ФРАНК - ХУИТ

Ахъшэхэм я нэхъыбапIэм фIащыжащ къыщыщIагъэкIа щIыпIэм и цIэр. XIV-нэ лIэщIыгъум къэунэхуа франкым и цIэр Франджым и пащтыхьыр гъэрыпIэм къызэрырашыжам къытехъукIащ. 1356 гъэм Пуатье деж щекIуэкIа зэхэуэм гъэру яубыдауэ щыта франджы пащтыхь Иоанн II-р инджылыз гъэрыпIэм къызэрырашыжам и щIыхькIэ I360 гъэм къыщIэгъэкIын щIадзащ а дыщэ ахъшэр. «Франк» жиIэмэ «хуит» жиIэу къокI.
Зы дыщэ франкыр XIII - нэ лIэщIыгъуэм къэунэхуауэ щыта зы ливрым хуэдизу ябжырт. 1360 гъэм къежьа франкыр илъэс 20-кIэ къыщIагъэкIащ. Ауэ Франджым нэхъыщхьэу щызекIуэ ахъшэ лIэужьыгъуэр турск ливырырт. Ахъшэ лIэужьыгъуитIри зэблагъэкIыурэ, зэман дэкIри, ливрым франк фIащыжащ (апхуэдэу цIыхубэр еджэ хъуащ). 
1575 гъэм пащтыхь Генрих III-м и унафэкIэ дыжьын франк къыщIагъэкIыу щIадзащ - экономикэр гъэтэмэмыжын хуейт. Дыжьын франкыр куэдрэ зекIуакъым. I64I гъэм пащтыхь Людовик XIII - м ахэр ихъуэжащ дыщэ луидоррэ дыжьын экюкIэ. Зы экюм дыжьыну грамм 25-рэ хэлът, ар ливрищым пагъакIуэрт. 
Людовик къригъэжьа ахъшэ системэр щыIащ франджы революцэм пщIондэ. 
Революцэ нэужьым франкым зыкъиужьыжащ. ФранкыщIэр - пщIыуэ гуэшыжа валютэр (десятичная валюта) - къэунэхуащ. Ауэ щыхъукIи, япэ илъэс зыбжанэм къыщIагъэкIыфыр нэхъ жьгъейхэрт, дыщэр зэрахуримыкъум къыхэкIыу. I803 гъэм, Бонапарт Наполеон и тетыгъуэм къэунэхуа франк лIэужьыгъуэщIэхэр къыщIагъэкIащ 1914 гъэ хъухукIэ. 
Къэралыгъуэм зихъуэжырт, пащтыхьхэм захъуэжырт, ауэ франкыр зекIуэрт, сурэт тращIыхьхэмрэ и теплъэмрэ, е къызыхащIыкIым зэхъуэкIыныгъэхэр яIэми. 
XIX - нэ лIэщIыгъуэм къриубыдэу франкыр Франджым и гъунапкъэми икI хъуащ. Ар къыщIагъэкIырт Африкэм, Азием, Америкэм щыIэ франджы колониехэм. Швейцариемрэ Бельгиемрэ франджы франкым къытращIыкIауэ щытащ езыхэм я франк лIэужьыгъуэ. I860 гъэхэм франкыр Европэм и валютэ нэхъ быдэ дыдэт. 2002 гъэм абы бжьыпэр иритащ еврэм. 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.