ЖУРНАЛИСТХЭМ Я ЗЭIУЩIЭШХУЭ

Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и XIII зэIущIэр иджыблагъэ Мэзкуу щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу 326-рэ. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэри.

Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа зимычэзу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ блэкIа илъэситхум IэнатIэм щахузэфIэкIам, я ехъулIэныгъэхэм, зыхунэмысахэмрэ ялэжьын хуейуэ къапэщылъхэмрэ. Зэгухьэныгъэм и унафэщI Соловьев Владимиррэ секретариатым и пашэ Агранович Екатеринэрэ я къэпсэлъэныгъэр зэфIэкIа нэужь, унафэщI гупхэри хахащ.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ дызыхуэкIуэ илъэситхум зэрылэжьэну щIыкIэм, гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэ, цIыхубэм нэхъыбэу гу зылъегъэтапхъэ Iуэхугъуэхэм. Зэгухьэныгъэм зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщу нэхъыщхьэу къалъытащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм пэрыт цIыхухэм я пщIэр къэIэтын, журналистым хуэщIыпхъэ Iулыджыр гъэбыдэн зэрыхуейр. КъызэрыхэщамкIэ, абы и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэри яIэ хъуащ. Апхуэдэу Зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ къэралым къыщызэрагъэпэщащ «Урысейм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр, зэуапIэм ит журналистхэм страховкэ щхьэхуэхэр къыхузэрагъэпэщащ, шынагъэншагъэм ехьэлIа программэхэр IэнатIэм пэрытхэм папщIэ ирагъэкIуэкIащ. Гулъытэншэу къэнакъым щIыналъэхэм щыIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэри. Зэгухьэныгъэм и гукъэкIкIэ Урысейм и щIыпIэ куэдым журналистхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъуэ программэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхалъхьэри, курсхэр щрагъэкIуэкIащ.

ЗэIущIэм и гугъу щащIащ дзэ зэпэщ1этыныгъэхэр щек1уэк1 щ1ып1эхэм щыIэ журналистхэм я лэжьыгъэр Iэщэ яIыгъыу зауэм Iутхэм хуэгъэдэн хуейуэ къыхалъхьа жэрдэмми. А гупысысэр зэхуэсым хэтхэм я нэхъыбэм игъуэу къалъытащ икIи къэрал къулыкъущIапIэхэм ар я пащхьэм иралъхьэну Iэ яIэтащ.

Зимычэзу зэIущIэр хэхыныгъэхэр щекIуэкI зэхуэсыгъуэуи щытащ. Апхуэдэу Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу етIуанэ пIалъэр ирихьэкIыну хахыжащ Соловьёв Владимир. Зэгухьэныгъэм ЩIыхь зиIэ и унафэщI цIэр хуагъэфэщащ Богданов Всеволод, КъэпщытакIуэ гупым и пашэу ягъэуващ Вишневецкий Алексей сымэ. Журналистхэм я зэIущIэшхуэм щыхахащ Федерацие советкIэ зэджэ хасэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы хыхьащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.