ФОКIАДЭ ЗЭIУЩIЭХЭР КЪЫЗЭIУАХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и епщыкIубгъуанэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

ФIокIадэ мазэм и зэIущIэхэр къызэIуахащ зэхьэзэхуэм пашэ­ныгъэр быдэу щызыIыгъ «Автозапчасть»-мрэ турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм къыщызэтеувыIа «Кэнжэмрэ». ЗэпэщIэтыныгъэм кърикIуэнур къэщIэгъуейтэкъым - зэрытемыгъэкIуауэ зы зэIущIэ закъуэ фIэкIа езымыгъэуха бахъсэндэсхэм я тепщэныгъэр ягъэ­кIуэдын мурад яIэтэкъым. Арати, зы топым адрейр къыкIэлъы­­- кIуэу хэнейрэ кэнжэдэсхэм я жагъуэ ящIащ пашэхэм. ЗэIущIэм щэнейрэ къыщыхэжаныкIащ Бэчбо Мурат. ТопитI дигъэкIащ КIыщ ­Залым, Бажэ Амири текIуэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ.
А махуэм Шэджэм ЕтIуанэ щызэхуэсащ «Къэбэрдеймрэ» «Ислъэмеймрэ». ЗэпэщIэтыныгъэр жыджэру, удэзыхьэхыу екIуэкIащ. Джэгум хухаха иужь дыдэ дакъикъэр иухыху, и щхьэр течауэ пху­жыIэнутэкъым зэIущIэм кIэух хуэхъуну бжыгъэр. Зэхьэзэхуэр зэ­рыщIидзэрэ зы текIуэныгъэ закъуэ фIэкIа къыхуэмыхьауэ турнир таблицэм и кIэух дыдэ увыпIэм къыщына налшыкдэсхэм я ко­мандэм зыкъызэкъуихащ икIи, 2:1-уэ зэIущIэм щытекIуэри, зы лъэбакъуэкIэ турнир таблицэм къыщыдэкIуэтеящ. Я командэр апхуэдизрэ зыпэплъа текIуэныгъэр къыхуахьащ Кумыщ Анзоррэ ХьэщIэмыз Албэчрэ.
Джэгугъуэм и етIуанэ махуэм зэхуэзахэм ящыщу къыхэгъэщыпхъэщ «Родник»-мрэ «Шэджэм-2»-мрэ я зэIущIэр. Зэхьэзэхуэм и медалхэм жыджэру щIэбэн Псынэдахэм и командэм зи чэзу текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ. Я унэ щрагъэкIуэкIа зэIущIэм хэгъэ­рейхэм бжыгъэшхуэкIэ щыхагъэщIащ еханэ увыпIэм щыту ­къакIуэ Шэджэм ЕтIуанэм и гупыр икIи зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм ­лъэбакъуитIкIэ зэуэ къыщыдэкIуэтейри, етIуанэ увыпIэр зэкIэ иубыдащ.
Апхуэдэ ехъулIэныгъэр псынэдахэдэсхэм къазэрыхукъуэкIам и фIы­щIи хэлъщ «Урыхум». Анзорей щыIэу хэгъэрейхэм зымащIэкIэ къы­зэтрагъэувыIащ иджырей джэгугъуэм ещанэ увыпIэм щыту ирихьэлIа «Искра»-р. Топ дахэ куэдкIэ гъэнщIауэ щыта зэIущIэр зэ­рытемыгъэкIуауэ иухащ. «Урыхумрэ» «Искра»-мрэ тIорытIэ къы­щы­хэжаныкIащ Тэнащ Иналрэ Алиев Бэчхъанрэ, Iэпыч Алийрэ Багъэтыр Албертри топ зырыз я IэдакъэщIэкIщ.
ФокIадэм и 4-м псыгуэнсудэсхэм ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм и щIалэгъуалэ гупыр. Абы 4:1-уэ щытекIуа налшыкдэсхэр, очко 31-рэ яIэу, етхуанэ увы-пIэм дэкIуэтеящ. Апхуэдэ джэгукIэм тетмэ, хэт ищIэрэ, зэхьэзэхуэм и медалхэм ящыщ къалъысынкIи хъунщ «Спартак-Д»-м и футболистхэм.
КъыкIэлъыкIуэ текIуэныгъэ мащIэр зыIэригъэхьащ «Шэрджэс­ми». Ахэр Къэщхъэтау щыIущIат «ЛогоВАЗ»-м. Шэджэмдэс­хэм я деж­­кIэ дыщэ пэлъытэ очко закъуэр къыхуахьащ топ зырызкIэ зэпэщIэтыныгъэм къыщыхэжаныкIа КIагъуэ Залымрэ Балобаев Амиррэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм и епщыкIубгъуанэ джэгугъуэм зэхэта зэIущIэхэм мыпхуэ-дэ бжыгъэхэр кърикIуащ: «Автозапчасть» (Бахъсэн) - «Кэнжэ» (Кэнжэ) - 6:0, «Къэбэрдей» (Налшык) - «Ислъэмей» (Ислъэмей) - 2:1, «Урыху» (Урыху) - «Искра» (Алътуд) - 3:3, «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) - «Спартак-Д» (Налшык) - 1:4, «Родник» (Псынэдахэ) - «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) - 5:1, «ЛогоВАЗ» (Бабугент) - «Шэрджэс» (Шэджэм) - 2:2.
КъыкIэлъыкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зи чэзу зэIущIэхэр ­зэ­хэтынущ. А махуэхэм зэдэджэгунущ: фокIадэм и 10-м - «Кэнжэ» - «ЛогоВАЗ», «Шэджэм-2» - «Къэбэрдей», «Искра» - «Автозапчасть»; фокIадэм и 11-м - «Шэрджэс» - «Родник», «Ислъэмей» - «Малка», «Тэрч» - «Псыгуэнсу», «Спартак-Д» - «Урыху» командэхэр.
 

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.