КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIхэм яхуэзащКIуэкIуэ К. В. Налшык дэт мэжджытышхуэм иджыблагъэ щыIащ икIи нэмэз щащI пэшхэр къызэхикIухьащ, КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм тхылъхэр къыдэгъэкIынымкIэ и къудамэм и лэжьэкIэм щыгъуазэ зищIащ. Республикэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталийрэ щызэпсалъэм къыхагъэщхьэхукIащ дин зэмылIэужьыгъуэхэм итхэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэн зэрыхуейр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||




