ФЭЕПЛЪЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖАЩ

ХьэтIохъущыкъуей къуажэм, ЛъагапІэ-910-к1э зэджэ щІыпІэм деж, иджыблагъэ щызэхэтащ генерал-майор Захаров Фёдор и фэеплъыр къызэрагъэщIэрэщIэжам ирихьэлIэ пэкIушхуэ.

ПэкIум хэтащ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур, Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим, КъБР-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, лъахэхутэ Котляров Виктор сымэ. Апхуэдэу зэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн щIыналъэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ комиссариатымрэ я лIыкIуэхэр, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и нэхъыжьхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэр, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.

Хэку зауэшхуэм ТекІуэныгъэр къызэрыщахьрэ илъэс 80, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлІэу ЛъагапІэ-910 щІыпІэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэм зыбжанэ щIауэ иужь итт. «Генерал-майор Захаровым и фэеплъымрэ ЛъагапIэ-910-кIэ зэджэ щIыпIэмрэ зэгъэпэщыжыныр, цIыху кIуапIэ щIыныр куэд лъандэрэ зиужь дит Iуэхугъуэщ. Ди щIыгур зэрыпхъуакIуэхэм ящызыхъума, ди щIыналъэм исхэр мамыру псэун щхьэкIэ зи псэр зыта нэхъыжьыфIхэм я фэеплъыр тхъумэныр дэтхэнэ зыми ди хьэкъщ. ЗауэлI цIэрыIуэм и кхъащхьэр къэтIэтыжыныр къызыхэкIари аращ – ди япэ итахэм я лIыгъэр щапхъэ гъэлъэгъуапIэ тщIын, я тхыдэм фIыуэ щыгъуазэу, абы кърикIуахэм хащIыкIыу ди щIэблэр къэдгъэтэджын щхьэкIэщ», – жиIащ Балъкъыз Артур.

ПэкIур зэфIэкIа нэужь, къекIуэлIахэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ, зауэм хэкIуэдахэм яхуэщыгъуэу зы дакъикъэкIэ псори щыму щытащ.

Генерал-майор Захаров Фёдор и фэеплъыр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Бахъсэн псыхъуэ, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, 1942 гъэм и шыщхьэуIу - фокIадэ мазэхэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм хэкIуэдахэм я кхъащхьэщ. Налшык къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ирамыгъэубыдын щхьэкIэ, Захаров Фёдор и унафэм щIэт 37-нэ дзэм хыхьэ, гвардие цIэр зезыхьэ фочауэ дивизэр гуащIэу пэщIэтащ бгылъэ щIыпIэхэм щызэуэным хуэщIа, 2-нэ пащтыхь румын фочауэ дивизэ хэхам. ЦIыхушхуэ зыхэкIуэда а зауэр ди щIыналъэм и тхыдэм къыхэнащ, пщыгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым, апхуэдизкIэ абы стратегие мыхьэнэшхуэ иIащи.

Фэеплъыр зытет лъагапІэм и екІуэлІапІэхэр зэІузэпэщ ящІащ, тетІысхьэпІэхэр ягъэуващ, щхъуантІагъэр куэду щагъэтІысащ. Къапщтэмэ, лъагапІэм хуэкІуэ, километрищ зи кІыхьагъ гъуэгур тралъхьащ. Фэеплъым и хъуреягъкIэ мрамор лъэгу тралъхьащ, лъагъуэхэр мывэ упсакIэ япкIащ. ЛъагапІэ-910 фэеплъыр жэщкІэ къэзыгъэблэн уэздыгъэ пкъохэр ягъэуващ, ахэр щызэщIэблэкIэ и нэхум жыжьэу зидзу.

ЩІыпІэр зэпэщ щІынымкІэ Бахъсэн щІыналъэм и администрацэм мылъкукІэ щІэгъэкъуэн къыхуэхъуащ «Русгидро» цІыхубэ акционер зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)