|
|
АМУР КЪАПЛЪЭНЫР ХЪУМЭНЫМ ХУЭУНЭТIАУЭ
3 октября, 2022 - 06:35
«Амур къаплъэн» щхьэзакъуэ мылъкукIэ зэхэмыт зэгухьэныгъэмрэ (АНО) «Урысейм и Мэкъумэш банкымрэ» зэхэту ягъэзащIэ куэдрэ узримыхьэлIэ амур къаплъэнхэр дэIыгъыным ехьэлIа проектыр.
Банкым и картэ «Амур къаплъэнымкIэ» щахуэурэ ар зыIэщIэлъыр хохьэ амур къаплъэнхэр хъумэным хуэунэтIа псапащIэ программэм. Картэм икIа ахъшэм теухуауэ банкым къыхэхъуа мылъкум щыщ Iыхьэ хухех а псэущхьэр джынымрэ хъумэнымрэ. «Амур къаплъэныр» банкым и картэ лIэужьыгъуэ псоми хэтщ: кредит, дебет, улахуэ къызэрырат, мылъку зэрыхалъхьам и картэ, нэгъуэщIхэми. Проектыр зэрырагъажьэрэ «Урысейм и Мэкъумэш банкым» «Амур къаплъэн» картэ мин 60-м щIигъу къыдигъэкIащ. «Абыхэм я къэкIуэнур ди IэмыщIэ илъщ» программэм ипкъ иткIэ «Амур къаплъэн» центрым сом мелуани 150-м нэблагъэ ирагъэхьащ.
«ЩIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь щIыпIэмрэ хъумэныр – ди къэралым и Правительствэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэунэтIахэм ящыщщ. «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» апхуэдэ жэрдэмхэм жыджэру хэтщ. «Амур къаплъэн» картэр банкым и зэрыщахуэ картэ нэхъыбэхэм ящыщщ. Апхуэдэ картэ зыIэщIэлъхэм я нэхъыбэр Мэзкуу, Санкт-Петербург, Хабаровск къалэхэм щопсэу. Ар щыхьэт тохъуэ иджырей цIыхур къалэшхуэм щыпсэу пэтми щIыуэпсым и хъумэным зэрыхуэсакъыр. Абыхэм я дэIэпыкъуныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIыну мурад зиIэм «Амур къаплъэн» картэмкIэ ирищэхуэн хуей къудейуэ аращ, банкым езым и хэхъуэм къыхихынурэ псапащIэ Iуэхум мылъку хуиутIыпщынущ», - жиIащ «Урысейм и Мэкъумэш банкым» и розницэ унэтIыныгъэм зегъэужьынымкIэ къудамэм и унафэщI Вишняковэ Светланэ.
«Урысейм и Мэкъумэш банкыр» - «Амур къаплъэн» центрым и куэд щIауэ дэлажьэхэм ящыщщ икIи закъуэтIакъуэ фIэкIа узримыхьэлIэ хьэкIэкхъуэкIэм и хъумэным хэлъхьэныгъэ хуищIар къэлъытэгъуейщ. Банкым и щIэгъэкъуэным и фIыгъэкIэ къаплъэныр щыпсэу щIыпIэм щыIэу браконьерхэм япэщIэт гупхэр техникэрэ оборудованиекIэ къызэрагъэпэщ, хъумакIуэхэр яхуапэ, турист инфрастурктурэр зэфIагъэувэ, цIыхубэм я деж егъэджэныгъэхэр щрагъэкIуэкI», - жиIащ «Амур къаплъэн» центрым и унафэщI Арамилев Сергей.
Амур къаплъэныр хъумэным ехьэлIа жэрдэмыр дэIыгъыным тету банкым фокIадэм и 17-м къыщыщIэдзауэ хъыбарегъащIэ кампание къэрал телеканалхэм щригъэжьащ, ар жэпуэгъуэм и 8 пщIондэ екIуэкIынущ. Iуэхугъуэур хуэунэтIащ амур къаплъэныр хъумэным цIыхубэм гу лъегъэтэным.
Урысей Федерацэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм кредит-финанс Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ лъабжьэ быдэщ «Урысейм и Мэкъумэшбанк» АО-р. Ар къызэрагъэпэщащ 2000 гъэм икIи нобэ къалъытэ АПК-м и кредитор нэхъыщхьэу. «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» ди къэралым щылажьэхэм ящыщу нэхъ лъэщхэм, зи Iуэхухэр зэпIэзэрытхэм, мылъку хъарзыни зыбгъэдэлъ нэхъ банкышхуэхэм хабжэ.
«Амур къаплъэн» центрыр - Урысейм щыIэ амур къаплъэныр джынымрэ хъумэнымрэ хуэунэтIа IуэхущIапIэщ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ 2013 гъэм Урысей географие зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщауэ щытащ.
Амур къаплъэныр зэрабжам ипкъ иткIэ 2021/2022 гъэхэм Урысей щопсэу амур къаплъэн 750-м мынэхъ мащIэ, шырхэри хэту. ФокIадэм и 5-м Владивосток щекIуэкIа къаплъэныр хъумэным и II дунейпсо форумым видеозэпыщIэныгъэкIэ захуэзыгъэза Путин Владимир апхуэдэ бжыгъэр къихьащ. 20I5 гъэм ирагъэкIуэкIа «къаплъэн къыхэтхыкIым» къызэригъэлъэгъуамкIэ Урысей Федерацэм щыпсэуар къаплъэн 523-540-т.
Къэхъун Бэч.
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|