КЪЕГЪЭЛАКIУЭХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ бгы лъагэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым щыщхэу 2021 гъэм Iуащхьэмахуэ бгым цIыхухэр къыщегъэлыным хэтахэм къэрал, ведомствэ дамыгъэ лъапIэхэр Терскол поселкэм щратащ.   ЗэIущIэ гуапэм хэтащ Урысей МЧС-м и аппарат нэхъыщхьэм и лIыкIуэ Ганиев Фарид.

ЩытыкIэ къызэрымыкIуэм иту и къалэныр игъэзащIэу къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ псэемыблэжыныгъэмрэ, апхуэдэуи и лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэ лъагэхэм папщIэ «ПсэзэпылъхьэпIэ ихуахэр къызэрыригъэлам щхьэкIэ» медалыр Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ хуагъэфэщащ:

Урысей МЧС-м Iуащхьэмахуэ щиIэ IуэхущIапIэм и къэлъыхъуэныгъэ-къегъэлыныгъэ IэнатIэм и унафэщIхэу Апсуваев Адамей, Моллаев Эдуард, унафэщIым и къуэдзэ Хаджиев Альберт, къегъэлакIуэхэу Ахкубеков Адильбий, Газаев Алибек, Глашев Ислъам, Гулиев Артур.

А Указ дыдэмкIэ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и къегъэлакIуэ» цIэр фIащащ Урысей МЧС-м Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым и къегъэлакIуэ Квициани Цезарь.

ЯгъэлъэпIахэм яхэтщ Урысей МЧС-м и дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэри.

«КъегъэлакIуэ IэщIагъэм и пщIэр Iэтыным зэрыхуэлажьэм папщIэ» медалыр иратащ къегъэлакIуэ Квициани Чабуки, Бегиев Рустам.

 Урысей МЧС-м «И ехъулIэныгъэхэм папщIэ» и бгъэхэIу дамыгъэр хуагъэфэщащ Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым и лэжьакIуэ Кучмезов Хъусен.

 «КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжыным хэтам» бгъэхэIу дамыгъэр хуагъэфэщащ Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым хэт Малкаров Азэмэт.

 

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.09.2026 - 09:03

И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессион

13.09.2026 - 09:03

Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъ­хэм я бзэхэм я махуэр.

12.09.2026 - 09:03

Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

12.09.2026 - 09:03

ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ.

11.09.2026 - 16:11

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.