ЛЪЭПКЪ ГУПСЫСЭР КЪЭЗЫГЪЭУШ СЭРАЛЪП МАДИНЭ

Сэральп Мадинэ дэрбзэр къудейкъым, ар лъэпкъ тхыдэр зыхъумэ, лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ екIу хуэзыщI IэпэIэсэ зырызхэм ящыщщ. Абы и Iэзагъым щыхьэт техъуэ ехъулIэныгъэ, щытхъу лъапIэ и куэдщ. Адыгэ фащэ щIэхъуэпс дэтхэнэми псом япэ игу къэкIыр Мадинэ и IэдакъэщIэкIхэрщ. Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Мадинэ дыхуэзэу жедгъэIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

- Дэрбзэр IэщIагъэр сыт уи дежкIэ?

 - Илъэс 30-м нэблэгъауэ си IэщIагъэм сролажьэ, абы сропсэу. Арыншэу си гъащIэри си псэукIэри си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым. Шэч хэмылъу, куэдым я насып къихьыркъым я псэм фIэфI IэщIагъэм ирилэжьэну. Сэ си IэщIагъэри, си лэжьыгъэри, си гъащIэри зэкIэщIэпх мыхъун гуэрщ.

- Илъэс I6-м уиту арат уи IэрыкI щыгъынхэр гъэлъэгъуэныгъэ Ялтэ щызэхэта щIалэгъуалэ зэхуэсым япэу щыщыбгъэлъэгъуам щыщыпщIам щыгъуэ. ИджыкIэ бды щыгъынхэмрэ а зэманым бдахэмрэ сыт хуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэ?

- Шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Абы щыгъуэ щыгъынхэр гъуэтыгъуейт, цIыхухэм щатIагъэр зэфэзэщу зэщхь защIэти, сэ си зэфIэкIыр къыщызгъэлъэгъуэн, гупсысэм зыщезгъэубгъун утыку сиIэт. Ар зыкъэзгъэлъэгъуэнымкIэ лъэбакъуэфIт. УщищIалэгъуэм деж нэхъыбэу гу зылъыптэри бгъэлъэгъуэну узыхущIэкъури и щIыIум щыIэ дахагъэрщ, тIэкIурэ упсэуа иужьщ мыхьэнэр зэрынэхъапэр къыщыбгурыIуэр. ИджыкIэ сэ щыгъыным и философиеращ нэхъ сыдэзыхьэхыр, модэр зэрысфIэмыгъэщIэгъуэнрэ куэд щIащ. Абы щыгъуэ сфIэгъэщIэгъуэныр модэмрэ махуэ къэс щыптIагъэ хъунумрэт.

- Зи гугъу пщIы модэр IэщIыб пщIыуэ гупсысэ куукIэ гъэнщIа лъэпкъ фащэхэр дыным дауэ укъыхуэкIуа?

- СыкъызыхэкIа лъэпкъым хузиIэ лъагъуныгъэм сыхуишагъэнщ, армыхъу сэ абы лIыгъэкIэ зыми сыкъришэлIакъым, фащэ дын щыщIэздзам абы мылъку кърипхуэлэжьынутэкъым. Мы дунейм дахагъэ куэд тетщ, ауэ а псом щыщу уи дежкIэ нэхъ лъапIэри нэхъ гъунэгъури укъызыхэкIа лъэпкъым ейрщ. Фащэ дын щыщIэздзам щыгъуэ ар цIыхухэм зыщатIэгъэну зэрапэсыххэртэкъым. Ауэ сэ зэи шэч къытесхьакъым ар лъэпкъым къызэрищтэжынум. Мыхьэнэ лъэпкъи есттэкъым ар Iумпэм зыщIхэм къызат чэнджэщхэм - сэ зыхуэзгъэувыжа мурадым ерыщу сыхуэкIуащ.

- Адыгэ фащэ ящыгъыу унагъуэ ихьэ хъыджэбзхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум ущымыгуфIыкIын плъэкIыркъым. Ар зи фIыгъэр лъэпкъ фащэхэр дахэу яд зэрыхъуара, хьэмэрэ лъэпкъ гупсысэр къэушыжу ара?

- Къулейхэмрэ дахэхэмрэ зыщатIагъэращ модэм и лъабжьэ хъужри. Ар дунейпсо хабзэщ. Фащэм и Iуэхури аращ зэрыхъуар. ЩэкIыфIым къыхэщIыкIа фащэ дахэр куэд зыдэплъей цIыху цIэрыIуэхэмрэ къулейхэмрэ зэрыщатIагъэу, цIыху къызэрыгуэкIхэри абы ехъуэпсащ. ИтIанэ, СССР-р щыкъутэжа лъэхъэнэм цIыхухэр зыщIэгупсысыжыну Iэмал яIащ. «Сыхэт сэ?» - жыхуиIэ упщIэр и гущIыIум къыщыкIуэм, жылагъуэм лъэпкъымкIэ зыкъагъэзэжащ. ЦIыхухъури цIыхубзри игъэдахэу ди лъэпкъ фащэм хуэдэ нэгъуэщI зы лъэпкъми яIэкъым. Лъэпкъым и хьэлыр и зыIыгъыкIэр, и псэукIэр къызытещ фащэм щIагъыбзэшхуэ щIэлъщ. А лъэпкъ фIыгъуэр хъумэныр ди къалэн пэрытхэм ящыщщ. ХьэгъуэлIыгъуэ фащэхэр европей щIыкIэу щIащи, абыхэм лъэпкъ фащэм щытыкIэр мащIэу щыхъуэжащ. Сэ нобэкIэ къалэну зыхуэзгъэувыжыр а зэхъуэкIыныгъэ мащIэхэр лъэпкъ фащэм зэран хуэмыхъуу дэтхэнэри щхьэхуэу дунейм тезгъэтынырщ.

- ЦIыхур тыншмэ, и бостейр дыгъуафIэ хъууэ къалъытэу щытащ дэрбзэрхэм пасэм. А хабзэр уи деж къыщысэбэпрэ? ИтIанэ, бостейр зыхуэбдым и хьэлым, и дуней тетыкIэм елъытауэ абы зэхъуэкIыныгъэ щыхэплъхьэ къэхъуа?

- ЦIыхум и щытыкIэмрэ и теплъэмрэ зэкIуу щытын хуейщ, а тIур щызэтемыхуэм занщIэу гу лъыботэ. Зы гъэщIэгъуэн вжесIэнщ. Апхуэдиз адыгэ фащэ зыд сэ фащэ къызэкIукъым. Сэ гурэ псэкIэ хуитыныгъэ зыфIэфI цIыхухэм сащыщщи, си пкъыр зэрыхуейуэ зыщIыну хэт бостейм сизагъэркъым. Сыт хуэдизу хабзэ зесхьэми, лъэпкъыр фIыуэ слъагъуми а фащэм сызэрикъузыр схуэшэчыркъым, апхуэдизкIэ а псэ хуитыныгъэр сфIэфIщи, уеблэмэ лэжьыгъитI зэхуэдэу сщIын хуей хъумэ, сытозашэ. Псалъэм папщIэ, накъыгъэм и 2I-м фащэ зыщыгъ щIалэгъуалэм сахоплъэри, уи адэжьхэм ящыщ гуэр къэтэджыжауэ къыпщагъэхъуу фащэр зэкIупсхэри яхэтщ, я зыIыгъыкIэкIи щытыкIэкIи абы хуэфащэу. Ауэ фащэкIэ зызыхуэпахэри болъагъу. Мис апхуэдэу цIыхум и теплъэм, и гупсысэм елъытауэ фащэр яхузод.

- Арт-центрым и лэжьыгъэм укIэлъыплъмэ, мыбы щрагъэкIуэкI дауэдапщэхэм уеплъмэ, мыр лъэпкъ зэхуэсыпIэу, лъэпкъым и унэу къэплъытэ хъунущ. Ар къыщызэIуфхам апхуэдэ мурадт абы хувиIар?..

- Илъэс куэд щIауэ а Iуэхум сыщIэхъуэпсырт, си зэфIэкIыр щымащIэм щыгъуи си хъуэпсапIэт мыпхуэдэ унэ сщIыну. Сэ къызэIузмыхами, нэгъуэщI зыгуэрым ищIыну къыщIэкIынт ар, лъэпкъым диIэну Тхьэм иухати. А зэфIэкIыр ди щхьэщыгу итым сэ къызэрысхуигъэфэщамкIэ фIыщIэ хузощI.

- Мадинэ, си Iуэху еплъыкIэр куэдым къыздаIыгъынуи къысщохъу, зи гугъу сщIыр цIыхухэм фащэр фIыуэ зэралъэгъуар уи фIыщIэу къызэрыслъытэрщ. Уэ уемызэшу, зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу лъэпкъ фащэхэр илъэс куэдкIэ утыку къипхьащ, абы адыгэ цIыхур зэригъэдахэр нэIурыт пщIыуэ.

- Тхьэм уигъэпсэу. Фащэм и пасэрей щIыкIэм хуэдэу псори зэрызмыщIым щхьэкIэ сызыгъэкъуаншэхэри щыIэщ, ауэ апхуэдэ фащэ куэду щыIэкIэ а фащэм и пщIэр нэхъ лъагэнукъым. Зэманым къезэгъыр зэхъуэкIыныгъэхэр зыхэлъ фащэращ иджыпсту щIэупщIэ зиIэр.

- Дэрбзэру еджэну хуейхэм сыт хуэдэ чэнджэщ ептынт?

- Нэхъыбэрэ еджэну. Иджырейхэм ящIэр зэрымащIэм и мызакъуэу, а ящIэ мащIэмкIи арэзыуэ зэрыпсэурщ я мыгъуагъэр. Нобэр къыздэсым соджэри, си щIэныгъэр сфIэмащIэщ. Апхуэдэхэм псом япэу ящIэн хуейщ дэрбзэр Iуэхум гугъуехьышхуэ зэрыпылъыр, ар щIэныгъэкIэ щIэмыгъэбыдамэ, жаIэр пщIэуэ упсэуну аращ.

Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.