ПХЪЭХУЕЙ ТЕЛЪЫДЖЭ

Шмидт и цIэр зэрехьэ

Императорым и урыс географие зэгухьэныгъэм и унафэкIэ 1859 - 1862 гъэхэм урыс ботаник, геолог Шмидт Фёдор хэтащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIа экспедицэм. Ар тетхыхьыжащ Приамурьемрэ Сахалинрэ я щIыуэпсым, гъэщIэгъуэну гу зылъитахэм. Абы щыгъуэ къихутащ жыг лIэужьыгъуэ телъыджэ. Жыгыр къэзыхутам и цIэкIэ Шмидт и пхъэхуей фIащащ. Ар Урысейм и Приморскэ крайм къыщокI. УщрохьэлIэ Китайм, Кореем, Японием.

Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Шмидт и пхъэхуейр Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Мывалъэ щIыпIэхэм фIыуэ къыщокI, дыгъэ зытригъэпсэну фIэфIщ, урысхэм я щIымахуэ ткIийм щышынэркъым, уеблэмэм уэгъуми фIы дыдэу полъэщ. Жыгхэм куэду зэхэту урихьэлIэркъым, атIэ зыбжанэурэ яхыболъагъуэ жыгей, уэздыгъей, псей, кIей, бзииху къыщыкI щIыпIэхэм.

Жыгыр щIэмэ, и пхъафэм плъыжь-фIыцIафэ къыщIохьэ, тIорысэмэ - яжьафэ-фIыцIафэщ. Шмидт и жыгыр илъэс 300 - 350-кIэ мэпсэу. Метр 20 - 25-кIэ докIей, сантиметр 80 и гъумагъщ. Пэжщ, апхуэдэу лъагэ щыхъур нэхъ тIорысэ щыхъум дежщ. Япэ илъэс 50-м жыгыр къызэрыкIыр егъэлеяуэ хуэмущ. АдэкIэ зречри, псынщIэу зеужь.

ГъущIым хуэдэу быдэщ

Шмидт и жыгыр нэхъри хьэлэмэт ещI абы и пхъэм иIэ быдагъымрэ хьэлъагъ къызэрымыкIуэмрэ. Апхуэдэ жыгыр джыдэкIэ къибудыну и ужь уимыхьэмэ нэхъыфIщ - игъащIэкIэ упэлъэщынукъым. Уеблэмэ, фочышэ пхыкIыркъым. Шмидт и жыгым и пхъэр шыгуным нэхърэ тIукIэ нэхъ быдэщ, и быдагъыр гъущIым хуагъадэ.

XIX лIэщIыгъуэм щыгъуэ Приморьем иджыри тыншу щыбгъуэтыртэкъым зэрылажьэ Iэмэпсымэ куэд. Абыхэм ящыщ куэд къыхащIыкIыу щытащ Шмидт и пхъэхуейм. Пхъэр промышленнэ Iуэхухэми къыщысэбэпырт. Абы къыхащIыкIырт зэрыдэ машинэ, кхъуафэжьей (челнок). ИкIи ахэр куэдкIэ нэхъыбэрэ зекIуэрт. 1932 гъэм «Совторгфлот» кхъухь компанием къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ. БахъэкIэ лажьэ катер-машинэм и подшипникыр апхуэдэ пхъэхуейм къыхащIыкIат, гъущIым и пIэкIэ. Шмидт и жыгыр гъущIым пэплъыт зэрыхъунум щыхьэт техъуащ ар.

МафIэм исыркъым

Шмидт и пхъэхуейр мафIэм тыншу исыркъым. Зэгуэрым Приморье мэзым мафIэсышхуэ къыщыхъуауэ, псейхэмрэ уэздыгъейхэмрэ къахэмынэIауэ исри, Шмидт и пхъэхуейхэр къелауэ щытащ. Ар и сэбэпщ и пхъэм и Iувагъым - кубометрым хуэзэу килограмм 1048-м щегъэжьауэ 1100-м нэс. Шмидт и пхъэхуейр фыркъым. Жыгым и лъэдийр пыхауэ щIым хэлъыфынущ илъэс пщIы бжыгъэкIэ, абы щыгъуэми зыри къыщыщIынукъым, пхъафэр тегъукI мыхъумэ.

Гъэбэгъуэн хуейуэ къалъытэ

Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор Гукков Геннадийрэ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Разломий Натальерэ «Шмидт и пхъэхуейр Приморскэ крайм: къыщыкIыр, зэрызиужьыр, и мыхьэнэр» тхыгъэр зэдатхауэ щытащ. Ар ихуащ 2020 гъэм Новосибирск щекIуэкIа «Щым теухуа щIэныгъэр мэкъумэш щащIэ щIыпIэхэм я зыужьыкIэм хэту» V-нэ урысейпсо щIэныгъэ конференцэм хэтахэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъым. ЩIэныгъэлIхэм къалъытэ а пхъэхуей лIэужьыгъуэр хъумэн къудей мыхъуу, гъэбэгъуэнми елэжьыпхъэу.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.