэхэр дыгъуасэ иратащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм епха IуэхущIапIэхэм.
Автобусхэр къыщагъэсэбэпынущ Булунгу, Хъущтэ-Сырт, Шэджэм Ищхъэрэ, Балъкъэр Ипщэ, Джэрпэджэж, Безенги къуажэхэм.
Абыхэм къищынэмыщIа, техникэ 26-рэ зэрагъэпэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм папщIэ. Иджыри транспорт 15 илъэсым и кIэ пщIондэ къащэхуну я мурадщ. ТехникэщIэхэр яIэрыхьэнущ республикэм и район, къалэ округу 9-м: Бахъсэн къалэ округым, Прохладнэ, Дзэлыкъуэ, Лэскэн, Тэрч, Аруан, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ районхэм.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм епха IуэхущIапIэхэм дэIэпыкъуэгъу псын- щIэм и машинэу 9-рэ реанимобилу 1-рэ иратащ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ транспортыщIэхэр къызэращэхуфам, федеральнэ проектхэр республикэм зэригъэзащIэм и мызакъуэу, щIыналъэми и фIыгъэ зэрыхэлъыр.
- ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным республикэм и ахъши зэрыхэтлъхьэфым. Зэдгъэпэща автобусхэр транспорткIэ гугъуехь здэщыIа къуажэ нэхъ пхыдзахэм щызекIуэнущ. Санкцэхэр зэран хуэдгъэхъунукъым лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм папщIэ къащэхуащ УАЗ автомобилу 5.
КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
|
|
10.09.2026 - 09:19 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь |
|
|
10.09.2026 - 09:14 СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ щокIуэкI. |
|
|
09.09.2026 - 09:03 Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIалэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теухуа зэIущIэхэр. |
|
|
08.09.2026 - 09:13 Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы хъуащ. |
|
|
08.09.2026 - 09:12 Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. |
|