СЫТКIИ ЩАПХЪЭ

Ижь-ижьыж зэман лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ нэхъыщхьэхэм, нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ нэхъыжьхэмрэ цIыхубзхэмрэ пщIэшхуэ зэрыхуащIыр, сабийм гулъытэ щхьэхуэ зэры­хуаIэр. Нэхъыжьым и пса­лъэр тIу ящIыркъым, абы жи­Iам падзыжIакъым, атIэ ар гъэзэщIэн хуейуэ аращ. Нэ­хъыжьым жьантIэр и тIы­сы­пIэщ. Нэхъыжьым и пса­лъэр зэпаудыркъым, и гъуэгу зэпаупщIыркъым, Iэ сэмэгукIэ зыри хуашийркъым, нэхъыжьыр щыту зыри тIысыркъым, нэхъыжьыр зыбгъэдэс ефэ-ешхэ Iэнэм щIалэгъуалэ ягъэтIысыркъым, атIэ ахэр нэхъыжьхэм ящ­хьэщытщ е Iэнэ щхьэхуэм ягъэтIыс. Нэхъыжь цIыхухъу Iэнэм зэи цIыхубз ягъэтIысу щытакъым, ауэ абы къи­кIыркъым адыгэхэм цIыхубзым пщIэ хуамыщIу е абыхэм яхуэфащэ гулъытэ ирамы­гъэгъуэту щытауэ. Хьэуэ, пщIэи гулъы­ти хуащIырт. ЦIыхубзхэр хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм щIамыгъэтIысым щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэт: ар цIыхухъу къэжэнам къемызэгъ гуэр­хэр жиIэнкIэ е ищIэнкIэ зэрыхъунурт. Мис а хабзэншагъэм цIыхубзхэр щахъумэу арат. Адыгэ хьэл-щэныр тэмэму къызыгу­рыIуэм деж­кIэ абы къемызэгъыу е емы­кIуу зыри хэлъкъым.

 Адыгэ хабзэр зэрыщытар арат: унагъуэр зыхуейр, зыхуэныкъуэр цIыхухъум кърихьэлIэн хуейт, абы къигъэхьэрычэтар цIыхубзым зригъэзэхуэну и къалэнт. Дызэрыщыгъуазэщи, унагъуэ Iуэхур нэхъыбэу зи пщэм къыдэхуэр бзылъхугъэр арат. Абы и къалэныр инт икIи унэгуащэм елъытат а унагъуэм иIэну щытыкIэр: абы илъыну хабзэри, цIыху­гъэри, нэмысри, берычэтри, къинэ­мыщI Iуэхугъуэхэри. Ноби аращ зэрыщытыр.

Адыгэ цIыхубзхэр апхуэдизкIэ нэмысыфIэти, я щхьэ­гъусэхэм еупщIыртэкъым: «Дэнэ ущыIа?» е «Дэнэ укIуэ­рэ?» – жаIэу.

Адыгэ хабзэмкIэ къезэ­гъыртэкъым быным зэхахыу лIымрэ фызымрэ зэхъурджэуэну, зэшхыдэну, псалъэ мыхъумыщIэхэр зэжраIэну. Ар емыкIуу икIи мыхъумыщIагъэ ину къалъытэрт.

Пасэ зэманым адыгэхэм мыпхуэдэ хабзи яхэлъащ: нысэ къашэмэ, ар къызыхаша лъэпкъым я цIыхухъухэм, псом хуэмыдэу и тхьэмадэмрэ и пщыкъуэхэмрэ я цIэр жиIэну хуиттэкъым, абыхэм езым цIэ яфIищын хуейт. Абы къытехъукIауэ арагъэнущ «ПщыкъуэцIэу ебзыщI» жыхуаIэр. Апхуэдэ дыдэу, цIыхубзу лъэпкъым щыщым я цIэр жиIэ хъунутэкъым. Абыхэм псоми цIэ зырызыххэ яфIищын хуейт, езы нысащIэр абыхэм иреджэну.

Апхуэдэу нысащIэм и лIым и цIэр жиIэ хъунутэкъым. Щхьэгъусэм и гугъу ищIын хуей хъумэ, «ди цIыхухъур», «езыр», «дотэ» жиIэрт. Языныкъуэм цIэ лейкIэ еджэрт.

 ЦIыхубзыфIым и лIыр тыншыгъуэм, гуфIэгъуэм, гурыфIыгъуэм щигъащIэртэкъым. Абы псори щIэ­хъуэ­­псырт икIи щIэлъэIурт. Арат «уи пIэщхьагъыр щабэ Тхьэм ищI», «ПIэщхьагъыфI Тхьэм къуит» щIыжаIэр. Арат «ЛIыфIыр фыз Iейм до­б­жьыгуэри, лIы Iейр фы­зы­фIым добжьыфIэ», – щIы­жаIэр. Мыр икъукIэ адыгэ псалъэжь пэжщ, шэрыуэщ.

Адыгэхэм хьэщIэ яфIэфIт икIи ар ягъэлъапIэу ягъэхьэ­щIэрт. Унэр зейр дэмысу хьэщIэ къыхуэкIуамэ, гъунэ­гъур къекIуэкIырти, хьэщIэр къызыхуэтыншэу хуигъэхьэщIэрт, ар зэрыхуэфащэу ири­гъэжьэжырт.

 Пасэ зэманым адыгэхэр мэкъумэш къэкIыгъэхэм щыщу нэхъ зэлэжьу щытар мэшыр, нартыхур, гуэдзыр, зэнтхъыр (овесыр) къэгъэкIынырт. Мис а гъавэхэкIхэм щыщ ирашажьэрти, шыгъу­кIэ къахъуэжырт е я гъавэм щыщ ящэрти, абы къы­щIаха ахъшэмкIэ шыгъу къащэхурт. Ауэ адыгэ Iуэры­Iуа­тэм къызэрыхэщыжщи, шы­гъур зыIэрыгъэхьэным гугъу­ехь ин пылъу щытащ: шыгъушэ кIуэн папщIэ, гупышхуэ зэрыгъэхъурт, гъуэгуанэ кIыхьыр зыхузэфIэ­кIын вы лъэрызехьэрэ лIы бэшэчрэ  хуейт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыкIи зэфIэ­кIыртэ­къым: Iэщэ яIыгъыу, зэрызэуэным хуэхьэзыру, шу гуп ягъусэн хуейт. Мис апхуэдэ гугъуехьрэ бэлыхьрэ пы­щIауэ щытащ пасэрей адыгэ­хэм шыгъу къагъэхьэрычэтыным. Абы гугъуехь пы­лъар адыгэ хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ къаIуэтэж.  

Пасэрей адыгэхэр нэхъ зэлэжьу, зэрыпсэууэ щытар мэкъумэшт, Iэщт. Псом хуэмыдэу кIапэ зыпыт адыгэ мэл ягъэхъурт, шыбз гуартэхэр яхъумэрт. Адыгэ мэлымрэ адыгэшымрэ щIэупщIэ яIэт, куэдым хъуапсэщэхуу языныкъуэхэм ягъэ­хъуну къащэхурт. Дызэрыщыгъуазэщи, адыгэшымрэ адыгэ фащэмрэ дуней псом щы­цIэрыIуэт. Адыгэ фащэр урыс пащтыхьми, дзэпщхэми, къэзакъхэми, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэми фащэу къащтауэ щытащ. Ноби ­адыгэ фащэм утыку, зэIущIэ куэд егъэдахэ.

Пасэрей адыгэхэм шхыныгъуэ нэхъыщхьэу яIар лырэ гъэшхэкIрэт. Нэхъ иужьыIуэкIэ нащи, помидори, пхъыи, къэбысти яшх ­хъуащ. Ауэрэ кIэртIофри нэгъуэщI шхыныгъуэхэри я Iэнэм къытехутэу хуежьащ. ГъавэхэкIыу нэхъыбэу ящIэр хумрэ хьэмрэт. Гъавэу яшхыр нэхъыбэу къызыхащIыкIыр хут. Абы къыхащIыкIт мэжаджэ, мэрамысэ, пIастэ, хьэлIамэ, хьэлыуэ, тхъурымбей, нэгъуэщIхэри. Хур IэкIэ яужьгът, гухъукIэ ягут, ар ялъэсырти, ягъэгъущыжт, IэрыщхьэлкIэ яхьэжырти, зыхуей шхыныгъуэр къыхащIыкIырт. А псори унэгуащэхэм я къалэнт.

 Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ ди хабзэ гъуэ­зэджэхэр, хабзэ Iущхэр ди щIэблэм псэкIэ зыхащIэу икIи ягъэзащIэу къэгъэхъун хуейщ. Ди адыгэ хабзэхэр апхуэдизкIэ фIыщи, абы щапхъи бзы­пхъи техыпхъэщ. Ди лъэпкъ Iущыгъэхэр, Iэмал зэриIэкIэ, къытщIэхъуэ щIэблэм яхэпщэн, псэкIэ зыхегъэщIэн ­хуейщ.

Адыгэхэм хабзэм гулъытэ ин, пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам щыхьэт наIуэ тохъуэ «Хабзэ зыхэлъым и хьэм сы­къишх» адыгэ пса­лъэжьыр. Мы псалъэжьым куэд къокI, ауэ нэхъыщхьэр – хабзэ зыхэлъым и хьэм сыкъишхмэ, сызыхуей сы­хуэ­зэнщ, абы гулъытэншэу сы­къи­гъэнэн­къым, адыгэ хабзэ къыскIэ­лъызэрихьэнщ жы­хуиIэщ. Мыр икъукIэ ­адыгэ пса­лъэжь шэрыуэщ икIи куп­щIафIэщ. Мыбы и мызакъуэу, адыгэ хабзэм теухуа нэгъуэщI псалъэжь шэрыуэхэри апхуэдэу купщIа­фIэхэри мымащIэу щыIэщ. Абыхэм ди щIэблэр щIэпIыкIын хуейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)