Япэ макъамэ фестивалыр зэхуащIыж

Налшык и Театр щхъуантIэм шыщхьэуIум и 27-м щызэхуащIыжащ Kavkaz Music Fest япэ фестивалыр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. Проектыр гъэзэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Налшык къалэ администрацэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ.

 

Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм зэрыжаIамкIэ, махуищым къриубыдэу абы республикэм щыпсэу, и хьэщIэу цIыху минипщIым нэблагъэ зэхуишэсащ. Щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Ингуш, Шэшэн, Дагъыстэн республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм я артист цIэрыIуэхэмрэ урыс эстрадэм и «вагъуэхэмрэ». Ирагъэблэгъа хьэщIэхэм къадэкIуэу щэнхабзэ зэхыхьэхэр ягъэдэхащ Белоруссиемрэ Молдавиемрэ я артистхэм.

- Фестиваль щIэщыгъуэм цIыху щэ бжыгъэхэр хэлэжьыхьащ, Налшык къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я пащхьэм уэрэджыIакIуэ 50-м, къэфакIуэ 300-м щIигъум гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуэн папщIэ, - жиIащ зэхыхьэм и продюсер, Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Хьэцей Тимур. - Щэнхабзэ Iуэху дахэр хьэщIэхэм пщIэ щыхуащI Налшык къалэм зэрыщрагъэжьам срогушхуэ! Ар куэд щIа си хъуэпсапIэхэм ящыщти, къыдэхъулIащ. Ди жэрдэмыр къызэрыддиIыгъам папщIэ псом хуэмыдэу фIыщIэ хуэфащэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и щэнхабзэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэтщIыным гъунэ итлъауэ дыщогугъ.

- Мыр Налшык и щыпэ макъамэ щэнхабзэ зэхыхьэшхуэщ. ЗэфIэкI зиIэ артист куэд зы утыку щызэхуэсри, республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я нэгу зрагъэужьащ, - жиIащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь. - КъызэгъэпэщакIуэхэр я къалэным фIыуэ ехъулIащ. Пшыхьхэр щIэщыгъуэ, гукъинэж хъуащ.

Фестивалым хыхьэу шыщхьэуIум и 25 - 27-хэм зэхэта «Звёзды 100-летия», «Ритмы Кавказа», Afterparty Show концерт программэхэр куэдым ягу дыхьащ. «Культурный код Кавказа» конференцым ирагъэблэгъа щIалэгъуалэм яхутепсэлъыхьащ хьэрычэтыщIэ Iуэхум хэлъ щхьэхуэныгъэхэм. ЦIыхушхуэ къызэкIуэлIа кIэух концертри нэгузыужь хъуащ.

Лъэпкъхэм я щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэр, артистхэм макъамэмрэ къафэмрэ щаIэ зэфIэкIхэр къэIуэтэжыгъуейщ. Фестивалым зыкъыщагъэлъэгъуащ Тут Заур, Руссо Авраам, Рай Радэ, Клявер Денис, Варварэ, Гагунский Виталий, Гордиенкэ Наталье, Ревия Нодар, Бойченкэ Аллэ, Царикаевэ зэшыпхъухэу Альбинэрэ ФатIимэрэ, Сокъур Ольгэ, Каримов Ринат, Бэрбэч Аскэр, Третьяк Татьянэ, Быщтэ Азэмэт, ЛIыбзу Аслъэн, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Къэзан Сэтэней, Нэхущ Чэрим, Бэч Азэмэт, Текуев Амур, Теппеев Алим, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, Апэнэс Астемыр, Межиевэ Маккэ, Алехно Руслан, Кагировэ Патимат сымэ, нэгъуэщIхэми.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.