ГАЙМОРИТЫМ ФЫХУЭСАКЪЭ

Дунейм и щIыIэгъуэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей. Апхуэдэщ синусит, гайморит жыхуэтIэри. Нэпкъым щIыIэ хыхьэу, шын ирищIа нэужь, уи щхьэр пхуемыгъэзыхыу, уеблэмэ бгъэхъеин къохьэлъэкIыу, уплъыржьэру, уи пэр къыпыжу ухъуамэ - ар гайморитщ. 

Балигъым и Iуэхур нэхъ тыншщ, ауэ сабийм гайморит зэриIэр къэпхутэну гугъусыгъущ, къызэреуз щIыкIэр къызэрыбжимыIэфым къыхэкIыу. Ауэ сабийм и пэ къыпыжыр бгъэхъужа нэужь, махуэ зыбжанэ дэкIауэ аргуэру плъыржьэр къэхъужмэ, и пэшыныр Iуврэ гъуэжьыфэмэ, и пэ кIуэцIым мэ Iей кърихмэ - гайморит хъуащ. 
Гайморитыр къэхъеинкIэ хъунущ цIыхум и пэр къуаншэмэ, полип итмэ, аллергие иIэмэ, пыхусыху пкъырытмэ. Ар къэхъея нэужь цIыхум и натIэр, пэбгыр, нэпкъыр узын щIедзэ, хуиту бэуэфыркъым. 
Сымаджэм езыр-езыру зигъэхъужыну яужь имыхьэмэ нэхъыфIщ, сыту жыпIэмэ сэбэп зыхуэхъужу къыщыхъуурэ и узыр хигъэтIэсэнкIэ шынагъуэщ. Дохутырым рентген трихынущ е компьютер диагностикэ иригъэкIуэкIынущ, нэпкъым шын итрэ имытрэ къищIэн папщIэ. 
ЦIыхум и лажьэр къащIа нэужь, абы шын итмэ, пхыраудрэ къагъэкъабзэу хабзэщ, ауэ иджы нэгъуэщI Iэмалхэри къежьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а Iуэхугъуэм языныкъуэ цIыхухэр щышынэми, шыныр къамыгъэкъэбзауэ, узыр зэрымыужьыхынур. КъыкIэлъыкIуэу сымаджэм нэхъ къезэгъын антибиотик хуатхри, ар ирахьэлIэ. Гу лъытапхъэщ зи пэр пхауда, зи иммунитетыр махэ хъуа цIыхум нэгъуэщI узыфэ къимыубыдын папщIэ, хуэсакъын зэрыхуейм. Апхуэдэу, сымаджэр зыщIэлъ пэшым и щхьэгъубжэхэр Iуахыурэ жьы къабзэ щIрагъахуэ, псы куэду ирагъафэ, тутын е фадэ ефэнкIэ Iэмал иIэкъым.
Гайморитыр зи узыфэ лIэужьыгъуэмрэ ар зэрагъэхъужымрэ топсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым и республикэ сымаджэщым ЛОР узыфэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Щэрдэн Зураб:
- Пэ, тэмакъ узыфэу медицинэр зыщыгъуазэм я зэхуэдитIыр пэ кIуэцIращ нэхъ зыхуэлъэр. Мы Iуэхум куууэ дыхэIэбэу къэттIэщIыным зэманышхуэ ихьынущи, гъэкIэщIауэ зэпкъырытхмэ нэхъыфIщ. Пэжщ, гайморитыр Iэмал бжыгъэншэхэмкIэ ягъэхъуж. Абы къегъэлъагъуэ езы гайморитри лIэужьыгъуэ куэд зэрыхъур. Дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ иIэжщ. Ауэ нобэрей медицинэм нэхъ фIэкъабылыр IэмалитIщ: пэ кIуэцI бэгар зыгъэтIысыж терапиерэ антибактериальнэ терапиерэ. Аращ узыхуейри. Мы къезбжэкIаитIыр сэбэп мыхъурэ, итIанэщ хирургиер къыщыхыхьэр. Псоми дощIэ, гайморитыр «ягъэхъужу» Iэзэ Iэджи зэрыщыIэр, «хущхъуэгъуэ» зэмылIэужьыгъуэхэр зэхащIэрэ ирахьэлIэу. Ауэ пасэрей зэманым дыщыпсэужкъым дэ медицинэм зиужьащи, ахэр псори лъэныкъуэ егъэзауэ, фи ахъши зэмани лейуэ фымыгъэкIуэду, занщIу дохутырым деж фыкIуэ, гайморит фиIэу гурыщхъуэ фщIамэ. 
 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.