ИЛЪЭСИ 10 ИРОКЪУ

 «Сэралъп Мадинэ и арт-центрыр» къызэрызэрагъэпэщрэ  илъэсипщI ирокъу. Ар  республикэм ит щэнхабзэ IуэхущIапIэ псоми ефIэкI, зэхыхьэ щхьэпэ куэд щекIуэкI IуэхущIапIэщ.  

Абы  дапщэщи дауэдапщэ хэплъыхьахэр, гукъинэжхэр къыщызэрагъэпэщ зэпытщ. Лъэпкъым, анэдэлъхубзэм, тхыдэм, Iэщэ-фащэм, макъамэм, литературэм теухуауэ а унэм щекIуэкI пшыхь гукъинэжхэр сыт я уасэ?! Ар зи фIыгъэр, дауи, арт-центрым и унэгуащэ гуапэ Сэралъп Мадинэщ.

Абы сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядригъэкIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэм, гъэсэныгъэм папщIэ арт-центрым и юбилейм ирихьэлIэу къыхуагъэфэщащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и щIыхь, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и фIыщIэ тхылъхэр.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI бзылъхугъэ IэпэIэсэ Сэралъп Мадинэ адыгэ фащэр ди щIэблэм фIыуэ езыгъэлъагъуу къезыгъэщтэжахэм ящыщу къэплъытэ хъунущ. Сэралъпыр къыщалъхуар Тэрч куейм хыхьэ Дей къуажэращ. Езым зэрыжиIэмкIэ, сыт щыгъуи дэну фIэфIу щытащ, и адэ-анэми хъыджэбзым и фIэфIыныгъэр къыщыпамыубыдым, япэщIыкIэ Ставрополь дэт технологическэ техникумым щыгъыным и художественнэ моделированэмкIэ и къудамэр, иужькIэ Герценым и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт университетым психологиемкIэ и къудамэр къиухащ. Абы и щыгъын зыкъизыххэр щIэлъу 2002 гъэм пэш екIу къызэIуихауэ щытащ. Уеблэмэ, ар зэман гуэркIэ ядэлэжьащ Санкт-Петербург дэт тыкуэн нэхъ лъапIэхэм.

          Рим, Москва, Истамбыл къалэхэм я выставочнэ пэшхэм щыплъагъунущ Мадинэ и бостейхэр. Мадинэ «хъэтI» щхьэхуэ зиIэ дэрбзэрщ. Абы и фащэ екIухэм ди къэралым и мызакъуэу, хамэ къэралхэми щIэупщIэ ин щаIэщ. Уеблэмэ, унагъуэ щихьэкIэ Мадинэ и фащэхэм хуэдэ щызытIэгъэну щIэмыхъуэпс адыгэ пщащэ къэгъуэтыгъуейщ.

         Илъэс къэс сабийхэм папщIэ ирагъэкIуэкI «Мир в ладошке» псапащIэ Iуэхур аращ зи жэрдэмыр. Илъэсиблым щIигъуауэ дизайнер ныбжьыщIэхэм я хэгъэгу зэпеуи къызэрегъэпэщ абы. А и лэжьыгъэшхуэрщ Мадинэ «Персона года», «Женщина года», «За верность традициям» цIэ лъапIэхэр къыщIыхуагъэфэщар.

IуэхущIапIэр илъэсипщI щрикъум ирихьэлIэу, абы гъуазджэхэмкIэ школхэмрэ абыхэм я къудамэхэмрэ я гъусэу зэпеуэ щрагъэкIуэкIати, зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэ 50-м щIигъу хэтащ. Сэралъп Мадинэ сабийхэр арт-центрым иригъэблагъэри, абы щIэлъ хьэпшыпхэр яригъэлъэгъуащ, дэтхэнэми и тхыдэм и гугъу яхуищIащ.

- Сабийхэм зэхахамрэ ялъэгъуамрэ апхуэдизкIэ телъыджэ ящыхъуати, арт-центрым и сурэтыр ящIыну занщIэу яужь ихьат. Щхьэж и гупсысэ къызэрихь елъытауэ зэхъуэкIыныгъэ халъхьэу, - жеIэ гъэлъэгъуэныгъэм щыIа, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ.

Паркым къыщызыкIухьхэм а махуэм гу лъатауэ къыщIэкIынщ унэм и хъуреягъым къепщIэкIауэ удзыпцIэм сурэт ящIу хэса ныбжьыщIэ цIыкIухэм. ЕгъэджакIуэхэмрэ сабийхэм я адэ-анэхэмрэ ямыгъэщIагъуэу къэнакъым сабийхэм гукъыдэж ин яIэу, щхьэж и лэжьыгъэм щIэ гуэр зэрыхалъхьэным хущIэкъуу а махуэм зэрыщытам. УнэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэр къагъэсэбэпащ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм. Унэм и теплъэр зэращIыну щIыкIэ   езыхэм къыхахыжырт. Абыхэм я сурэтхэм гулъытэ зыщыхуащIар ухуэныгъэр зэрыщытым хуэдэу и теплъэр ящIыныр аракъым, атIэ абы щахъумэ хьэпшыпхэм я нагъыщи къытещыну хуейхэт. КъэпщытакIуэ гупым хэта, гъуазджэхэмкIэ школхэм я егъэджакIуэхэми езы Мадини гъэщIэгъуэн ящыхъун лэжьыгъэ куэд я пащхьэ кърахьат.

Сабий зэпеуэ псори гъэщIэгъуэнщ, ауэ мыбы къызэрымыкIуэу хуабагъ ин къыпкърыкIырт, псори зэхуэгуапэу зэдэIэпыкъужырт. Абы хэта псоми щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ тыгъэ хуащIащ. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм щхьэхуэу къыхагъэщащ гъэщIэгъуэну къалъыта лэжьыгъэ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ: Гладчук-Диденкэ Анастасие (гъуазджэхэмкIэ сабий школ №I), Чертковэ Кристинэ (художествэхэмкIэ сабий школ), Джэху Элинэ (Къып М. и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт гъуазджэхэмкIэ сабий школ), Сокъур Миленэ (Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ, гъуазджэхэмкIэ сабий школ №2).

Зэпеуэм хэта сабийхэм гугъэфIхэр уагъэщI, а зэхыхьэр  я    творческэ зыужьыныгъэм хуэщхьэпэну, нэхъыбэм тегушхуэну дащогугъ.

 

 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.