МИНИНЫМРЭ ПОЖАРСКЭМРЭ

Минин Кузьмарэ (1570 - 1616) Пожарский Дмитрийрэ (1578 - 1642) цIыхубэр зыхэта зауэлI зэгухьэныгъэм я пашэу щытащ. 1612 гъэм абыхэм я унафэм щIэта зауэлIхэм полякхэр ирахужьэжри, Москва хуит къащIыжащ. Ахэр хэку лъагъуныгъэм, хахуагъэм я щапхъэу тхыдэм къыхэнащ.

1611 гъэм фокIадэм Новгород Ищхъэрэ щыщ Минин Кузьма цIыхубэм захуигъэзат зауэлI зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщыну. Къалэдэсхэм зэгухьэныгъэ Iуэхум халъхьэу щIадзащ я лэжьапщIэм и Iыхьэ щанэр. Ауэ ар яхуримыкъуу, иужьым абыхэм къалэн щащIыжат къалэжьым и Iыхьэ тхуанэр зауэлIхэм я зэгухьэныгъэм халъхьэну. Езы Мининым щапхъэ игъэлъагъуэу итащ езым и мылъкум и нэхъыбэр.

Дзэм и пашэу хахащ илъэс 30-м ит пщы Пожарский Дмитрий. Къалэдэсхэм Пожарскэм и дэIэпыкъуэгъуу хахащ Мининыр. УрысыщIыр хамэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэгъэкIыжыным хэтащ къызыхэкIа, я псэукIэ елъытауэ зэщхьэщыкI цIыху куэд. I6I2 гъэм, щэкIуэгъуэм и 4-м цIыхубэ дзэ зэгухьэныгъэм Китай-къалэр къащтэри, полякхэр Москва дахужащ. КъызыхэкIа лIакъуэ, зэрахьэ дин, я IэнатIэ емылъытауэ цIыхухэр зэкъуэувэу къагъэлъэгъуа лIыгъэ-хахуагъэр тхыдэм щапхъэ дахэу хэуващ.

Минин Кузьма 1570 гъэм Балахна къалэм къыщалъхуащ. ЦIэ лейуэ зэрихьэу щытащ «Сухорук». Языныкъуэ тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, Мининым и адэр сондэджэрт - шыгъу игъавэрт, ищэрт. Кузьма къуэшитI - Фёдоррэ Иванрэ – иIащ. Унагъуэр Новгород Ищхъэрэ Iэпхъуа нэужь, Кузьма лы щапIэ къызэIуихащ. И сату Iуэхур зэтеубла хъуа нэужь, унэ ищIащ, щхьэгъусэ къишащ. 1611 гъэм Слободам и нэхъыжьу (старостэу) хахащ. Мис а IэнатIэм пэрытущ цIыхубэр щызэщIигъэуIуауэ щытар, Москва хуит къыщащIыжынум.

Мининыр 1616 гъэм дунейм ехыжащ. Къэзан уездым IуэхукIэ щыIауэ къикIыжу, гъуэгум и псэр щыхэкIащ, щхьэусыгъуэ хуэхъуари IупщIкъым. Ар щыщIалъхьащ Новгород Ищхъэрэ.

Пожарский Дмитрий 1578 гъэм къалъхуащ. Долгорукий Юрий и лIакъуэм зэгуэр къытехъукIауэ къалъытэ Пожарскэхэр. Опричнинэм и зэманым Пожарскэхэм я мылъкур къытрахауэ щытащ.

Къэрал къулыкъум Пожарский Дмитрий пэрыуващ Грозный Иван и къуэ Фёдор и тетыгъуэм. Годунов Борис и пащтыхьыгъуэм Пожарскэр къулыкъукIэ нэхъри дэкIуеящ. «Смутэ» зыфIаща лъэхъэнэм щыгъуэ ар Зарайск къалэм и дзэзешэт. Япэ зэщIэгъэуIуэныгъэм щыгъуэ ар уIэгъэ хъури, Зарайск игъэзэжауэ щытащ. ИужькIэ Новгород Ищхъэрэм Iэпхъуащ, абы дзэщIэ къыщызэрагъэпэщыну.

Илъэс 53-м щIигъуа къудейуэ ар сымаджэрилэ хъуат. Дзэ Iуэхухэм къыхэкIыжри, Москва къулыкъум щыпэрыуващ. Абы и пщэ къыдалъхьащ «Ямской», иужькIи «Разбойнэ» Iуэхухэр (приказхэр). Абы и къулыкъу къалэнхэм хыхьэрт щIэпхъаджащIэхэм - цIыхуукIхэмрэ хъунщIакIуэхэмрэ - я Iуэхухэр зэхигъэкIыну. ИужькIэ, Пожарскэр Москва Суд приказым и нэхъыщхьэ хъуащ. Москва абы быдапIэ щиIэт. И цIэр тхыдэм къыхэнащ абы члисэ зыбжанэ иригъэухуауэ зэрыщытамкIи. Китай-къалэм Пожарскэм и мылъкукIэ щыдащIыхьащ Къэзан быдапIэр. 1642 гъэм ар дунейм ехыжащ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж