|
|
ЩIЭНЫГЪЭМ И ХЪУАСКIЭР
2 октября, 2022 - 06:35
Хабзэ хъуауэ, ди къэралым гъэ къэс щокIуэкI «Илъэсым и егъэджакIуэ» къэралпсо зэпеуэр. А Iуэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщ, УФ-м и Президентым, УФ-м EгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, ЕгъэджакIуэхэм я къэралпсо профсоюз зэгухьэныгъэм, «Учительская газета»-м и редакцэм я нэIэм щIэту. Iуэхугъуэм и фIыгъэкIэ егъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщыIэта мэхъу, школым и лэжьакIуэ нэхъыфIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм щыгъуазэ куэд хуохъу, егъэджакIуэхэр зэдогуашэ я Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ.
Ди щIыналъэм щылажьэ курыт школхэм я егъэджакIуэхэри ехъулIэныгъэ яIэу хэтщ а къэралпсо зэпеуэм. Апхуэдэу тхьэмахуэ блэкIам Тюмень къалэм щекIуэкIа зэпеуэ иным ехъулIэныгъэ иIэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Налшык дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемрэ щезыгъэдж, физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат Къэшэж Аслъэн. ЗдэкIуа къалэм дэт гимназие №16-м щеджэ ныбжьыщIэхэм я деж адыгэ щIалэм щригъэкIуэкIа урок зэIухам кIэлъыплъащ зэпеуэм къыхузэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупышхуэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, дерсхэр зыта егъэджакIуэ 88-м ящыщу нэхъыфIу къалъыта 15-м яхэхуащ Аслъэн, зэпеуэм и лауреати хъуащ. Тюмень къалэм и курыт школхэм ящыщ зым дерс зэIуха щита нэужь, Къэшэжыр ехъулIэныгъэ иIэу хэтащ пресс-конференцэрэ мастер-класс жыпхъэхэм иту къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэми.
КъинэмыщIауэ, ар щыжыджэрщ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, «Россие» каналым, VK социальнэ сетым зэгъусэу къыхалъхьа «Классная тема» проектым. Къэралым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщу минхэр зыхэт а проект-зэпеуэми къыхэжаныкIащ Къэшэжыр: ар халъытащ телепроектым и финал ныкъуэм нэса егъэджакIуэ нэхъыфI 34-м. Иджы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIа егъэджакIуэр зи лIыкIуэр ди щIыналъэм и закъуэкъым, атIэ абы и щIыбагъ къыдэтщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щылажьэ егъэджакIуэ псори.
А проектым утепсэлъыхьмэ, Къэшэжым абы текIуэныгъэ къыщихьыным къэнэжыр зы лъэбакъуэ закъуэщ. Абы Iэмал иIэщ Интернетым щекIуэкI IэIэтым хэту финалым кIуэну егъэджакIуэ нэхъыфIиблым яхэхуэну. Апхуэдэу хъумэ, Аслъэн езым и уней нэтын щигъэхьэзырыфынущ «Россия» федеральнэ каналым.
Къыхэдгъэщынщи, «Классная тема» проектыр гъэлэжьэным-кIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар УФ-м и Президент Путин Владимирщ. КъэкIуэну 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэхэмрэ я илъэсу зэраубзыхуам ипкъ иткIэ, а проектри абы телэжьэнущ. Мурад нэхъыщхьэр - егъэджакIуэ IэщIагъэм пэрытхэм я пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщыIэтынырщ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграмм каналым щехъуэхъуащ Къэшэж Аслъэн, «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI - 2022» къэралпсо зэпеуэм и лауреат зэрыхъуам папщIэ. Республикэм и пашэр щыгуфIыкIащ ди щIыналъэм щыщ егъэджакIуэхэр илъэс етIуанэ хъуауэ къэралым и IэщIагъэлI нэхъыфIхэм зэрахэхуэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэрей «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм и лауреат хъуахэм яхэтащ КъБР-м хыхьэ Май къалэм дэт курыт школ №2-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэ.
«Си фIэщ мэхъу Къэшэж Аслъэн ди республикэм и щIыхьыр къэралпсо утыкушхуэм лъагэу зэрыщиIэтынур», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. - ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр гугъущ, пщIэ зиIэщ, апхуэдэуи творческэ унэтIыныгъэ зиIэщ. Ди лъахэгъу щIалэм бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ игъуэтыну сыщогугъ. «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI - 2022» зэпеуэм и телепроект цIэрыIуэми текIуэныгъэ къыщихьыну дохъуэхъу абы. И мурад псори къехъулIэну ди гуапэщ Къэшэж Аслъэн».
Мы махуэхэм екIуэкI зэпеуэхэм нэхъыфIу къыщалъытэ егъэджакIуитхур жэпуэгъуэм и 3-м ягъэкIуэнущ Москва къалэм къыщызэрагъэпэщыну иужьрей дыдэ Iыхьэу «Педагогикэ совет» фIэщыгъэр зратам. Къэралым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэр яхуэзэнущ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей. Ахэр тепсэлъыхьынущ иджырей егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зэрызегъэужьыпхъэ мардэхэм, абыкIэ яIэ еплъыкIэхэри утыку ирахьэнущ.
Жэпуэгъуэм и 5-м хэIущIыIу хъунущ «Илъэсым и егъэджакIуэ - 2022» къэралпсо зэпеуэм щытекIуэу «Абджыджэ жьэдзыуэ ин» («Большой хрустальный пеликан») саугъэт нэхъыщхьэр зратынур. Москва дэт Къэрал Кремль уардэунэм иужькIэ щагъэлъэпIэнущ егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъытахэр.
ЩIэныгъэм и хъуаскIэу сабий псоми къыдалъхур мыужьыхыным гурэ псэкIэ елIалIэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэ Къэшэж Ас-лъэн дохъуэхъу зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэщIэр иужьрей мыхъуну, зи цIэр куэдрэ фIыкIэ дяпэкIи ираIуэну.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
|
|
15.02.2026 - 12:25 УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр |
|
|
15.02.2026 - 09:03 Хьэмидей къуажэм (Тэрч район) дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шабзэ» къэфакIуэ гупым япэ увыпIэр къыщихьащ Краснодар къалэм иджыблагъэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэм хэту щекIуэкIа «Созвездие талантов» XI зэп |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ГъащIэр щымамырми зэман нэхъ гугъухэми радиор цIыхум сыт щыгъуи и сэбэпу къекIуэкIащ, хъыбар Iэригъэхьэу, и гур къызэщIигъэушэу. Гъэ къэс мазаем и 13-м ягъэлъапIэ Радиом и дунейпсо махуэр. |
|
|
14.02.2026 - 09:03 ЩIэблэм щадэмылажьэ, абыхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зрагъэужьын щхьэкIэ хэкIыпIэ щхьэхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэ хэхахэмрэ щызэрамыгъэпэщ лъэхъэнэ зэи щыIакъым. |
|
|
13.02.2026 - 17:23 Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. |
|