ДЮМА И КАВКАЗЫР

Хэт зымыцIыхур Дюма и лIыхъужьхэу Д’Артаньян, виконт де Бражелон, граф Монте-Кристо сымэ? Ауэ куэд щымыгъуэзэнкIи хъунущ франджы тхакIуэр Кавказым зэрыщыIамрэ и нэгу щIэкIахэр тхылъу къызэрыдигъэкIыжамрэ.

Дюма Александр-адэр Кавказым къыщыкIуар 1858 - 59 гъэхэращ. Париж игъэзэжа нэужь, тхакIуэм и нэгу щIэкIахэр тхылъищу къыдигъэкIыжащ. МащIэу ягъэкIэщIами, 1861 гъэ лъандэрэ а тхыгъэр «Кавказ» фIэщыгъэм щIэту урысыбзэкIэ зокIуэ. Адыгэхэм ятеухуа пычыгъуэхэр куэдыщэ хъуркъым, ауэ, тхыдэ романхэм ещхьу, лэжьыгъэ къэгупсысауэ щымыт, нэгум щIэкIахэр зи лъабжьэ IэдакъэщIэкIыр пэжым нэхъ пэгъунэгъуну узэрызыщигъэгугъым къыхэкIыу, дэри ар щIыдоджыкI, ди лъэпкъым теухуауэ гъэщIэгъуэн гуэр къызэрыдгъуэтынум дыхуэхьэзыру.

Мис, псалъэм папщIэ, Дюма Iуащхьэмахуэ бгым теухуауэ итхыр: «Нобэр къыздэсым зыри нэсакъым Iуащхьэмахуэм и щыгум. Бгырысхэм зэрыжаIэмкIэ, абы щхьэкIэ Тхьэшхуэм хуитыныгъэ лей къыуитын хуейщ. Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Нухь-бегъымбарым и кхъухьым къилъэта тхьэрыкъуэр япэу зытетIысхьар абы и щыгуращ». Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэм зэрыдэкIрэ илъэс 36-рэ хъуат а сатырхэр Дюма щитх зэманым.

Псыжь щытепсэлъыхькIэ, тхакIуэм мыр жеIэ: «Псыжь (Кубань) ижьырабгъумкIэ къыщылъщ: ар Iуащхьэмахуэ къыщожьэ, Абазэ ЦIыкIур зэпеупщI, шэрджэсхэм я щIым ирожэри, Тэмэн ипщэкIэ хы ФIыцIэм холъэдэж. Геродотрэ Страбонрэ «ИпанискIэ», Птолемей «ВарданкIэ» зэджэр аращ».

 «Адыгэхэр, шэрджэсхэр лъэпкъ пщыкIух мэхъу», - дыкъыщоджэ ипэ щIыкIэ Дюма и тхыгъэм. ИужькIэ, зытепсэлъыхьыр зы лъэпкъыу зэрыщытыр къыхигъэщу, жеIэ: «Адыгэ е шэрджэс лъэпкъыр Кубань бгым щегъэжьауэ а цIэ дыдэр зезыхьэ псыежэхым нэс дэлъ щIыналъэм тесщ, адэкIэ Каспий хым нэс зеубгъури, Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ еубыд».

ИпэжыпIэкIэ Дюма къыздэкIуар Урысейрат. И ныбжьэгъу гуэрым урыс нысэ къишати, и щыкъум щекIуэкI хьэгъуэлIыгъуэм иригъэблэгъауэ арат тхакIуэ цIэрыIуэр. ИужькIэ ар Iэщтырхъан, Куржым, Азербайджаным, къинэмыщI щIыпIэхэм щыIащ. Ди лъэныкъуэхэмкIэ нэхъ гъунэгъуу къызэкIуэлIар Кизлярщ.

ГурыIуэгъуэт дуней псом щыцIэрыIуэ тхакIуэр Урысей къэралыгъуэм «гулъытэншэу» къызэримыгъэнэнур. Дэфтэрхэм къыхощыж абы тэрмэш хуэдэу кIэлъыплъакIуэ теубыда зэрыбгъэдэтар. Апхуэдэхэм яз Перфильевым и нэхъыщхьэхэм яхуигъэхьэзыра жэуапым мыр щыжеIэ: «Дюма щыпсэуа Нарышкинхэ я унагъуэм ар цIыху вэгъзэгъыу, мыкъиину, удэзыхьэх уэршэрэгъуу къыщалъытэ. Абы пщэфIэн фIэфIщ икIи а IэщIагъэм хуэIэзэ дыдэщ. Дюма тхакIуэфI щхьэкIэ, нэхъыбэм ар цIыху купщIэншэу къалъытэри, хуэмызэмэ нэхъ къащтэ, куэдрэ зэремыпсэлъэным хущIокъу, зыгуэрхэр ятригъэIукIынкIэ, и тхылъхэм фэ Iей къащытригъэуэнкIэ мэгузавэхэри». Урысхэм я хьэтыр зылъагъу езы Дюма «шэрджэсхэмрэ осетинхэмрэ зэтезыукIа пщы Святослав махуэм» щотхъу, Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ урыс пащтыхьым щхьэгъусэ зэрыхуэхъуа щIыкIэр къеIуэтэж.

«Иджырей шэрджэсхэр, - етх адэкIэ Дюма, - зауэм нэхъ хуэщIауэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм язщ. Ахэр «адыгэкIэ» зоджэж. Я лъэпкъыцIэм лъабжьэ хуэхъуа «ад» псалъэм «хытIыгу» мыхьэнэ иIэщ».

Дюма и гукъэкIыжхэр езым и лъэпкъэгъу франджыхэмрэ а лъэхъэнэм франджыбзэр дэ нобэ урысыбзэр зэрытIурылъым хуэдэу къэзыгъэсэбэпу щыта урысхэмрэ нэхъ зэрахуэгъэзар уолъагъу. Ауэ, пэжым и хьэтыркIэ, гу лъытапхъэщ тхакIуэ нэхъ еджэгъуафIэ дыдэхэм язу къалъытэу щыта Дюма и Iэзагъыр «Кавказым» къызэрыхэмыщыххэм. ТхыкIэкIэ нэхъ удэзыхьэхыу тхылъым къыхэхуэр абы и цIыхугъэу щыта Ростопчина Евдокие Лермонтовым теухуауэ къыхуитхахэмрэ Кавказым къулыкъу щызыхь урыс генералхэм ятеухуа пычыгъуэхэмрэщ. Абы щхьэусыгъуэ имыIэуи щыткъым. Пэжи пцIыи, ауэ, зэрыжаIэмкIэ, «Дюма» унэцIэм и щIыбагъым цIыху зыбжанэ къыдэтт. Апхуэдизу цIэрыIуэ хъуа «Мушкетёрищри», адрей романхэри тхакIуэм Маке Огюст жыхуаIэ гуэрым дитхыу щытауэ хуагъэфащэ: Маке сюжетыр къигупсысу, Дюма абы «зригъэубгъуу». Къилэжьар ират къудеймэ, арэзы хъу Маке япэщIыкIэ ар ида щхьэкIэ, иужькIэ тхакIуитIыр хейщIапIэм иIыгъауэ ягъэхъыбарыж, тхылъхэр зей дыдэр зэхагъэкIын папщIэ. Дюма «литературэ негру» (езым и пIэкIэ тхэуэ) иIахэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбауэ зыгъэIуи щыIэщ.

Дуней псом щыцIэрыIуэ Дюма Александр и илъэс 215-р ягъэлъэпIащ дызэрыт илъэсым и бадзэуэгъуэм. Франджы къэралым и закъуэ ейуэ къыпхуэмылъытэж тхакIуэр, журналистыр, драматургыр Кавказым щыщхэми ди хамэкъым. Ди щIыналъэм и цIэр зезыхьэ тхылъ зэриIэм нэмыщI, Дюма дэтхэнэ зыми и гум гъуэгу щыпхишащ и анэдэлъхубзэм къыфIэкIыу бзи I00-кIэ зэрадзэкIа и тхыгъэхэмкIэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ

15.04.2024 - 12:51

«БАЙКОНУР» КОСМОДРОМЫР

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.