Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Тулэ областымрэ я зэдэлэжьэныгъэм зеубгъу. КIуэкIуэ Юрий зи пашэ делегацэр республикэм икIри а щIыналъэм кIуащ

Делегацэм хэтщ министерствэхэм, ведомствэхэм, сату-промышленнэ палатэм, хьэрычэт Iуэхур дэIыгъынымкIэ фондым, промышленностым, ухуэныгъэм, мэкъумэш хозяйствэм, сырьем елэжь ­IэнатIэм, курортымрэ туризмэмрэ я Iуэху­щIапIэхэм я унафэщIхэр, бизнесым и лIыкIуэхэр.

ЛIыкIуэхэр а щIыналъэм щыщыIэну лъэхъэнэм областым и IуэхущIапIэ инхэм еплъынущ, апхуэдэу лъэныкъуитIми я ­экономикэ, инвестицэ зэфIэкIхэр утыку къралъ­хьэнущ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Тулэ областым и губернаторымрэ я зэIущIэм щытеп­сэлъы­хьащ лъэныкъуитIми я сэбэп зыхэлъ Iуэху куэдым.

КIуэкIуэ Юрий Дюмин Алексей фIыщIэ хуищIащ КъБР-м и лIыкIуэхэр зэрыригъэблэгъам икIи хьэщIагъэ къазэрырихам папщIэ. Тулэ областым, жиIащ КIуэкIуэ Юрий, Урысейм и щIыналъэ нэхъ зызыу­жьахэм ящыщщ. Тулэ зыхъумэжыныгъэм телажьэ промышленнэ комплексым и предприятэ инхэр дэтщ, щIэупщIэшхуэ зиIэ, дуней псом къыщыщIагъэкIхэм ­фIагъкIэ къакIэрымыху продукцэ щагъэ­хьэзыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэм ирищэфынущ электроэнергетикэм къыщагъэсэбэп иджырей Iэмэпсымэхэр, налмэс Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, медицинэм къыщагъэсэбэп техникэр. ИджыпстукIэ областым ещэху рентген Iэмэ­псымэхэмрэ кабель продукцэмрэ. Ап­хуэдэу лъэныкъуитIыр зэдэлэжьэфынущ нэгъуэщI къэралхэм кърашхэм фIагъкIэ къакIэрымыху ерыскъыпхъэхэр къэлэ­жьынымкIэ. ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэ­лъынущ туризмэм зегъэужьыным, цIыху­хэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ курортхэмрэ санаторэхэмрэ къагъэсэбэпыным. Хэ­кIыпIэ инхэр щыIэщ Тулэ и промышленнэ компание инхэм я IуэхущIапIэхэр республикэм къыщызэIухынымкIэ.

Ди щIыналъэм и Iэтащхьэм къыхуэгъэ­зауэ губернаторым къыхигъэщхьэхукIащ: «Уэ уи унафэм щIэту нобэ Iуэху инхэр экономикэм, мэкъумэш хозяйствэм щызагъэфIагъэкI. Зыужьыныгъэм и хэкIыпIэ лъэщхэм ящыщщ туризмэр. Апхуэдэу ди дежкIэ дэIэпыкъуэгъу хъунущ лъэпкъ хабзэхэр хъумэным теухуауэ иджыпсту фиIэ лэжьэкIэр». Дюмин Алексей жиIащ зэдэ­лэжьэныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ-хэм ящыщу промышленнэ кооперацэр зэ­рыувыфынур, абы и лъэныкъуэкIэ КъБР-м щыIэ зэфIэкIхэри къэбгъэсэбэп зэрыхъунур. Губернаторым къигъэлъэгъуащ бизнесым, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, щIалэгъуалэ политикэм яхуэгъэзауэ лъэны­къуитIри зэщIыгъуу зэлэжьыфынухэр куэд зэрыхъур.

А махуэ дыдэм Iэ щIадзащ 2018 гъэм Сочэ щекIуэкIа Урысей инвестицэ зэхы­хьэ­шхуэм хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр ­Республикэмрэ Тулэ областымрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр гъэзэщIэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм. ЛъэныкъуитIми къагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Тулэ областымрэ яку дэлъ зэгурыIуэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ мы Iуэхум мыхьэ­нэшхуэ зэриIэнур.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.

12.11.2026 - 09:03

Бгъуэтыжынур пщIаращ

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ» – аращ зэ­реджэр анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щIэныгъэмрэ хъумэным, егъэфIэкIуэным, щIэб­лэр абыхэм щIэпIыкIыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI цIыху гуащIафIэхэр зыгъэлъапIэ къэрал саугъэтым

11.11.2026 - 10:01

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

11.11.2026 - 09:03

Iэсият и IэрыкI гъуэзэджэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ СэвкIуий Iэсият и Iэдакъэ­щIэкI лэжьыгъэхэм я гъэ­лъэ­гъуэныгъэ.