IУАЩХЬЭМАХУЭ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Эльбрус (Iуащхьэмахуэкъуэ) къуажэм Согаевым и цIэр зезыхьэ и уэрамымрэ Мэз уэрамымрэ ятелъ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж. Иужьрей дыдэу гъуэгум иIэ щыщIэныгъэхэр зэрызэрагъэзэхуэжрэ илъэсипщI дэкIащ. Иджыпсту а уэрамхэм лъэсу ущызекIуэнри машинэкIэ ущызэхэзежэнри шынагъуэ хъуащ.

Зэраубзыхуамк1э, километритI зи кIыхьагъ гъуэгухэм елэжьыну къапэщылъщ. Ар IыхьитIу зэхэтщ. Зы гъуэгу Iыхьэр сабий гъэсапIэмрэ сымаджэхэм щеIэзэ IуэхущIапIэмрэ йокIуалIэ, адрейм къуажэ мэжджытым урешалIэ. Мы зэманым ирихьэлIэу уэрамхэм телъ асфальт къилъэлъар трахри, щIэ тралъхьащ. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгубгъухэр ягъэбыдащ, гъуэгум ирикIуэ турхэр къыхалыкIыжащ, лъэс лъагъуэр яукъуэдиящ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщащ, зекIуэкIэ хабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэуващ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ щIыналъэм и гъуэгу мылъкум къыхахри, Тырныауз къалэм и уэрамитI къагъэщIэрэщIэжащ. КилометритIрэ метрищэрэ зи кIыхьагъ къалэ уэрамхэр щыIэ гъуэгу мардэхэм техуэжыртэкъым, зекIуапIэхэр къыхэгъэщхьэхукIатэкъым, гъуэгу хабзэхэр къызытещ дамыгъэхэр тегъэуватэкъым. Фондым къыхэкIа мылъкумкIэ Гундэлэн къуажэм и зы гъуэгу Iыхьэми хуэфащэ лэжьыгъэхэр иращIэкIащ.

Зэрыщыту къапщтэмэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм километриплI зи кIыхьагъ гъуэгухэм лэжьыгъэхэр щызэфIахащ.

Къыхэгъэщын хуейщ дызытехьэ илъэсыщIэм Бахъсэн Ипщэ къуажэм и уэрамхэм ящыщу километриплI зи кIыхьагъ гъуэгу зэрагъэпэщыжын хуейуэ лэжьакIуэхэм къазэрыпэщылъыр. А уэрамхэм тетщ цIыхухэр нэхъыбэу зэкIуал1э IуэхущIапIэхэр: сабий гъэсапIэхэр, курыт еджапIэр, сымаджэщыр, мэжджытыр.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.