СПОРТ УТ ЦIЫКIУХЭМКIЭ КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

«Спортыр – гъащIэм и мардэщ» къэрал проектым ипкъ итIэ 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ ГТО-м и мардэхэр щатын спорт утыку цIыкIухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэ.
Апхуэдэу илъэс блэкIахэм Налшык, Нарткъалэ, Тэрч къалэхэмрэ Янтарное, Къулъкъужын Ипщэ, Жэмтхьэлэ, Каменномост къуажэхэмрэ зыхуэныкъуэхэм къыщызэрагъэпэщащ спорт утыкухэр. Дэтхэнэ зыми къызэщIеубыдэ метр зэбгъузэнатIэ 300-м нэблагъэ, ГТО-м и мардэхэм зэрызыхуагъэхьэзырын икIи къызэрапщытэн зыхуэныкъуэ тренажерхэмкIэ къызэгъэпэщащ, иджырей мардэхэм тет шынагъуэншэ резинэкIэ я лъэгур къищIыкIащ.
Спорт ут цIыкIухэр куэду цIыхухэм къагъэсэбэп. ГТО-м и мардэхэр къыщапщытэну спорт ут цIыкIу къыщызэIуахащ Лэсчэн муниципальнэ районым хыхьэ Аргудан къуажэм. Мы махуэхэм «Бедик» стадионым ут цIыкIу щагъэуващ.
Спорт ут цIыкIухэр ухуэным ехьэлIа лэжьыгъэхэм адэкIи пащэнущ икIи мы гъэм къриубыдэу ГТО-м и мардэхэр къыщапщытэну спорт ут цIыкIуищым папщIэ тренажерхэр къащэхуну я мурадщ. Муниципальнэ районхэм я администрацэхэм я лъэIукIэ ахэр траугуэшэнущ. Япэ ирагъэщынущ нэхъапэм апхуэдэ ут цIыкIухэр зэрымыта щIыпIэхэр икIи ут цIыкIум и лъабжьэр гъэхьэзырыным ехьэлIа мылъку хухэзыхыфынухэр.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.