КАДЕТ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Дыкъынэ Зураб и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м щIэс ныбжьыщIэхэм иджыблагъэ къахэхъуащ. Ар и щхьэусыгъуэу зэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэм и утыкум кадетхэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр зэрагъэзэщIэнумкIэ, еджэныгъэр Iэпэдэгъэлэл зэрамыщIынумкIэ, щалъхуа хэкум зэрыхуэпэжынумкIэ ныбжьыщIэхэм тхьэлъанэ щащIу дауэдапщэ дахэ ирагъэкIуэкIащ.

ЗэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм я унафэщIхэр, адэ-анэхэр, ветеран икIи жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм и лэжьакIуэхэр.
ТхьэрыIуэ ята нэужь «кадет» цIэр цIыху 34-м хуагъэфэщащ. Апхуэдизщ кадет еджапIэ-интернатым мы гъэм щеджэну къащтари.
МазитI иримыкъум къриубыдэу ныбжьыщIэхэм зрагъэгъуэта есэныгъэхэр махуэщIым кърихьэлIахэм ирагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу абыхэм адэ-анэхэмрэ хьэщIэхэмрэ я фIэщ ящIащ дзэ сатырым щызэрахьэ хабзэхэм хъарзынэу зэрыщыгъуазэр, я лъэр захуэу ядзрэ я пкъыр задэу яIыгъыу зэрыхэбэкъукIыр, зыгъэзапIэ-гъэшыпIэхэм щыуагъэ къыхамыгъэкIыу зэрекIуэкIыр. НыбжькIэ нэхъыжьыIуэхэм Iэщэр далэкIэ зэрызэпкърахыр икIи зэрызэпкъралъхьэжыр ягъэлъэгъуащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн къалэм дэт, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м и пэщIэдзэ классхэм щIэс кадет ныбжьыщIэхэр. Щысхэр теумэзэхауэ еплъащ кадет фащэхэр къызыщылыдыкI сабийхэм а махуэм утыку кърахьа кадет вальсым.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм кърихьэлIа, Бахъсэн щIыналъэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор къызэрыхигъэщамкIэ, хэкупсэу къэтэдж щIалэгъуалэм уахэплъэну гухэхъуэт. «Iэщэм я нэхъ лъэщыр щIэныгъэращ. ЩIэныгъэ зиIэм пэжыр и гъуазэу сыт щыгъуи щытынущ. Пэжыр тегъэщIапIэ зыщI цIыхум игури и щхьэри зэтелъщ, захуагъэм и телъхьэщ, мамырщIэкъущ. ЩIэныгъэ зиIэм и хьэлыр зэтеубыда, и цIыхущхьэм нэхъ дахэ дыдэу хэлъхэр къыхэщ мэхъу. Фи щIэныгъэм дунейр мамыру зыгъэпсэун зэхэщIыкI къищIыкIыну си гуапэщ», – жиIащ Ахъуэбэч Андзор.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.

12.02.2026 - 09:03

ДыщогуфIыкI икIи дрогушхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и ми­нистерствэм блыщхьэ кIуам щрагъэблэгъащ Ярыгин Иван и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Красноярск къалэм щекIуэкIа зэ­хьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа, килограмм 74-рэ зи

12.02.2026 - 09:03

ТекIуэныгъэ инхэм я лIыхъужьхэр

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэ­гъуэ­ныгъэ гъэ­щIэ­гъуэн къы­щы­зэIуахащ, «Героям вели­ких побед посвящается» ­фIащауэ.

11.02.2026 - 12:25

«Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» фестивалым

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мазаем и 8-м щекIуэкIащ «Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ фестиваль-еп­лъы­ныгъэр зэрызэхуащIыж концертыр.

11.02.2026 - 09:03

ЩIыналъэхэм щыIэ псэукIэм теухуауэ

Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ «КъБР-м и муниципалитетхэм я зэгухьэныгъэм» и советым и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим.