СэвкIуий Хьэмид: Лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр IэщIыб ящIу щыслъагъукIэ, сигу хощI

Урысейм ХудожествэхэмкIэ академием хэт, Санкт-Петербург ХудожествэмкIэ и академием и  профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид  нобэ ди псэлъэгъущ.

ГРАФИКЭМ, живописым, скульптурэм зэхуэдэу щылъащэ адыгэлI щэджащэм и IэдакъэщIэкIхэм философием и дунейм куууэ ухашэри, гупсысэ архъуанэм урахьэ. Хьэмид дунейр къызэритхьэкъуа и лэжьыгъэхэм дэтхэнэми пэгъунэгъу къыщигъуэтынущ. Уеблэмэ   художественнэ тхыгъэ  зытумытхыхьыфын яхэткъым абыхэм. Ауэ щыхъукIи, абы къигъэщI образхэм ящыщ  куэд   литературэ тхыгъэхэм я иллюстрацэ хьэзыру зэрыщытым  тхылъ еджэ куэдым гу лъатагъэнщ. 

И IэдакъэщIэкIхэм хуэдэу, езыри гупсысэ куу зиIэ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым фIыуэ хэзыщIыкI цIыхуу зэрыщытыр  къэщIэгъуейкъым.  Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым  абы   адыгэ лъэпкъым хуиIэ фIылъагъуныгъэ  иныр.  Ауэ, Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэр нэсу къызыгурыIуэнур абы и гукъеуэхэм пэджэжырщ, ар зыхэсыхьа дунейм къыхэхъукIарщ, ар зытепсэлъыхьым щыгъуазэу зэхэщIыкI зиIэрщ. Сыту пIэрэ абы теухуауэ езы СэвкIуий Хьэмид жиIэнур?

- Уи IэдакъэщIэкIхэм хужамыIа щытхъу къэгъуэтыгъуейщ, ар икIи пхуэфащэ дыдэщ, ауэ сэ сыхуейщ   СэвкIуий Хьэмид нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къэдбгъэцIыхуну.

- Щытхъум  гупсысэкIи псэукIэкIи хуабжьу сапэIэщIэщ. Уеблэмэ щытхъу псалъэм къызэрымыкIуэу сегъэукIытэ, схуэмыфащэ гуэру къысщохъури. Зи IэщIагъэм хэзыщIыкI сурэтыщIу зыкъызолъытэж, ауэ си IэрыкIхэм хуэдэ щымыIэу къысщыхъуркъым, икIи зэи къысщыхъуакъым. Гъуазджэм а и къудамэм махуэ къэс зеужь, йофIакIуэ, и  лъагапIэм  улъэмыIэсыфыным хуэдизу. Аракъэ насыпри! Абы къыхэкIыу узыхуэарэзыжу утIысыжкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым, а гъуазджэм удэджэрэзын, зыдэбужьын хуейщ армыхъу.

- Творчествэм уи гъащIэм сыт хуэдэ увыпIэ щиубыдыр?

- Творчествэм и цIыхум дежкIэ абы увыпIэ щхьэхуэкъым и гъащIэм щиубыдыр, атIэ и гъащIэр зэрыщыту творчествэм ей мэхъу. Сыт хуэдэ Iуэху сщIэми, цIыхухэм сахэтми, уэрамым сыдэтми, лэжьапIэм сыщыIэми, сэ зэи  саутIыпщыркъым лэжьыгъэм ехьэлIа гупсысэхэм.   СызэреплъымкIэ, нэгъуэщIуи хъунукъым, творчествэм зэ къыхэча ухъуамэ, хыхьэжыгъуейщ, зэбгъэтIылъэкIам лъэIэсыжыгъуафIэкъым. Творчествэр гупсысэ, образ нэрынэу зэрыхъа дунейщ, абы щIэдзапIи кIэухи иIэкъым.

- Нарт эпосым   хуэпщIа сурэт телъыджэхэр  иту  20I7 гъэм дунейм тхылъыщIэ  къытехьащ. А Iуэхум узэрытегушхуам и гугъу уэзгъэщIынут.

- Санкт-Петербург щыIэ «ВитаНова» тхылъ тедзапIэм бгырысхэм я IуэрыIуатэ тхыдэжьым и тхылъ къыдагъэкIынум сурэт  хуэсщIыну къызэлъэIуати, арэзы сыхъуащ, ауэ ар Адыгэ лIыхъужь IуэрыIуатэу зэрыщытыр Iэмал имыIэу къагъэлъэгъуэну яхуэзгъэуващ. АбыкIэ дызэгурыIуэри,   тхылъыр    дунейм къытехьащ.

- Бгырысхэм я IуэрыIуатэр, уеблэмэ лIыхъужьхэм я цIэхэри зэтехуэу, сюжеткIэ зэподжэж. Уэ узэреплъымкIэ, сыт хуэдэ щхьэхуэныгъэ Адыгэ нарт эпосым иIэр.

- Нарт эпосыр дунейм тет эпос нэхъ инхэм яхохьэ. Ар зейм ехьэлIауэ зэдауэ куэд щыIэщ, псоми езыхэм яйуэ къыщIагъэкIыну хуейуэ. Дэ абы ди псалъэ хэтлъхьэркъым IуэхукIэ, лэжьыгъэкIэ дыхоувэ армыхъу. Сэ адыгэхэм я эпосым теухуауэ схужыIэнуращи, ар ящыщщ рифмэ зиIэ зырызхэм. Абы къыбжеIэ а текстым гъащIэшхуэ зэриIэр, гъуэгуанэ ин къызэрикIуар. Аращ Адыгэ нарт эпосыр тегъэщIапIэ щIэсщIыр.

- Уи IэдакъэщIэкIхэм ящыщу дэтхэнэра  уи творчествэм и лъагапIэу къэплъытэр? Хьэмэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр щыуагъэ?

- Гугъущ абы жэуап ептыну. Дэтхэнэ си лэжьыгъэри гъащIэм къыпхысха гупсысэщ, зэманым къызита щытыкIэщ. Къапщтэмэ, ахэр псори зы дунейщ, зы къежьапIэщ.

- Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым уи сурэтхэм къатещ нэщхъеягъэм. Ауэ щыхъукIи, сурэтым и гупсысэм ухэзышэри, абы и щIагъыбзэр къыбжезыIэри аращ. УзыIэпишэу сурэтхэм яхэлъ мэгъу къарур езыр арауэ къысщохъу.

- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дыщыпсэу зэманыр икъукIэ зэман хьэлъэщ, гущIэгъуншэщ. Махуэ къэс ди нэгу щIэкI зауэхэмрэ зэрыукIымрэ лIэныгъэм, хэщIыныгъэм дригъэсэжащ. ЦIыхухэм кърадзэжыркъым укIыгъэр, лейр. ЦIыхугъэм, зэхэщIыкIым, гущIэгъум, гулъытэм, гумащIагъэм къызэрымыкIуэу дыщыхуэныкъуэ лъэхъэнэм дитщ. А гущIэгъур къэзгъэлъэгъуэну,   къарууэ щыIэм я нэхъ иныр къыщежьэр абдежу зэрыщытыр сотх. Аращ сурэтхэм къатещ нэщхъеягъэм и къежьапIэр.

- Лэжьыгъэм сыт утезыгъэгушхуэр?

- Езы лэжьыгъэм хуэдэу сытезыгъэгушхуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Лэжьэн зэрыщIэздзэу сызэщIешэ, абдеж гупсысэр къоукъубейри, зи ужь сихьар къыщызэхъулIэм деж, дунейм сызэрытетым мыхьэнэ гуэр иIэу къысщегъэхъуж.

- СызэрыщыгъуазэмкIэ, иужьрей илъэсхэм егъэджэныгъэ Iуэхуми зупщытащ. Уеблэмэ, абы апхуэдизкIэ удихьэхащи, сурэт щIыныр мащIэу IэщIыб пщIауэ къэзылъыти щыIэщ. Зэребгъаджэ щIыкIэм, а IэнатIэм гъэщIэгъуэну хэплъагъуэмкIэ  укъыддэгуэшамэ арат.

- Пэжщ, сэ илъэс зыбжанэ хъуауэ щызогъаджэ Санкт-Петербург дэт ХудожествэхэмкIэ академием. Ауэ сурэт щIыныр нэхъ мащIэ хъуар пцIыщ, уеблэмэ, студентхэм я фIыгъэкIэ, абыхэм къызат къарум, гупсысэщIэм и хьэтыркIэ нэхъыбэрэ сылажьэ хъуащ.

Си студентхэм си лэжьэгъухэм хуэдэущ сазэрепсалъэр. Егъэджэныгъэ Iуэхури творческэ лэжьыгъэ инщ. Мастерскойм уриунафэщIым, абы щащI дэтхэнэ сурэтымкIи, диплом лэжьыгъэмкIи жэуаплыныгъэ бохь. Пэжщ, ар къызэрымыкIуэу лэжьыгъэшхуэщ. Сэ абыхэм ябгъэдэслъхьэм и фIагъымрэ и куэдагъымрэ езы студентхэращ жызыIэфынур. Абыхэм яхэтщ узыгъэгуфIэхэр, ехъулIэныгъэ ин зыIэрызыгъэхьахэр.  

- Мы зэманкIэ сытым уелэжьрэ?

- Нэхъ ипэкIэ зэрыжысIауэ, творческэ лэжьыгъэм пэщIэдзи кIэухи иIэкъым, пыухыкIауэ зыкъым сэ сызэлэжьыр, зэуэ куэд дыдэм зызопщыт. ИджыкIи апхуэдэщ, творчествэм и зэрыхьзэрийм сфIэфIыпсу сыхэтщ.  

 - Адыгэ лъэпкъым и блэкIар, тхыдэм къытещ напэкIуэцI гуауэхэр, ди адэжьхэм я псэм телъа бэлыхьыр, цIыху щхьэхуэхэм я щыIэкIэр зы сурэтым къыщогъэлъэгъуэф…

- А зи гугъу пщIы щхьэусыгъуэм къыхэкIыу, си сурэтхэр я лъабжьэу кино трахащ. Илъэс зыбжанэ ипэ ВГИК-м щеджэ студентхэм зыкъысхуагъазэри си лэжьыгъэхэмкIэ анимацэ фильм трахыну хуитыныгъэ сIахауэ щытащ. Си сурэтхэм апхуэдэ гупсысэ узэрыхашэр   сощIэ, ар тэмэмщ, сурэтхэр блынгъэдахэ къудей щыхъум дежщ ущыгузэвэн хуейр. Ахэм   цIыхур ягъэгупсысэмэ,   къохъулIауэ аращ. Сэ дунейм сызэрепсэлъэфыр си IэщIагъэращи, абыкIэ схузэфIэкIыр жызоIэ, ауэ «къемыджэфхэр» хэзгъэзыхьыркъым, «гур мыплъэм нэр плъэркъым».

- Сурэт щIыным, творчествэм дихьэха ди щIэджыкIакIуэхэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?

- Адэжь Iэужьу зэманым гущIэгъуншэу исеиж щэнхабзэр, гъуазджэр, бзэр, щIыуэпсыр зэрахъумэным хущIэкъуну сыхуейщ. Дунейм зыдащIу, лъэпкъым къыдекIуэкIыр   IэщIыб зэращIыр щыслъагъукIэ, сигу хощI. Апхуэдэхэм къагурымыIуэр зыщ - дэ ди беягъэр а щхьэхуэныгъэхэращ, ди адыгэбзэ гугъурщ, ди хабзэ ткIийрщ, ди гупсысэкIэ нэмыщIырщ.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.