ЩIЫНАЛЪЭМ И БЮДЖЕТЫМ ХЭХЪУЭ ЗЭПЫТЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм фокIадэм и 14-м зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ цIыхубэ гъащIэмрэ эко­номикэм­рэ щызэфIэхыпхъэ Iуэху блэкI­хэм тепсэ­лъы­хьын папщIэ. ЗэIущIэм хэтащ ­КъБР-м и Правительст­вэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Админист­рацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэхэу Говоров Сергейрэ Къуныжь Му­Iэедрэ, Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ ­Хъубий Марат, министерствэхэмрэ къу­л­ы­къу­щIапIэхэмрэ я унафэщI­хэр.

Зытепсэлъыхьыну Iуэхухэм ипэ къихуэу, КIуэ­кIуэ Казбек и гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум епха дауэдапщэхэр зыхуей хуэзауэ зэрекIуэкIам. «Илъэси 100 къы­зэ­рызэднэкIам къегъэлъагъуэ гъунэ гуэр зэрит­лъар, иджы ипэкIэ дызэрыкIуэтэным дыхущIэкъун ­хуейщ. Ар зэдгъэхъулIэн папщIэ, Iэмали зэфIэкIи ди куэдщ», - жиIащ Республикэм и Iэтащхьэм.
2022 гъэм зэфIагъэкIыну къалэн зыщащIыжа лъэпкъ, къэрал, щIыналъэ проектхэмрэ прог­раммэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъур къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэ щхьэхуэхэр къраIуащ. «Къэ­рал мылъкум щыщу субсидиеу е нэгъуэщI IэмалкIэ сом мелард 26-рэ мелуан 79-рэ дгъэлэжьэну мурад тщIат. Ар процент 74-кIэ дгъэзэщIащ», - жиIащ Мусуков Алий. Ар ­КИФЩI-м щызекIуэ бжыгъэми КъБР-м илъэс блэкIам къигъэлъэгъуа щытыкIэми нэхърэ ­нэхъ лъагэщ. Лъэпкъ проектхэм я гъэзэщIэкIэмкIэ КъБР-м КИФЩI-м япэ увы­пIэр, УФ-м – етхуа­нэр щиIыгъщ. Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэ проект 46-рэ що­лажьэ, абы­хэм ящыщу 12-р – лъэпкъ проектхэм я Iыхьэу.
Нэхъ тегъэчыныхьауэ зэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьахэщ еджакIуэ 1 минрэ 700-рэ щIэ­хуэну Куба къуажэм, Прохладнэ, Нарткъалэ къалэхэм щаухуэ курыт еджапIэхэм. Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Бэрбэч Алим зэрыжиIамкIэ, ухуэныгъэхэр яухы­ным нагъэблэ­гъащ, илъэсым и кIэм лэжьэн щIадзэнущ.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ «Росмолодежь» ­Iуэ­хущIа­пIэм и грантхэр къагъэсэбэпу, щIа­лэ­гъуа­лэм заужьынымкIэ щхьэпэ хъуну инфраструктурэ зэрагъэпэщ зэрыхъунур. ЩIалэ­гъуа­лэ­ центрхэр къалэ псоми къыщызэIуахынущ, зэ­кIэ зэрыхъум еплъын папщIэ, ахэр ­ща­гъэ­лэжьэнущ Налшык, Нарткъалэ, Къэщ­къэ­тау.
КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ дяпэкIи лъэпкъ, къэрал, щIыналъэ проектхэр гъэзэщIа зэры­хъум кIэ­лъыплъыну. Нэхъ хэкъузауэ къыхигъэщащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, гъуэ­гухэм, цIыху­хэм зыхуей-зыхуэфI зыIэрагъэхьэну Iэмал езыт инфраструктурэм, унэ ­зэтетхэм къедза пщIантIэхэр зыхуей хуэгъэ­зэ­ным, ухуэныгъэхэр къызы­хуэ­тын­шэу зехьэ­­-         ным гулъытэ нэхъыбэ хуащIыну.
Рахаев Борис тепсэлъыхьащ илъэсым екIуэкIа лэжьыгъэр къызэщIэбубыдэжмэ, экономикэм и щы­тыкIэр къэзыгъэлъагъуэ валовэ бжыгъэ нагъы­щэмрэ промышленнэ хуэIухуэ­щIэхэм я индексымрэ зэрыхэхъуэм. Абы лъабжьэ хуэхъур нэхъыбэу щIым къыщIах хъу­гъуэфIыгъуэхэрщ. Мэкъумэш хозяйст­вэм и лэ­жьакIуэхэм кърахьэлIащ сом мелуан 20,4-рэ и уасэ гъавэ, ар 2021 гъэм ейм елъытауэ проценти 3,1-кIэ нэхъыбэщ. «Ухуэныгъэ» унэтIыныгъэмкIэ гъэзэщIа хъуа лэжьыгъэхэр 2022 гъэм и щIышылэ - ба­дзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу щынэблэгъащ сом мелард 13,1-м, ар проценти 5,3-кIэ нэхъыбэщ илъэс блэкIам къагъэлъэ­гъуа­хэм нэхъ­рэ. Илъэсым зэрыщIидзэрэ, уней ­ухуэ­ныгъэхэри хиубыдэу, псэупIэ метр зэб­гъузэнатIэу мин 252-рэ ятащ, ар процент ­32,3-кIэ нэхъыбэщ илъэс блэкIам а пIалъэ дыдэм къэдгъэлъэгъуам нэхъ­рэ.
Процент 15-кIэ хэхъуащ щIыналъэм зи ахъшэ щы­зыгъэлэжьэну хуей хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэми. Дызэрыт зэманым КъБР-м щызэ­фIах инвестицэ проект зэмылIэужьыгъуэ 25-рэ, экономикэм и къудамэ щхьэхуэхэм тегуэшауэ. Ерыскъыпхъэуи мыерыскъыпхъэуи ­щIыналъэм щащэ-щащэхум и бжыгъэми хэ­хъуащ.
ФинансхэмкIэ министр Лисун Еленэ тепсэ­лъы­хьащ илъэс екIуэкIым щыщу блэкIа мази 8-м теп­щIыхь­мэ, щIыналъэ бюджетыр ефIа­кIуэу зэры­лажьэм. Хэхъуэр сом мелард 38,7-рэ ­мэхъу, ар гъэ блэкIам щыIа зыужьыкIэм еп­лъытмэ, процент 22,9-кIэ нэхъыбэщ. Езы щIыналъэм къыхэхъуа мылъкур сом мелард 13-м щIегъу.
Республикэм илъэсым и кIуэцIкIэ зытекIуэдапхъэм тригъэкIуэдэн хуея сом мелард 59,8-м щыщу зыхухахахэм хуиутIыпщакIэщ сом мелард 37,5-рэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, планым и процент 60-р ягъэ­зэщIакIэщ. ЦIыхубэр зыхуэ­ныкъуэ и лъэны­къуэ­кIэ а бжыгъэм хеубыдэ сом мелард 28-рэ, е щIыналъэ мылъкум щыщу процент ­75-рэ. Ахэр текIуэдащ уз зэрыцIалэр зэуэлIахэм еIэ­зэну къызэIуаха сымаджэщхэм (госпиталхэм) я лэжьакIуэхэм, цIыхубэм хуха­гъэкIыпхъэ­хэм, хущхъуэ хуэIухуэщIэхэм, мыла­жьэхэр медицинэ страхованэ щIыным. ЦIыху­бэм хухагъэкIахэм я закъуэ мази 8-м и кIуэцIкIэ сом меларди 10-м щIигъу текIуэдащ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ экономикэм и щы­тыкIэр зэтеухуэжа къудей мыхъуу, зэрефIа­кIуэм и щыхьэтхэр зэрынаIуэр. Ар и фIыгъэщ УФ-м и Президентым и унафэхэр зэрагъэзащIэмрэ къэралыр кризисым къыхэшыным хуэу­нэтIауэ Правительст­вэм иригъэкIуэкIа лэ­жьыгъэр зэрыщхьэпэмрэ. Унэ­тIыныгъэ нэ­хъыщ­хьэхэм, хьэрычэт IэнатIэ мащIэм­рэ ку­рытымрэ зыщIагъэкъуэн, цIыхухэм лэ­жьа­пIэхэр фIамыгъэкIуэдын, сабий зэрыс уна­гъуэ­хэм унащхьэ чэзууэ ядэIэпыкъун Iуэхур къэралым занщIэу щызэтраухуащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.