САБИЙХЭР ЯГЪЭГУФIАЩКъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жьауэм щIэту лажьэ «Узыншагъэр щызэф1агъэувэж еджапIэ-интернат №3»-м сабийхэм я щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, ябгъэдэлъ есэныгъэхэм зезыгъэузэщI тхылъхэр тыгъэу къаIэрыхьащ иджыблагъэ. ПсапащIэ жэрдэмыр зейр «РусГидро» энергетикэ IуэхущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэрщ. «Ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ дахэхэм ящыщщ сабийр жылэм зэдайуэ, абы и гъэсэныгъэмрэ игъуэт щIэныгъэмрэ ятеухуауэ дэтхэнэ зы балигъми жэуап яхьу зэрыщытыр. Ди гум илъми, щытхузэфIэмыкIыр куэдрэщ, ауэ Iэмал зэрыдгъуэту, гулъытэ хэха нэхъ хуэныкъуэхэр зыгуэркIэ дгъэгуфIэнщ, жытIэри жэрдэм тщIащ сабийхэр зыхущыщIэ тхылъ лIэужьыгъуэхэм ящыщ тыгъэ яхуэтщIыныр. Къахуэщхьэпэмэ, фIы и лъэныкъуэкIэ тхылъхэр «лажьэмэ» къызэрымыкIуэу дыщыгуфIыкIынущ», – жаIащ жэрдэмщIакIуэхэм. Тхылъхэр зи нэм фIыуэ имылъагъухэм е зымылъагъуххэхэм щхьэкIэ къыдагъэкIащ. Абы ит сурэтхэм утеIэбэмэ, къыбоцIыху, хьэрфхэр тхылъымпIэм темыдзауэ тхыпхъэу телъщ, зи плъыфэр щхъуэкIэплъыкIэу нэм къыщIидзэ сурэтхэр ину щIащ, напэкIуэцIхэм зэтемыжу и бгъум зэгъэдзэкIыпIэхэр хуэщIащ. Зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэм папщIэ къыдагъэкIа тхылъхэр фафIэщ, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр фIыуэ ямылъагъуми, ахэр къазэрыгурыIуэн, зэрызыхащIэн бгъэдыхьэкIэм тету зэхэлъхьащ. Тхылъхэр къыдэзыгъэкIар «Зи нэхэм ямылъагъу сабий цIыкIухэм папщIэ тхылъ щхъуэкIэплъыкIэхэр» фондырщ, методикэ пыухыкIам тетщ, тыкуэнхэмрэ тхылъ щапIэхэмрэ щIалъхьэркъым, ар зыIэрыхьэн хуейхэм занщIэу хуашэ. «Узыншагъэр щызэф1агъэувэж еджапIэ-интернат №3»-м и унафэщI гупым «РусГидро» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм, жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм фIыщIэшхуэ хуащIащ, апхуэдэ тхылъ зэрыхуэныкъуэр, сабийхэм я зэхэщIыкIыр нэхъ щIэщыгъуэ зыщI, дунейр нэхъ IэфIу къащызыгъэхъу тхылъ зэрыщыщIэр къыхагъэщащ. «Тхылъ еджэ сабийм дунейм трихьэнур дахагъэщ. Езы дунейм и дахагъэ псори ялъагъуну Iэмал зэкIэ ямыIэми, ди сабийхэм я щэнхабзэ дахэм, псори зэрафIэIэфIым ар нэхъ хьэлэмэт зэращищIынум шэч къытетхьэркъым. Абы и IуэхукIэ мы тхылъ гъэщIэгъуэнхэр зэрыщхьэпэнуми пцIы хэлъкъым», – жиIащ еджапIэм и унафэщI Понэж Майе.
ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|