|
«ВАГЪУЭ ЦIЫКIУМ» МОСКВА ЗЫКЪЫЩЕГЪЭЛЪАГЪУЭ
9 сентября, 2022 - 07:30
Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ) жыджэру хэтащ шыщхьэуIум и 24 – 30-хэм Москва къалэм щекIуэкIа фестивалымрэ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу ягъэзащIэ «Си Хэку – си Москва» программэмрэ.
Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм я дэIэпыкъуэгъущ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр, УФ-м Промышленностымрэ сату IуэхухэмкIэ и министерствэр, Москва и Правительствэр, ВДНХ-р, «Союзмультфильм»-р, Горький Максим и цIэр зезыхьэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яхуэгъэза фильмхэм я киностудиер, «Урысей – си тхыдэ» паркыр, «Зыгъэпсэхугъуэ ин», «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэхэр, журналист ныбжьыщIэхэм я союзыр.
Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм (Москва, Санкт-Петербург, Новосибирск, Севастополь, Самарэ, Омск, Улан-Удэ, нэгъуэщI къалэхэм) щыщ гуп нэхъыфIхэр, псори зэхэту сабий I649-рэ, зыхэта зэхыхьэ дахэм «Вагъуэ цIыкIум» и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэну Iэмал иIащ. Ди щIыналъэм и цIэкIэ абы хэта сабий 20-м гукъинэжу зыкъагъэлъэгъуащ, ди лъэпкъ къафэхэр ягъэзэщIащ. НыбжьыщIэхэм я зэфIэкIым куэд дихьэхащ икIи Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Концертым кърихьэлIахэр абыхэм хагъэгъуэзащ адыгэ къафэ гъуазджэм и дахагъэм, и мыхьэнэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхэмрэ къафэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэм.
Мыпхуэдэ щэнхабзэ зэхуэсхэр щIалэгъуалэм я дежкIэ зэхыхьэ щхъуэкIэплъыкIэ икIи щхьэпэ мэхъу. Мы иджырейми хыхьэу Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэхэр къагъэсэбэпу къызэрагъэпэща зэхыхьэхэри гукъинэж ящыхъуащ. ЩIалэгъуалэр зыужьыныгъэм зэрыхуэпабгъэр хьэкъ пщызыщIт ахэр щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм къыхуезыджэ «Мы за культуру, в которой читать – это модно!», «Мы за культуру, в которой шедевры доступны каждому!», «Мы за культуру, в которой у каждого молодого творца есть наставник!», «Мы за культуру, где в каждом доме живёт танец» плакатхэр.
- Фестивалхэм, зэхьэзэхуэхьэм нэхъыбэу дызэрыхэтынырщ сыт щыгъуи дызыхущIэкъур. Абы ныбжьыщIэхэм Iэмал кърат я зэфIэкIхэр къапщытэжыну, нэгъуэщIхэм ехьэехуэну, - жеIэ Къурашэ Эдуард.
Гупым хэт ныбжьыщIэхэр къафэ гъуазджэм хуабжьу дихьэхащ. Ансамблым хэтхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ къэфакIуэхэм я ехъулIэныгъэхэр зи фIыщIэу къалъытэр я унафэщI Къурашэрщ. Ар ныбжьыщIэхэм тхьэмахуэм плIэ сыхьэт щырыщкIэ ядолажьэ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм кърикIуащ щIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм гупыр мызэ-мытIэу адрейхэм зэращефIэкIар, щэнхабзэ зэхыхьэшхуэхэмрэ фестивалхэмрэ хэтыну ансамблыр зэрырагъэблагъэр.
КъызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуащ щэнхабзэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэрн зэхуэзышэса зэхыхьэр гъэ къэс ирагъэкIуэкIыну.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|