ШЕЙМ И КЪЕЖЬАПIЭР

Шейм и хэкуу къалъытэ Китайр. Абы и пащтыхьу щыта Нуну Шень япэу игъэвауэ щытащ шей. Ар къыщыхъуар ди эрэм ипэкIэ 2700 гъэрщ. Пащтыхьым мафIэм деж псы къыщигъэвэну тригъэувэри, абы зэрымыщIэкIэ хэлъэлъащ жыгым къыпыщэща тхьэмпэхэр. Ар пащтыхьым гъэщIэгъуэн щыхъуащ икIи тхьэмпэхэм псыр къыщIигъэвыкIащ. Ефэри, егъэлеяуэ гурыхь щыхъуащ. А Iуэхум и ужькIэ, Китайм зыщрагъэсащ шейудз ягъэкIыу, ар къагъэсэбэпу.
XVI лIэщIыгъуэм Китайм и деж япэу шей къыщищэхуу щIидзащ Голландием. Уеблэмэ къэралыгъуэхэм зэгурыIуэныгъэ зэраухылIат – Голландием Китайр пиратхэм ящихъумэрт, абы къыпэкIуэу Китайр Голландием дэIэпыкъурт шей хьэрычэтыр зэтригъэувэнымкIэ. Японием шейр нэсауэ къалъытэ ди эрэм ипэкIэ 8-нэ лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу. I728 гъэм Индием шей къагъэкIыу зрагъэсэнымкIэ къыдэIэпыкъуащ Голландиер, Инджылызми шейр къэзыгъэсар Голландиерщ.
Урысейм шейр къыщыунэхуащ Европэм ипэ, ауэ КъуэкIыпIэм иужькIэ. XVI лIэщIыгъуэм мащIэ дыдэу шейр къэралым къыщрахьэ щыIэт тыгъэу. I567 гъэм Китайм щыIа къэзакъ атаманхэу Петроврэ Ялышеврэ китай пащтыхьым къыбгъэдэкIыу урыс пащтыхьым къыхуашащ пхъуантэжьей гъэщIэрэщIам дэлъ шей гъуэжьыр. I638 гъэм урыс лIыкIуэ Старков Василий пащтыхьым монгол хъаным къыхуигъэхьат шей килограмм 64-рэ. I665 гъэм шейкIэ еIэзэрт сымаджэ хъуа пащтыхь Алексей Романовым. Ауэрэ шейр Сыбырми нэсащ. XVII лIэщIыгъуэм Урысейм шей щефэрт боярхэмрэ абыхэм я блыгущIэтхэмрэ. Шей ящэрт сондэджэр къулейхэм. XVIII лIэщIыгъуэм шей къэзыщэхуфхэм яхыхьащ лIакъуэлIэшхэри. XIX лIэщIыгъуэм шейр Урысейм щызэлъащIэсыпащ.
Пётр Езанэм и пащтыхьыгъуэм Урысейм шейр нэхъри цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ. I707 гъэм абы щэхуакIуэ чэруан Китайм иутIыпщащ, шей Iуэху зэрахуэну. Урысей хьэпшыпхэр абы шейкIэ е дыжьынкIэ къыщахъуэжырт. XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым ирихьэлIэу Урысейм Китайм къришырт илъэсым къриубыдэу шей тонн 327-рэ.
Нэхъапэм Урысейм щацIыхуу щытар шей гъуэжьрэ удзыфэрэщ. ЩефэкIи фошыгъу хадзэртэкъым. Абы къыхэкIыу, бзылъхугъэхэм зыкъомрэ гурыхь ящыхъуакъым ар – яфIэдыджт. Урысейм хабзэ щыхъуащ шейм умыпIащIэу, ууэршэрурэ уефэыр. Шей ефэныр яуха нэужь, зыкъызэрырагъащIэ Iэмалхэри щыIэщ. XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм хьэщIэм шей зэрефа Iэгубжьэр иIубрэ шейщIэтым иригъэувэжамэ, зэрырикъуар къригъэкIырт. Иужьым, Европэм щапхъэ трахри, Iэгубжьэ нэщIым бжэмышхыр иралъхьэу къаублащ, шей ефэн зэраухам и щыхьэту. ЕмыкIуу къалъытэрт Iэнэм упэрысу шейм уепщэурэ бгъэупщIыIуныр, Iэгубжьэм макъ ищIу ебудэкIыурэ шейр зэIыпщIэныр. XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ Урысейм щрафу щытар китай шейщ. ИужькIэ, абы къыщыунэхуащ Индием, Цейлоным я шейхэри.
Япэу шей губгъуэхэр къыщыунэхуащ Батуми, Краснодар крайм, Азербайджаным. I9I3 гъэм Урысейм щыIэт шей фабрики 5. Абыхэм ящыщ зым Париж щыIа дунейпсо шей гъэлъэгъуэныгъэм тыгъэ къыщихьауэ щытащ.

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.03.2025 - 09:03

Жьыуэпсыр зейр фэращ

Дунейм и зыхъуэжыкIэм, жьым и къепщэкIэм, псыхэм я зыгъэзэкIэм, зэрыщыту къатщтэмэ, жьыуэпсыр (климатыр) зыджхэмрэ абы кIэлъыплъхэмрэ яхуэгъэзауэ къагупсыса «Гидрометеорологие къулыкъум и махуэ» зы

26.03.2025 - 09:03

Хьэхэр полицэм

БалигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспекторхэм Налшык къалэм и еджакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ зэIущIэ щхьэпэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ хьэхэр ящIыгъуу зэрылажьэр. 

26.03.2025 - 09:03

Я зэфIэкI еплъыжынущ

Урысей ФССП-м, «Орлёнок» Урысейпсо сабий центр цIэрыIуэм щIыгъуу зэхешэ «Хабзэм и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр» программэм хэтынухэм я зэпеуэ.

25.03.2025 - 15:59

МакъамэкIэ Хэкур зыгъэлъапIэхэр

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм, концерт щитащ щапхъэу къалъыта, УФ-м и Лъэпкъ гвардием и зауэлIхэм я оркестрым (полковник Шахмухаметов Азат и унафэм щIэтым). 

25.03.2025 - 09:03

ЩIым и махуэ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 - 21-хэм «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI.