НАБЖЭРЫХУ

Iуэтэж

ЛIыхъужь хъуну зэи щIэ­хъуэпсакъым Махъсымэ. ­И­ гъу­нэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ    дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзы­лъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къы­хуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр? Ефэкъым, дыгъуэкъым, зауэкъым, и Iэр шияуэ дэткъым, фыз иригъэкIыжакъым, къэзылъ­хуари къилъхуари епIыж. И унэр лъагэщ, и пщIантIэр хуитщ, и быныр гъэсащ, и телефоныр зарядкэм пылъщ. Зыгуэр дэб­гъуэну уигу къэкIыххэркъым абы, укъыфIэмыIуэхукIи уи жагъуэ хъунукъым, апхуэдизкIэ ищIэн и куэдщи. И хьэлращи, уи щхьэ узэрыхуэупсэнщ. Бзаджэкъым икIи акъы­лын­шэкъым, щхьэхынэкъым икIи хабзэншэкъым. ЦIы­хуфI? Узэреплъщ. Ауэ икIи цIыху Iейкъым. Губз­ыгъэ? Уей, мыделэ. Псэ къабзэ, еджа, хэгъуэза, нэплъыса? Хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ. ЦIыху хъар­зынэщ - аращ Махъ­сымэ хуэдэхэм я щыт­хъур. Мыпхуэдизу дызыкIуэцIимыгъэтIыхьу иджыри илъэс IэджэкIэ псэуфынут ар, гу зылъыдигъэтэн нэрыгъым IэщIэмызэрыхьамэ.

Модэракъэ унэм хуиту ущIэзымыгъэсыр? Зэгуэрым Махъсымэ и тхьэкIумэм йоцырхъэ набжэхэр къызэрырахьэжьэжар. Езым щыцIыкIум и адэшхуэм иригъэщIат набжэ хукIэ. Иджы ахъшэр здахьын здамыгъуэтыжым, «па­сэрей щэнхабзэр къыдогъэщIэрэщIэж» жаIэри, яшэри къэзышэри, уеблэмэ кхъэм яхьри набжэм телъын е тесын хуейуэ кIуэцIрагъэкIащ зыгуэру. Апхуэдэу ямыщIамэ, адыгэхэр хэкIуэдэжынут.
Ауэрэ бжыхьхэри набжэм хуо­кIуэж, кIуэ, тIэкIу унэлъащIэ лэчкIэ телыхьыжауэ. Къуа­жэр зи кIыхьагъым Махъсымэ фIэкIаи набжэ зыхуф дэскъым.
- КъэкIухьыкIэ зэзгъэщIатэкъым сэ, мэзым дадэ и гъу­сэу сыкIуэурэ набжэ схун щы­­щIэдзам, - Махъсымэ и псэлъэкIэми зихъуэжащ.
 - Жыгей къудамэхэр минкIэ нэхъыфIщ пхъэхуейм ­нэхърэ, - и джанэ пщампIэм еIу­­сэурэ, тIэкIуи зэпсалъэм хупыгуфIыкIыурэ ирешажьэ Iэп­щIэлъапщIэм. - Ауэ сэ сфIэфыр дзэлращ. Бжыхьым и гугъу умыщI, дзэлым къыхэщIыкIа гущэм ирапIыкIар цIыхушхуэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым жаIэу щытащ ди нэхъыжьхэм.
Жьы сохъу жиIэу гузэвэн щы­щIидзэ дыдэм, набжэ хуным цIэрыIуэ ищIа Махъсымэ иджы и бынхэри, гъунэ­гъу­хэри, хьэблэ дыдэри нэхъ къы­фIэлIыкI ­хъуат. Сыт щIэиджыр? И анэм и ныбэ щилъым, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, пщIыхьэпIэ илъэгъуауэ щытащ. «Уэ зы щIалэ къэплъхунущи,  абы нэхърэ нэхъ цIыхушхуэ ди къуажэм къыдэкIынукъым», - жиIэри зы­гуэрым къыжриIат, езыр дунейм къытехьэным мазитI фIэкIа  имыIэжу. ИужькIэ Iэзэм дежи кIуати, ардыдэр нэгъуэщI псалъэкIэ зэхригъэхащ: «Уи ­къуэхэм я зыр пхъэкIэ IэкIуэ­лъакIуэ хъунущ».
И сомитI зэрызэуIуу къызы­фIэ­щIыжхэм ящыщкъым Махъ­сымэ. ЗэрыщIалэжьщ. Зэ­ры­хущIэмыхьэращ уи нэм къы­­щIиIур. Къыпхуэлэжьыну ахъшэр мафIэгум ещхьу блож, гургургур и махуэщ. Зэ за­къуэ зибдзэну ухунэмысмэ, уэ пхуэдэхэм игъащIэкIи уалъэ­щIыхьэжынукъым. Махъсыми жьы дэхупIэ зримытыжу набжэхэр ирехуэкI. И гурыфI къикIмэ, лъагэу, екIуу, захуэу ­яхуещI бжыхьхэр. Ауэ фэншэхэр, мыдахэхэр, пщэдей къэуэжынухэр нэхъыбэщ. Сыт-тIэ абы щхьэкIэ? Ящэху!
Къэрабгъэщ Махъсымэ. И бжыхьхэр зэрыкъуан­шэ­бын­шэм зыгуэрым гу лъитэу къы­хуидзыжынкIэ шынэ зэпытщ. Сегъасэ къыжезыIэхэри зытригъэхьэркъым. «Апхуэдэ зэман сиIамэ…». Быдэ е дахэ щIэ­мыхъури арагъэнщ. ЩIэ псоми щощтэ. «Пщэдей дыгъэр уэгум къехынурэ уи пщIантIэм къыдыхьэнущ», - къыжраIэмэ, гужьеинурэ дэ­жынущ е куэбжэр игъэбыдэнущ. И насып ущIари нэхъ чэнж дохъу зэрыцыфырыхум. И щхьэ­гъусэр зэкIужщ, къы­пэ­мыпсэлъэжу зрегъэшхыдэ, «ахъшэ къызэт» куэдрэ къы­ж­ри­Iэркъым, уеблэмэ езым ­къыщеIущэкIи къыхуохуэ. И лIыр Махъсымэу щымытамэ, хэт ищIэрэ, ар хьэршым лъэтэнт, артисту джэгунт е ­къафэм хыхьэнти, Iэ кIуэцIым иж щиху лантIэу зигъэзэнт. Игу хэщIыркъым Махъсымэ и ­гуащэм, ауэ и бгъэр къызэгуичуи хэхъуэркъым. Сэ сызифызыр Махъсымэщи, зэи Компот и гуащэми, ПсыIэфI и щабэми ещхь сыхъунукъым, жыхуиIэу, хадэм йопэщэщыхь, телефонкIэ триха сурэтхэр IуплъапIэм кърелъхьэ. Езым игу нэмыс насыпым адрейхэр иригъэхъуапсэурэ, чэмыр щхьэщекIэж.
Къуаншэ щIэскъым Махъ­сымэ и унэ дахэшхуэм. ­ХущIыхьи! Зыхуей зымыщIэжи! Бэлэрыгъыу лей зытезыгъэхьи! Зэшу къалъагъу хъу­нукъыми, псори нэжэгужэу щIэсщ, щIэтщ, щIэлъщ. Езы Махъсыми и сомым и кIапэр апхуэдизу гъунэгъуу щымытамэ, гупсысэн щIидзэжынурэ, хъуэжын хуейр къищIэнут. АрщхьэкIэ, мес, набжэр Iузышыну машинэшхуэр къэсащи, абы къыщIэкIыну ахъшэр зыIэщIэбгъэкIмэ, упсэуху уи щхьэр фIэбудыжу упсэунущ.
Сыт Махъсымэ зыхуейр? Зыри. ИIэр здихьынур ищIарэт! Сыт-тIэ мыхъур? Псори мэхъу. Бжьыхьэр мыгъатхэу, щIыIэр мыхуабэу, щIылъэр мыуафэу аркъудейщ. Сыт уи пэж, Махъсымэ? Езы гъащIэр си пэжщ! УпщIэ гугъухэм зыщIебгъэукIын щыIэкъым. Уошхэ, уолажьэ, уош, зыбогъэпсэху, уожей. Ахъшэ къыуат. АбыкIэ IэфI гуэр къыбощэхури, аргуэру уошхэ, уолажьэ, уош, зыбогъэпсэху, уожей. Жыгхэр мэгъагъэ. ГъащIэр макIуэ. УолIэ, ущIалъхьэж. ХьэдэIус пхуащIри, къэнахэр аргуэру машхэ, мэлажьэ, йош, загъэпсэху, мэжей.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ

15.04.2024 - 12:51

«БАЙКОНУР» КОСМОДРОМЫР

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.

15.04.2024 - 08:35

МАХУЭШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, ­КъБР-м и Прави­тельствэм и Уна­фэщI Мусуков Алийрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ ­кърихьэлIэу.

15.04.2024 - 08:34

ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭМ ЗЭФIИГЪЭКIАР

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ ще­кIуэкIащ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм (КъБР-м и АСМО) и правленэм и зэIущIэ.

14.04.2024 - 09:03

КУЭД КЪЭЗЫМЫГЪАЩIЭУ КУЭД ЗЫЛЭЖЬА

Налшык дэт Лъэпкъ музеймрэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ су­рэтыщI цIэрыIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и с