ЛЪЭПКЪЫМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭ ЛЪАПIЭ

Нобэ Адыгэ фащэм и махуэщ. Абы ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий лъэпкъым зыхуигъэзащ. НэхъыжьыфIым и псалъэхэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ:

ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ!

Си къуэшхэ, си шыпхъухэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа унафэм ипкъ иткIэ, 2012 гъэм щыщIэдзауэ Адыгэ фащэм и махуэщIыр фокIадэм и 28-р, щагъэлъапIэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм: Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм. Апхуэдэуи хамэ къэрал 50-м щIигъум Адыгэ фащэм и махуэр къыддаIыгъ.

Дунейм лъэпкъыу тетым зыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI дамыгъэ иIэжщ. Дэ ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ адыгэ фащэр. Щыгъын къудейкъым ар - лъэпкъым и тхыдэ, гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъ къызыхэщыж IэдакъэщIэкIщ. Кавказыдж, этнограф цIэрыIуэ Студенецкая Еленэ итхащ: «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу - апхуэдэщ адыгэ цейм и дыкIэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр икъукIэ зэкIуж щIэхъур». Фащэр адыгэм къыдэгъуэгурыкIуа щыгъынми, ар ди гъунэгъу щIыналъэхэм - Кавказым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми - къащтащ. Ди лъэпкъыр дуней псом къызэрыщацIыхуу щыта фащэр тхъумэжыну, нобэми къэтхьэсыну тхузэфIэкIащ ди нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэкIэ.

ФIыщIэ ин яхузощI ди япэ итхэм, тхыдэтххэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм ди щIэблэр я лъэпкъ тхыдэм щыгъуазэу, зэман жыжьэм къыщежьауэ нобэми дгъэлъапIэ хабзэхэр ящIэу, зэрахьэу гъэсэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIым папщIэ.

Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи, си щхьэкIи си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ фащэм и махуэмкIэ!

Сохъуахъуэ нобэрей махуэшхуэр угъурлы хъуну. ИрефIакIуэ дыщыпсэу Урысей Федерацэр, Кавказ Ищхъэрэр, адыгэ лъэпкъыр! Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр быдэ ирехъу! Мамырыгъэ, узыншагъэ, насып, ефIэкIуэныгъэ псоми диIэну Тхьэм жиIэ!

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)