Зи фэеплъыр мыкIуэдыжынухэр

Хэку зауэшхуэм хэкIуэда лIыхъужь 27-мрэ къэзыгъэзэжаитIымрэ СССР-м хуигъэфэща къэрал дамыгъэ 31-м              (УФ-м и Президент Путин Владимир и Iэ щIэдзауэ) я щыхьэт тхылъхэмрэ зы ­орденрэ дыгъуасэ КъБР-м и Прави­тельствэм и пэшышхуэм щратыжащ абыхэм къащIэхъуа щIэблэм.

- Нобэ, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Правительствэм и Унэм къедгъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Хэку зауэшхуэм хэта лIыхъужь 29-м я Iыхьлыхэр, Хэкур зэрахъумам ­папщIэ къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэ­хэр еттыжын папщIэ, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек. - Абы лъандэрэ илъэсипщI бжыгъэхэр дэкIыжами, цIыху­хэм я гум ихуакъым а зауэ гущIэгъуншэм ди цIыхубэм зыхригъэщIа гузэвэгъуэр, дунейр мамыру щытыным зи псэ щIэзы­тахэр. Мы махуэхэм дигу къыдогъэкIыж лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу зи Хэкур зыхъумахэр. Абыхэм я щIэблэм хуащIам уасэ иIэкъыми, пщIэ хуэтщIын хуейщ. Ди лIыхъужьхэм я лIыгъэм къищынэмыщIа, гурэ псэкIэ абыхэм я Хэкур фIыуэ ялъа­гъуу зэрыщытар ди ужь итхэм щапхъэу едгъэлъэгъупхъэщ. Зауэм къэралым и цIыху мелуан пщIы бжыгъэхэр хэкIуэдащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху мин 40-м щIигъум я щхьэ халъхьащ зэхэуэ ­гуащIэхэм. Ар гъэунэхупIэ шынагъуэт, ауэ ди цIыхубэр зэрызэкъуэувам и фIыгъэкIэ, а къарум ахэр пэлъэщыфащ. Ди лIы­хъужьхэм я фэеплъыр уахътыншэщ. 
КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ хуищIащ Нэхущ Ахьмэд, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда лIы­хъужьхэм я фэеплъыр уахътыншэ щIы­ным илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрелэжьым папщIэ. Ар ехъуэхъуащ республикэм и лъыхъуакIуэ гупхэм хэтхэм, пщIэ зыпылъ Iуэхум ахэр зэрыпэрытыр къыхигъэщу.
«Вагъуэ Плъыжь» орденым и тхылъыр хуагъэфэщащ гвардием и лейтенант нэхъыжь Шэшэн Сэфарбий Бэтокъуэ и ­къуэм, сэлэт Быж Мусэ Угъурлы и ­къуэм, лейтенант Хьэгъэбанэ Мухьэдин Быцэ и къуэм. «ЩIыхь» орденым и III нагъы­щэм­рэ «И хахуагъэм папщIэ», «Кавказыр зэ­рихъумам папщIэ» медалхэмрэ я тхылъ­хьэр - сэлэт Геккиев Ис­хьэкъ Ахъло и ­къуэм. «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалым и тхылъыр - сэлэтхэу Джатэрывэ Хьэбалэ Кушыку и ­къуэмрэ Бэрэздж ТIэмышэ Iэсхьэд и къуэмрэ; «Севасто­поль зэрихъумам пап­щIэ» медалым и тхылъыр - лейтенант нэхъыщIэ Хьэтэжьыкъуэ Хьэзрэтэлий ТIэтIым и ­къуэм; «Ленинград зэрихъумам папщIэ» медалым и тхылъыр - сэлэт Молэ Гъумарбий Темыркъан и къуэм, сержант Быгуэ Iэбу Хьисэ и къуэм, лейтенант нэхъыжь Чочаев Мыхь­муд Къаспот и къуэм. Ленинградрэ Сталинградрэ зэрихъумам ­папщIэ медалхэр - сэлэт ­Хъупсырджэн Мухътар Батыр и ­къуэм. «Кавказыр зэрахъумам папщIэ» медалым и тхылъыр - сэлэтхэу Быгуэ Мусэ Зэчрей и къуэм, Нэхущ Музир Хьэж­бэчыр и къуэм, ­Къуэдз Хьэжбарэ ПIатI и къуэм, Жэмыхъуэ Анатолэ Къазий и къуэм, Соблыр Жамбот Хьэцу и къуэм, Шорэ Чэзим Увыж и къуэм, Ержыб Билал Батырбэч и къуэм, Егъэн Сэлий ­ПIатI и къуэм, КIэрэф Гъумар Айтэч и ­къуэм, Дау ТIотIэ Машэ и къуэм, Къэ­шэж Машэ Къамбот и къуэм, Къэ­шэж Къарней ЛутIэ и къуэм, Доткъул ТIамышэ Даут и къуэм, гвардием и сэлэт Къумыкъу ТIутIэ Лэ­къумэн и ­къуэм, сержант Къалмыкъ ­Мыхьмуд Гъубжджэрий и къуэм, полит­рукым и ­къуэдзэ Мамхэгъ Iэюб ПIатIышэ и къуэм, лейтенант нэхъыщIэ Къэшэж Хьэжмусэ Дым и къуэм. 
Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща сэлэт Къэмбэчокъуэ Гъузер Ержыб и къуэм и къэрал дамыгъэр иратыжащ лIыхъужьым и къуэ Хъусен. Дзэ тхыдэр джыжыным и гуащIэ зэ­­ры­хилъ­хьам папщIэ, Урысей Федерацэм ­Зы­хъу­мэжыныгъэмкIэ и министерствэм «Хэкум и лIыхъужьхэм я фэеплъ» и ме­далыр иратащ Нэхущ Ахьмэд БетIал и къуэм.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.12.2025 - 14:02

Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ

Мэзкуу къалэм киокусинкай-каратэмкIэ зэхьэзэхуэ зыбжанэ зэуэ щекIуэкIащ мы махуэхэм.

15.12.2025 - 14:01

Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэ

15.12.2025 - 10:01

Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

12.12.2025 - 09:03

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.