IЭБАГЪУЭ

Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ иужьрей дыдэу дэс Гъуазэрыплъ къуажэ цIыкIум егъэщIылIа Iэгъуэблагъэм пэгъунэгъуу икIи нэхъ зыщхьэщиIэтыкIауэ узыIуплъэ Iуащхьэ джафэ зэпэхъуреишхуэм «IэбагъуэкIэ» йоджэ.
Мэз IувыжьхэмкIэ къэухъуреихьыжа жылэ цIыкIум укъыщежьэу, а бгым и щхьэкIэм нэс лъэсу удэкIынумэ, километр II хуэдиз къызэбнэкIын хуей хъунущ. А гъуэгуанэр кIуным ику иту сыхьэти 6 - 8 токIуадэ.
Iэбагъуэ метр 2689-рэ и лъагагъщ. Абы ищхъэрэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщожьэ Щхьэгуащэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэж МэлкIапэ псы бгъунж цIыкIум и къуэпсхэр. Мы Iуащхьэм къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэр Кавказ къэрал биосферэ мэзгъэфIэным и щIыналъэм хохьэ. «IэбагъуэкIэ» йоджэ а бгым къедза шытхми, и бгъуитIымкIэ щыIэ хъупIэхэми.
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Адыгская (Черкесская) топонимика» зыфIища и тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, «Iэбагъуэ» фIэщыгъэр IыхьитIу зэхэлъщ: «Iэ»-рэ «багъуэ»-у, «Iэщыр щагъэбагъуэ», «Iэщым лы щащI» мыхьэнэхэр къарыкIыу. ФIэщыгъэр япэщIыкIэ зытеIукIауэ хуагъэфащэр мы щIыпIэм щыпэрыхьэт хъупIэхэращ.
Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ яIэщ щIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ яужь ита, Адыгэ Республикэм щыпсэуа щIэныгъэлI Мэрэтыкъуэ Къасым, «Кавказым и топонимикэ псалъалъэ» тхылъ гъуэзэджэр къыдэзыгъэкIа Твёрдый Александр, «Кубаным и топонимикэм теухуа очеркхэр» лэжьыгъэ купщIафIэр дунейм къытезыгъэхьа Ковешников Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.