ТХЬЭРЫКЪУЭ IЭРЫПI

Iуэтэж

Гъэмахуэ мазэщ. Тхьэрыкъуэ къришагъащIэхэм къахуэгумащIэу, къащысхьыпэу, дыгъэр щабэу къопс. ГъащIэщIэ зыпкърыт дэтхэнэ шырми щыгуфIыкIыу, къару яхилъхьэу. Махуэр апхуэдизкIэ къоплъри, шэджагъуэ зэрыхъуу, псэ зыIут псори жьауапIэм хуоIэ. Унэ щIыIэтыIэм зыщызгъэпсэхун мурад сиIэу сыкъыщыкIуэжым, и псэр хах фIэкIа умыщIэну, зыгуэрым и кIий макъ зэхызох. Абы сигъащтэри, мывэу сыжащ, зысплъыхьащ, сыдэIуащ. Сеплъыхмэ, джэдыкIэ цIынэ ирагъэшха фIэкIа умыщIэну, и жьэ IуфакIитIыр гъуэжьыбзэрэ езыми цы дахэ-дахэу темыту зы бзу шыр щылъщ. Зи анэм пэIэщIэ ящIа тхьэмыщкIэр мэкIий, и макъ къызэрихькIэ. Джэдуужьри щабэрыкIуэу, и пащIэр хэлъэту къокIуэ, си шэджагъуашхэр хьэзырщ, жыхуиIэ щIыкIэу. Къэсыжу и шырхэм ящыщ къызэрытым гу лъитагъэнт, тхьэрыкъуэ анэр гурыму жыгыщхьэм къыфIотIысхьэ. Абы и гуауэр гурэ псэкIэ зыхэсщIэрти, згъэзэкIуэжын мурад сиIэу, жыгым сыдэпщейри, тхьэрыкъуэ шырыр абгъуэм изгъэтIысхьэжащ. Жыгым сыкъехыжыну сыхунэмыс щIыкIэ, тхьэрыкъуэ анэм мо изгъэтIысхьэжар къридзыжащ, пэкIэ къеуэри. ЦIыхуIэ зэреIусам, цIыхумэ зэрыщыуам щхьэкIэ имыдэжу арат, ауэ сэ семыIусами, джэдуужьым ишхыжатэкъэ ар! Мэ щыуамэ, си мэкъэ щыуар, абы щхьэкIэ щхьэ уи бын хыфIэбдзэн хуей, жысIэу сызэгуэпурэ, тхьэрыкъуэ шырыр къасщтэри, ашык цIыкIу изгъэтIысхьащ. Абы и анэ къыскIэлъыплъыр зэзгъэхъуэпсэн си гугъэу, тхьэрыкъуэ шырым седэхащIэурэ, гуэщым щIэзгъэуващ. И закъуэу мызэшын щхьэкIэ, зы джэджьей цIыкIуи гъусэ хуэсщIащ.
Ар япэ махуэм шхакъым, къытехьа лейм егупсысурэ. ИтIанэ, джэджьейм Iусыр къритхъуу ишхыу зэрилъагъуу, ехъуэпсагъэнщ, хуэм цIыкIуурэ дэшхэ хъуащ. ЗигъэнщIамэ, уафэмкIэ дэнэцIейуэ тIысыжырт. Зы бзу нэкIэ къиубыдынти, абы и дамэхэр зэрыщIиупщIэм, къызэрилъэтыхьым кIэлъыплъынт, имылъагъуж хъуху. Апхуэдэурэ, зэрыс хъарым щызелъэтэну зыкъеIэт. АрщхьэкIэ цIыкIуIуэщи, йохуэхыжри, пэкIэ щIесэ.
Сыбгъэдыхьэмэ, къысхуэпщIар куэдщ, иджы сутIыпщыж, жеIэ абы и щытыкIэм. ЗэрыцIыкIурэ гъущI хъарым иса, дуней хуитышхуэм зи гур хуеIэ тхьэмыщкIэм лъэтэкIэ езгъэщIэну мурад сощI. Езыр щышырым зрамыпэсыжу къызрадзыхауэ щыта жыгым сохьри, и анэри, адрей тхьэрыкъуэ цIыкIухэри къыкIэлъыплъу тызогъэтIысхьэ, сэри и лъабжьэм сыкъыщIоувэ, си Iэгум Iус тIэкIу илъу. Ар сошийри, макъ щабэкIэ соджэ. Тхьэрыкъуэм лъэтэну зыщишэщIым, мэшынэжри, йокIуэтыж, ауэ къемыхъулIэмэ и щIыб къыдэтхэр къызэрыщыдыхьэшхынур ищIэжырти, ину зешэщI, и нэхэр зэтрипIэ-къызэтрихыжыурэ къыщIопхъуэ. Къехуэхмэ, жысIэри сышынауэ, си Iэр си нэм Iузолъхьэ, ауэ сыкъаплъэмэ, тхьэрыкъуэр жыгми тескъым, щIыми щыслъагъуркъым. ИтIанэ ищхьэмкIэ зыгуэр къыщокIий. Сыплъэмэ, тхьэрыкъуэр лъэтауэ нэгъуэщI жыг тесщ, къызэплъыт, жиIэ щIыкIэу къокIий, и дамэ цIыкIухэр ешэщIри, аргуэру мэлъатэ. Мэлъатэ, дунейр хуримыкъуу, зигъэкIэрахъуэу, зигъэщIагъуэу, сызыубыдыфын щыIэ, жиIэ щIыкIэу. Сэри сызэрымыбзу жыуигъэIэу, узригъэхъуапсэу. Тхьэрыкъуэ лъэтам къимыгъэзэжын си гугъа щхьэкIэ, къигъэзэжри си дамащхьэм къытетIысхьэжащ. 
Махуэ гуэрым тхьэрыкъуэр ежьэри, шэджагъуэ хъуху лъэтащ, къэтIысыжын ипэ, джэджьейр къызэреплъыр ищIэ хъунти, тIэу-щэ зигъэкIэрахъуэри, къэтIысыжащ. Ар зылъэгъуа джэджьейр кIийуэ, зыр жыIэн имыухыурэ адрейр къригъажьэу, тхьэрыкъуэм пежьащ. Тхьэрыкъуэм, зигъэщIагъуэ хуэдэ, и щхьэр адэ-мыдэкIэ ихьу щытащ, итIанэ зэгъусэу ежьащ. Сыту пIэрэ мы тIум зэрахьэр, жысIэри сэри щэхуу яужь сиуващ. Тхьэрыкъуэм, езыр щызгъэлъэтауэ щыта жыгым нэс джэдыр ишэри, тIури дэлъеящ, итIанэ, зы къудамэм ипкIым адрейм пкIэурэ, мис мыпхуэдэущ зэрыпщIынур, жиIэ щIыкIэу, тхьэрыкъуэм и дамэр ишэщIри лъэтащ. Къилъэтыхьщ хъурейуи, къыбгъурытIысхьэжащ. Тхьэрыкъуэм нэхърэ нэхъ дахэжу мылъатэм, зыкIи нэхъ Iейуэ мылъэтэну и гугъэу, джэджьейми и дамэхэр ишэщIри зричащ. Ауэ, къудамэ зытетым и лъакъуэр къызэрытекIыу, барфэщ жиIэу щIым къытехуащ. Джэджьейм и лъакъуэ лъэныкъуэр игъэузат. Ауэ тхьэрыкъуэм зыкъримыгъэщIэн и гугъэу, лъакъуэр илъэфу, кIийуэ, иужь ит тхьэрыкъуэми къыхуемыплъэкIыххэу, ежьэжащ. Абы иужькIэ, уэ сэ гъусэ усхуэхъункъым, жиIагъэнщ, тхьэрыкъуэр лъатэурэ къэт хъуащ. 
 Махуэ гуэрым тхьэмахуитI-щы лъандэрэ къэмыкIуэжа тхьэрыкъуэм ди пщIантIэм зыщигъэкIэрахъуэу, зыхуэзэ бзухэм зыгуэр яжриIэу солъагъу. Си деж къызэрысу мэкIий, зыгуэрхэр жеIэ, къызгуригъэIуэн и гугъэу, ауэ къызгурыIуэркъым. Сыту пIэрэ къэхъуар, щыжысIэм, си дамащхьэм къытотIысхьэ, и лъэбжьанэ кIыхьхэмкIэ си щыгъыныр къеубыд. КъызэрызгурыIуамкIэ, сыкъиIэту зыщIыпIэ сихьыну арат, ауэ, щылъэмыкIым, си япэ къоувэри, къызэплъэкIыурэ зыщIыпIэ сешэ. Апхуэдэурэ ди хадапхэм ит жыгым деж къыщоувыIэ тхьэрыкъуэр. Мыбы къыдэкIуей, жиIэ щIыкIэу, къысхуоплъых, езыр къудамэм тотIысхьэри. Жыгым сыдокIуей. И зыхуэдитIым сынэсауэ, тхьэрыкъуэр къызбгъэдотIысхьэ. Зызоплъыхьри, зэуэ гу лъызотэ жыг дыкъуакъуэм дэщIыхьа абгъуэм. Тхьэрыкъуэм и макъыр зэрызэхахыу абы и шыр цIыкIуищым я щхьэр кърагъэж, я жьэр ущIауэ. Тхьэрыкъуэ анэр абыхэм ябгъэдотIысхьэри, зыгуэр яжреIэ, мыдрейхэми я кIииныр щагъэт. Куэд дэмыкIыу тхьэрыкъуэхэм я адэри къокIуэж шхын иIыгъыуи, шырищыр чэзууэ ягъашхэ. Сэри абыхэм си гур хагъахъуэу зыкъомрэ сакIэлъоплъри, жыгым сыкъохыж, си тхьэрыкъуэ IэрыпIым щхьэегъэзыпIэ, бынунагъуэ зэригъуэтыжам сригуфIэу.  

Щомахуэ Залинэ. Сурэтыр Фердинанд фон Райт ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж