ТекIуэныгъэм и Махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыгъэлъэпIэнымкIэ Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу щытащ «Полк уахътыншэ» урысейпсо акцэр. Ар Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ис лъэпкъхэр зэрызэкъуэувэрэ илъэс 400 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ утыкум къыщежьащ. Япэ иту къежьащ кадет школхэм я гъэсэнхэр. Абыхэм яIыгът ТекIуэныгъэм и бэракъыр - метр тIощI зи бгъуагъ нып плъыжьыр. Республикэм щыпсэухэм я сатырхэм хэту къакIуэрт КIуэкIуэ Казбекрэ абы и унагъуэм щыщхэмрэ, езыхэм я адэшхуэхэм я сурэтхэр яIыгъыу.
КIуэкIуэ Мухьэмэд Къамбот и къуэм Ростов деж зэуэн щыщIидзащ. Фронтым и гъуэгуанэ гугъухэр зэпича нэужь ар жыджэру хэтащ цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным.
Ащнокъуэ Тобий ПIытIитIэ и къуэр и IэщIагъэкIэ дзэ къулыкъущIэти, Севастополь зыхъумахэм, Сапун бгыр къэзыщтахэм, Сиваш гуэлым зэпрыкIыу Кърымыр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. 1945 гъэм щегъэжьауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм къулыкъу щищIащ.
Республикэм и унафэщIым щIыгъуу къакIуэрт Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Къуэныкъуей Назир, Байсултанов Алим сымэ я Iыхьлыхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу къэрал наградэ лъапIэхэр зратахэр мин пщыкIутIым щIегъу икIи абыхэм Совет Союзым и ЛIыхъужьу 33-рэ ЩIыхь орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэщауэ 4-рэ яхэтщ.
Хэку зауэшхуэм хэта я нэхъыжьхэм я сурэтхэр яIыгът Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым, КъБР-м и Парламентым я депутатхэм, КъБР-м и Правительствэм хэтхэм, спортсмен цIэрыIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, студентхэм, курыт школхэм я еджапIэхэм.
«Полк уахътыншэм» хэтхэм ЗэгурыIуэныгъэ утыкум къащыIущIащ цIыху минипщIхэр. Абыхэм ТекIуэныгъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек:
«Ветеран лъапIэхэ! ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
Нобэ ди къэралым щагъэлъапIэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ зэрырикъур. Ар ди къэралым щыщ дэтхэнэ зы унагъуэми я дежкIэ махуэ нэхъ лъапIэ дыдэу, лъэпкъ псор зэрыгушхуэ гуфIэгъуэу щытащ, щытщ, дяпэкIи щытынущ.
ИлъэсипщIхэр блокI, щIэблэщIэхэр къыдокIуэтей, ауэ ТекIуэныгъэ Иныр - лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я дамыгъэр - зэи мыкIуэдыжыну ди Хэкум и лIыхъужь тхыдэм хыхьащ.
Дэ хэхауэ дызэрыгушхуэ Iуэхущ ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэриуха щIыкIэр Совет Союзым и фIыщIэу зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу дэ ди къалэнщ цIыху тхыдэм къыщымыхъуауэ шынагъуэу щыта зауэм и фронтхэм хахуэу щызэуахэр дигу идгъэлъыну, ди цIыхубэм ящыщу абы хэкIуэдахэр зыщыдмыгъэгъупщэну.
Дэ тщыщ дэтхэнэми и къалэн лъапIэщ а лIыхъужьыгъэр игу иригъэлъыну, Хэкур зыхъумахэм я щIыхьым пщIэ хуищIыну, ди къэралым лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр хъумэныр къыткIэлъыкIуэ щIэблэхэм нихьэсыну.
Нобэ дэ текIуэныгъэр къэзыхьа лIыхъужьхэр догъэлъапIэ, Iэщэ яIыгъыу Хэкум и щхьэхуитыныгъэр зыхъумахэм, дуней псом мамырыгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ тыгъэ яхуэзыщIахэм я щIыхьыр доIэт. Ди цIыхубэм къахьа ТекIуэныгъэм и мыхьэнэр зэи зэрымыужьыхынур быдэу си фIэщ мэхъу.
ТекIуэныгъэм дэ пщIэшхуэ щIэттащ. ЦIыху мелуан тIощIрэ блым нэблагъэ хэкIуэдащ, къалэхэр, къуажэхэр, заводхэр, фабрикэхэр зэтракъутащ, куэдым нацизмэм и лагерхэм я хьэзабыр ягъэващ. Щхьэхуиту, зыми IэщIэмылъу щытыным апхуэдэ пщIэшхуэ щIэзыта нэгъуэщI къэрал, нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым.
Ди Къэбэрдей-Балъкъэр мыиным и закъуэ ТекIуэныгъэм тыхь хуищIащ езым и къуэу, и пхъуу мин 40-м щIигъум я гъащIэхэр.
Абыхэм зэрахьа хахуагъэ иныр къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэм пщIэшхуэ хуащIу яхъумэнщ. Мы махуэм дэ апхуэдэу догъэлъапIэ псэемыблэжу фабрикэхэм, заводхэм, губгъуэхэмрэ фермэхэмрэ щылэжьахэр икIи фронтым, ТекIуэныгъэм папщIэ зи къарум щымысхьахэр. Гугъуехь псори къызэвнэкIыу а зауэ шынагъуэм текIуэныгъэр къызэ- рыщыфхьам, къэрал зэтекъутар зэрызэфIэвгъэувэжам папщIэ ди щхьэр лъахъшэу фхудогъэщхъ фронтым Iутахэмрэ тылым щылэжьахэмрэ. ФIыщIэ фхудощI иджыри фызэрыдигъусэм, Хэкур фIыуэ лъагъуным щIэблэщIэр фи щапхъэмкIэ зэрыхуэвгъасэм папщIэ.
Ветеран лъапIэхэ, ди дежкIэ икъукIэ къалэнышхуэщ фи гъащIэр зыхуэвгъэпса Iуэхур и кIэм нэгъэсыныр. Узыншагъэ фиIэну, фи Iыхьлыхэмрэ фи благъэхэмрэ фащIыгъуу куэдрэ фыпсэуну сынывохъуэхъу.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр Хэкум и щIыхьым и лъагапIэ нэхъыщхьэу уващ. Гузэвэгъуэ щыхэхуэм ди цIыхубэр быдэу зэкъуэуващ икIи а зэкъуэтыныгъэрщ нобэ дэ ди дежкIэ щапхъэр, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр, ди Хэку иныр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэр гъэзэщIэнымкIэ ди щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэр.
Республикэм ис псоми ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ сынывохъуэхъу, мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну си гуапэщ.
МахуэшхуэмкIэ! ТекIуэныгъэ Иным и МахуэмкIэ!»
Махуэшхуэ гуфIэгъуэхэм пащащ театр теплъэ зиIэ «ТекIуэныгъэм и сэлэтым - щIыхь» концертымкIэ.
Республикэм и шыгъэжапIэм шууейхэм я махуэшхуэ зэпеуэхэр щекIуэкIащ. Ахэр зэхьэзэхуащ ТекIуэныгъэм и махуэм, 115-нэ шууей дивизэм я щIыхькIэ, Хэку зауэшхуэм хэтахэм - Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм я цIэкIэ, ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык и цIэкIэ ягъэува саугъэтхэр къэхьыным теухуауэ.
Сыхьэт 22-м ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык махуэшхуэ салют щатащ.