Дыдейхэр нэхъыфIщ

«Россия 1» телеканалымкIэ къыщыпсалъэм УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей жиIащ ди къэралыр дунейм «пэIэщIэ» ищIыну КъухьэпIэм иIа мурадыр ауэ жыжьэуи къызэремыхъулIар. Абы щыхьэт тохъуэ ди зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексыр, нэхъапэми хуэдэу, шэщIауэ зэрылажьэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, мыгувэу ди дзэм къыIэрыхьэнущ «Циркон» ракетэ лIэужьыгъуэщIэр. Апхуэдэ дыдэу куэду къыщIагъэкIыу щIадзэнущ С-500 иджырей комплексхэмрэ «Сармат» ракетэхэмрэ. «Дэ къыдогъэсэбэп Су-57 кхъухьлъатэщIэр. Абы фIы дыдэу зыкъигъэлъэгъуащ икIи апхуэдэ дыдэуи зехъумэжыф. Нэхъыщхьэр и Iэщэ лъэщырщ. Ар зэи убзэщхъуркъым», - къы-хигъэщхьэхукIащ Шойгу.

 

«Кинжал» ракетэщIэр макъым нэхърэ хуэдипщIкIэ нэхъ псынщIэщ. Ар ипэжыпIэкIэ яхуэубыдынукъым икIи дэ ар ятыдогъапсэ къытпэщIэтхэм я дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэхэм, - пищащ министрым. Дэ ар щэнейрэ къыщыдгъэсэбэпащ зауэ Iуэху хэхам икIи щэнейри къигъэлъэгъуащ абы къыпэхъун нэгъуэщI ракетэ мы зэманым дунейм зэрытемытыр».

Шойгу Сергей апхуэдэу тепсэлъыхьащ иджыблагъэ зэхуащIыжа «Дзэ» форумым кърикIуахэм. Мы гъэм абы щIэ къыхыхьащ - къуентхъхэм я выставкэ. «ИпэIуэкIэ дэ дгъэлъэгъуащ Сирием къыщытIэрыхьа къуентхъ-хэр, - жиIащ министрым. - Абыхэм яхэтт «Леопард» танкхэр, бронемашинэ зэмылIэужыгъуэхэр, IэмэпсымэщIэхэр. Зауэ Iуэху хэхам къыщытIэрыхьа къуентхъхэр иджы ядж ди щIэныгъэми, ди промышленностми. Абыхэм лъэныкъуитIкIэ дабгъэдохьэ. Япэрауэ, зэдгъэщIэну дыхуейщ апхуэдэ Iэщэхэм дазэрыпэщIэтыфыну щIыкIэр. ЕтIуанэрауэ, ахэр сыт хуэдэ ди IэщэхэмкIэ ткъутэфынуми. Дэ деплъащ М777 гаубицэхэм. Ахэр щIэх дыдэ зэIохьэ, зэбгъэпэщыжынуи гугъущ. Выставкэхэм щыбгъэлъагъуэ хъунущ, мыбы псори щыкъабзэщ, щыдахэщ. АрщхьэкIэ зауэ IэнатIэм а техникэм укъыщигъэпэжынукъым. Дэ дыдейхэр зепхьэнуи зэбгъэпэщыжынуи тыншхэщ, къызэрыгуэкIхэщ. Ар дыдэр хужыпIэ хъунущ JAVELIN-ми. Ахэр апхуэдизу фIыкъым, зыщэхэр зэрыхуеям нэсу. Дэ десащ абыхэм дапэщIэтыфу, ахэр доцIыху икIи долъагъу, - жыжьэрыуагъэкIэ хуэдитIкIэ къакIэроху танк зыкъутэ ди «Корнет» ракетэхэм».

ЩIыдгъужынщи, мы гъэм форумыр зауэ Iуэхухэр щекIуэкI икIи зэи хуэмыдэу ткIийуэ КъухьэпIэм къыщыттрикъузэ лъэхъэнэм ирихьэлIами, абы ижь гуэри къыщIихуакъым кърикIуахэм: нэгъуэщI къэралэм делегацэ 80 къикIащ, сом мелард 500-м нэс я уасэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)