Псы фIей хъумапIэхэм я IэужьырБгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. Апхуэдэ зэхуэхьэсыпIэхэр километр зыбжанэкIэ фабрикэм пэжыжьэу щаухуэ. ЗэманкIэ щыта псы фIейр мэжабзэ, щIыр щIотIысыкIри. ИужькIэ абы псыр къыщхьэщахыжри, иджыри къагъэсэбэп, нэгъуэщI пкъыгъуэ гуэрхэр къыхахыж е ягъэкъабзэри псы ежэххэм хаутIыпщхьэж. Псы фIейр нэхъ псынщIэу жэбзэн папщIэ, коагулянтхэмрэ флокулянтхэмрэ къыщагъэсэбэп щыIэщ. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми хуэдэу, псы фIей хъумапIэхэр, егупсысауэ убгъэдыхьэмэ, кIэрыхубжьэрыху къэмынэу къэбгъэсэбэпыфынущ. Зэманыр кIуэху, технологиехэм заужьыху, промышленностым сэбэп щыхъуну IэмалыщIэхэр къегупсыс цIыхум. Апхудэу, псы фIейм улежьыжыным фейдэ щыпылъ, абы пкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхахыж къохъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псы фIей хъумапIэхэм зэранышхуэ щыпылъи щыIэщ. Псы фIейм зэрелъэжьыжым и пIалъэр ямыщIэу, зэгуэр яухуауэ щыта хъумапIэ игъущыкIыжахэм уэшхыпс, уэсыпс илъадэмэ, щхъухьыр зэрыщыту къеIэтыж. Абы и зэран, зэрымыщIэкIэ, цIыхумрэ унагъуэ псэущхьэхэмрэ зэрекIынури пщIэнукъым. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Закаменск къалэ дэт псы фIей хъумапIэхэр, зэгуэр Тырныауз щылэжьа вольфрам-молибден комбинатым и кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэри. Ди щIыналъэм и псы фIей хъумапIэр Бахъсэныпсымрэ Гижгитымрэ я Iуфэм деж щытщ икIи ар здэщыIэ щIыпIэр сейсмологхэм шынагъуэу къызэралъытэм къыхэкIыу, щIыуэпс насыпыншагъэ гуэр къызэрыхъуу щIы километр зэбгъузэнатIэ 35-м и зэран екIынущ, цIыху мелуани 2,5-м ефыкIынущ. КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм зэрыщыжаIэмкIэ, ди щIыналъэм и закъуэ мыхъуу, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ зыбжанэ къызэщIищтэнущ а Iуэхугъуэм. Комбинатыр лэжьэху кIэрыхубэжьэрыху тонн мелуан 25-рэ зэхуихьэсащ икIи абы цIыхум, щIыуэпсым зэран хуэхъункIэ хъуну пкъыгъуэ 30 хэлъщ. Илъэси I0-I2 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, Iуащхьэмахуэ куеймрэ Бахъсэнымрэ я зэпылъыпIэм деж щыIэ къуажэ цIыкIу зыбжанэм щыпсэу цIыхухэм лышх узыр яхуэлъэ хъуауэ къахутат. Ар къызыхэкIыр къахуэмыщIэу къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, а къуажэм щыпсэухэм я Iэщыр хъупIэ щыдахукIэ, комбинатым и псы фIей хъумапIэм инам хэфыурэ, узыншагъэмкIэ зэранышхуэ зыпылъ химие пкъыгъуэхэр гъэшым хэлъыу цIыхухэм яшхыу арат. Дызытепсэлъыхь хъумапIэхэм епха шынагъуэр зыхуэдэр къагуроуэ ди унафэщIхэм икIи а Iуэхугъуэ сом мелуан 43-рэ трагъэкIуэдэну зэгуэр траухуат. «20I2-20I7 гъэхэм щIыуэпсыр хъумэным», «Къэрал къабзэ» Iуэхухэм япкъ иткIэ, 20I7-20I8 гъэхэм къэрал бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 39,8-рэ, къанэр щIыналъэ мылъкум къыхахыу ди щIыуэпсыр зыхуей хуагъэзэнуи жаIат. КIэрыхубжьэрыху шынагъуэхэр гъэкIуэдыным ехьэлIа зэгурыIуэныгъэхэр УФ-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэращIылIауэ щытащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ. Мы Iуэхум и унафэр и чэзум умыгъэзащIэмэ, кърикIуэнкIэ хъунум и щапхъэщ 20I4 гъэм шыщхьэуIум и 4-м Канадэм къыщыхъуа насыпыншагъэр. Дыщэрэ жэзрэ къыщыщIах Маунт Поли щIыпIэм и псы фIей хъумапIэм и IущIапIэр къыIуиудщ, псы метр зэбгъузэнатIэ мелуан I7-рэ абы къыщIэтIысыкIа кIэрыхубжьэрыху метр зэбгъузэнатIэ мелуани 8-рэ бгым кърилъэсэхри, Iэгъуэблагъэм ит гуэлитIым хэлъэдат. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а къэхъугъэр Канадэм и щIыуэпсым зэран хуэхъуащ, абы и закъуэ мыхъуу, Маунт Поли щIыпIэм и экономикэм егуэуащ. Щыуагъэр щапхъэ зыхуэхъу, абы губзыгъагъэ хэзых щыIэщ. Дыгугъэнщ КъБР-м ди щIэныгъэлIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ абы дерс хахыу, щIыуэпсым хуэфащэ гулъытэ хуащIыну.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|