БЖЬЫХЬЭР КЪЫЩЫДЖЭКIЭ…

Лъэ макъ щабэ бзыщIакIэ бжьыхьэм утыку зыкъещI. Жыгхэр зэм зоIущащэ, зэм къызэдофэ, зэми жьыбгъэр къудамэ шэщIахэмкIэ ялъахъэри, хадэм ирагъэблагъэ, жаIэхэм щIагъэдэIу. Жыгхэм зэдагъэщIагъуэхэр жьыбгъэм иIуэтэжынущ. Зэман кIыхькIэ ишэщIми, жыжьэ нихьэсми, псалъэ лей темыкIуадэу, гухэм зыхащIэу. 
Жьыбгъэм и хъыбар гуэрхэр си дежи къэсынущ, сигу укъигъэкIыжынущ… ЗэкIэ уи деж зыщеIэжьэ. Уэ гукъэкIыж ныпхуихьащи, зэгуэр къэбгъэщIауэ щытахэм псэкIэ уакIэлъопIастхъэ. Ухуейкъым бутIыпщыжыну бжьыхьэм и псалъэр. Ауэ… жыгым и Iэпэр зыIыгъа тхьэмпэр дунеяплъэ йожьэж. Уэ гукъэкIыжым зыхуэпшийуэрэ, гъуэгу зытеувэжам уроплъэж… КъэпцIыхужа? Ар уи хамэу щытакъым. ИтIани утехьэжыфыркъым… Гъуэгур зэпытхукIынущи, гъунапкъэхэр дгъэбыдэжынущ. АбыкIэ дызэгурыIуауэ щытащ - бжьыхьэм ещIэж… 
Дгуэшыжынущ ди бжьыхьэр… Псалъэрэ гухэлъ налъэу къысхуэбгъэфащэу, губжькIэ щIэбуфэжахэм япэкIуэу сыт уэстыжынур? СыткIэ узгъэфIэжыну? 
ХьэщIапIэ уздисшэжынущ жыг хадэм. ЛъапцIэу къыщыткIухьынщ. Тхьэмпэхэр мэIущащэ иджыри. Хьэуам къыхэдна бэуэкIэр бжьыхьэм жыг хадэм щехъумэ.

ГУ Гъуэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2026 - 11:08

Абдежым къыщежьащ

Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым щIышылэм и 12-м концерт щекIуэкIащ, Балъкъэрыр урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ зэрырикъум теухуауэ. 

14.01.2026 - 11:07

ЩIыуэпсым гулъытэ хурагъэщI

Налшык дэт Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчест­вэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм илъэсым къриубыдэу щалэжьахэр къыщапщытэжа, мурадыщIэхэри щагъэ

14.01.2026 - 11:06

Зы мурадым, зы пщэрылъым зэпещIэ

Къафэ екIу, уэрэд гуа­кIуэ, Iэгуауэ, цIыху нэ­фIэгуфIэхэр.

13.01.2026 - 09:43

Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ республикэм 2025 гъэм щрагъэкIуэкIащ.

13.01.2026 - 09:42

Тэрчым и спортсменхэр

Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.