Спортым драгъэхьэх, япсыхь

Налшык къалэ и «Кавказ» ­санаторэм зыщызыгъэпсэху ­ныбжьыщIэхэм папщIэ, «Зарядись энергией с Росгвардией» акцэм хыхьэу, Звезднэ посёлкэм щыIэ дзэ частым щрагъэкIуэкIащ спорт Iуэхухэр.

 

Урысей гвардием хэтхэм ­ныбжьыщIэхэм папщIэ ягъэ­хьэзы­рат куэд къызэщIэзыубы­-дэ программэ гъэщIэгъуэн; эстафетэхэр, я къарумрэ зэфIэ­кIымрэ щагъэлъагъуэ ­зэпеуэхэр. ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу спортсмен ныбжьы­щIэхэр хыхьащ зэхьэзэхуэхэм. Абы хэтащ сабий 40-м щIигъу.

- Мы Iуэхур хуэгъэпсащ къыт­щIэхъуэ щIэблэм я узыншагъэр гъэбыдэным, физкультурэмрэ спортымрэ зегъэубгъуным. НыбжьыщIэхэм яхэтщ Урысей гвардием и сатырхэм хыхьэну гупыж зыщIахэри, - жиIащ прапорщик Воробьёв Анатолий.

ЗэIущIэм и кIэухыу сабийхэм Урысей гвардием хэтхэм фIыщIэ хуащIащ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэ­хуэхэм папщIэ икIи къыхагъэщащ мыгувэу зэхуэзэну зэрыщыгугъыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.