ФIым фIыщIи щIыхьи щIыгъущ

Псэхуэлажьэ

Тхэн IэщIагъэм къалэмыр къызэрыхуэсщтэрэ къызогугъуэкI цIыху щхьэхуэм сытетхыхьыну. Абы щхьэусы­гъуитI иIэщ. Япэр: тхыгъэ зы­хуэс­тхым фIагъ-Iэзагъыу бгъэ­дэлъ псори къэслъа­гъуу ­цIыхум я деж нысхуэ­хьэсыну пIэрэ? ЦIыхур цIыху­щи, лъэ­ныкъуэ куэду мэпщIыпщI. ЕтIуанэр: гуе­мыIу хъун е сызыщымыгъуа­зэ гуэр хэлъ­мэ-щэ абы и Iуэхум? Сэ пщIыпщIу къысфIэщIар тецIуукIа фIамыщIу къыщIигъэщыжмэ-щэ и IуэхущIафэ гуэрым?.. Абы къы­хэкIыу, куэдым сатетхыхьакъым, яхужысIэн гуа­пагъэ сигу яхуилъ пэтми. Ауэ, сы­зы­гъэчэнджащэ гу­рыщ­хъуэ­хэр лъэныкъуэ езыгъэзыж IуэхущIафэ зыдэс­лъэгъуа цIыхум си къалэмыр хущIолъэт. Тхьэзэп­лъыж Ислъам апхуэдэхэм ящыщщ.

Тхьэзэплъыж
Тхыгъэ зыхуэзгъэфащэ цIы­хум и унэцIэращ япэу сы­зэгупсысыр. Абы и лъэп­къыр пщы-уэркъым ящыща, цIыху цIэрыIуэ куэд къыхэ­кIа, къулыкъущIэр я куэд жыс­Iэу сеплъкъым, атIэ унэцIэм къиIуатэмрэ абы щIыгъу цIэр цIыхум зэ­ре­кIум­рэ согупсыс. Тхьэ­зэп­лъыжым и унэцIэр егъэпэж. Адыгэм «уи тхьэ узэреплъщ» жиIэмэ, «уи напэ къызэребгъэзэгъщ» жиIэу кърегъэкI. Тхьэзэплъыж Ислъам и Iуэху бгъэдыхьэкIэр, зехьэкIэр, зэфIэхыкIэр ап­хуэ­дизкIэ гугъэзагъэщи, куэдрэ гущIэм щимыгъэфIа, гурэ псэкIэ зэмылэжьа зы Iуэху утыку кърихьэнукъым, зы­щысхьыжи ищIэнукъым. Ари дауэ? НэфIэгуфIэрэ зы­хэ­тым гукъыдэж яриту, жьы щIэтрэ зыхуэIэижь лэ­жьы­гъэм еджэ­гуэкI-егу­шы­IэкI за­щIэу и Iуэ­хур зыхуейм нигъэсу!

Театрыр зи гъащIэ
Тхьэзэплъыж Ислъам и гъащIэр тыхь зыхуищIыр театрыращ. ЩищIалэгъуэм джэгуащ, пьесэ игъэуващ; къулыкъум щыпэрыхьам театрым гулъытэу хуищIыр фIэмащIэу сценарийхэр итхыурэ абы хуэлажьэхэр игъэ­лъэпIащ, пшыхьхэр яху­зэхишащ; иджыпсту и къару псори сабий театрым ире­хьэлIэ. Мис а иужьрей лэжьыгъэм гулъытэ щхьэхуэ хуэфащэщ! 
Адыгэбзэр Iум
ирелъхьэ
Ислъам и дежкIэ мы гъэр хуабжьу лъапIэщ. Ар езыр илъэс 75-рэ мы мазэм ирикъуащ, IутIыж Борис и цIэр зэрихьэу къызэригъэпэща сабий театрыр - илъэсипщI! IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ къы­зэринэкIа и илъэс бжыгъэмкIэ сехъуэхъуну къалэ­мыр къэсщтауэ аракъым, а­тIэ а адыгэлIыр ди лъэп­къым и къалэн нэхъыщ­хьэ дыдэм зэрыхуэ­лажьэм папщIэ фIыщIэ хуэсщIыну аращ. Махуэ къэскIэ зи анэ­дэлъхубзэм пэIэщIэ хуэхъу­ лъэпкъым пщэрылъу иIэм я щхьэжщ къыщIэхъуэ щIэб­лэм бзэр Iурилъхьэныр. Ислъам зытелажьэр аращ. Къа­лэ еджапIэм театр къы­щызэбгъэпэщу, адыгэбзэр нэхъ Iэзэ дыдэу зыгъэбзэрабзэу диIа тхакIуэ IутIыж Борис и цIэ лъапIэр абы фIэпщу, къалэдэс сабийм зыры- ­з­ы­хэу адыгэ псалъэхэр и Iум иплъхьэну, анэдэлъхубзэм къыхуэбгъэуша абы и гур литературэм и лъагъуэкIэ театрым хуэпшэну, ар сыт и уасэ!
ФIыщIэ
Ислъам, уи щхьэри, уи пщIэри уи цIэм хуэдэу лъапIэщ. ЛъапIэныгъэ уиIэу, узыхуэлажьэ лъэпкъым и зэхэщIыкI плъагъужу, уи ­къару илъу, уи лъэ узэрихьэу тхьэм илъэс куэдкIэ утхуигъэпсэу, утхуигъэлажьэ! 

«Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ. 

АБРОКЪУЭ Беллэ,

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.